YouVersion Logo
Search Icon

1 Петр 4

4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм хуэдэу фымыпсэу
1Аращи, Мэссихь и пкъымкӀэ гугъуехь зэришэчам щхьэкӀэ фэри абы и гупсысэкӀэкӀэ фигу вгъэбыдэн хуейщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зипкъкӀэ гугъуехь зышэчар гуэныхь Ӏуэху хэтыжкъым. 2Абы къыхэкӀкӀэ, мы дунейм щыдгъэщӀэну къытхуэнэжа пӀалъэм цӀыхухэр зыщӀэхъуэпс Ӏуэху нэпцӀхэм дыдахьэхауэ дымыпсэууэ, Тхьэр зыхуейм дытету дывгъэпсэу. 3Тхьэр зымыщӀэ цӀыхухэм я псэукӀэм хуэдэу, фэри пасэрей зэманым фызэрыпсэууэ щытар куэдкъэ? МыхъумыщӀэ псэукӀэм зефтурэ фыпсэуащ, хъуэпсэныгъэ фӀейхэм фыкърашэкӀыу щытащ, удэфэнми ефэ-ешхэми щхьэрутӀыпщу фыхэтащ. Тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным фыхэтащ. 4Абыхэм я псэукӀэ мыхъумыщӀэу гъунэ зимыӀэмкӀэ иджы гъусэ фазэрыхуэмыхъум щхьэкӀэ ягъэщӀагъуэ икӀи къыфхущӀоджэ. 5Ауэ псэухэми лӀахэми хьэкум ятезыщӀыхьыну Тхьэм жэуап иратын хуейщ абыхэм куэд дэмыкӀу. 6Мэссихь лӀахэми#4:6 лӀахэми – еплъ 1 Петр 3:19 хъыбарыфӀыр#4:6 хъыбарыфӀыр – еплъ 1 Петр 1:12. яхуиӀуэтащ. Ахэр мы дунейм щытетым, хьэкум ятрищӀыхьащ Тхьэм, цӀыху псоми зэратрищӀыхьым хуэдэу. Мэссихь хъыбарыфӀыр щӀахуиӀуэтар лӀахэм, Тхьэр зэрыпсэум хуэдэу, ахэри псэун щхьэкӀэщ.
7Ауэ щыӀэ псоми я кӀэухыр къэблэгъащ. Аращи, Тхьэм фелъэӀуфын щхьэкӀэ, зэхэщӀыкӀи зышыӀэныгъи зивгъэӀэ. 8Псом япэрауэ фи фӀэщу фӀыуэ фызэрылъагъу, фӀылъагъуныгъэм гуэныхь куэд егъэгъури. 9Фымытхьэусыхэу зыр зым вгъэхьэщӀэ. 10Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуэу лъэкӀыныгъэ Ӏэджэу фи Ӏэм кърилъхьам ирикъуу фрилажьэурэ, Тхьэм хэти и Ӏэм кърилъхьа лъэкӀыныгъэхэмкӀэ и фӀагъ адрейхэм ярырегъэкӀыж. 11Псалъэ жызыӀэм Тхьэм деж къикӀ псалъэхэр къыжреӀэж. Зи сэбэп цӀыхухэм езыгъэкӀым Тхьэм къару къритымкӀэ и сэбэп ирегъэкӀ. Ар фщӀэмэ, Хьисэ Мэссихь фи гум зэрилъым щхьэкӀэ фщӀэ псомкӀэ цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуевгъэщӀынущ. МыкӀуэдыжын щӀыхьышхуэри лъэкӀыныгъэшхуэри абы ейщ. Ӏэмин.
Мэссихь и гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ гугъуехь фшэчынущ
12ФӀыуэ слъагъухэ, фи щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехьышхуэу фшэчыр#4:12 фи щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехьышхуэу фшэчыр – Мэссихь и гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ гугъуехьу фшэчыращ. фымыгъэщӀагъуэ икӀи къывэуалӀэр гъэщӀэгъуэн къыфщремыхъу. 13Мэссихь ишэча гугъуехьхэмкӀэ Ӏыхьэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ фыгуфӀэ, Мэссихь щӀыхьышхуэ иӀэу къыщылъэгъуэну махуэм гуфӀэгъуэшхуэ фиӀэнущи. 14Мэссихь и цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ цӀыхухэр къыфхуэхъущӀэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу щӀыхьышхуэ зиӀэр фи гъусэщи. 15Фщыщ гуэрым гугъуехь ишэч хъумэ, щӀишэчыр е цӀыху укӀынкӀэ, е дыгъуэнкӀэ, е бзаджэщӀагъэкӀэ, е и Ӏуэху зыхэмылъым зэрыхэӀэбэм къыхэкӀу иремыхъу. 16Ауэ Мэссихь и гъуэгу зэрырикӀуэм щхьэкӀэ зыгуэрым гугъуехь ишэчмэ, иремыукӀытэ, Мэссихь и гъуэгу ирикӀуэхэм зэращыщым щхьэкӀэ, Тхьэм щӀыхь хурырещӀ. 17Тхьэм езым и бынхэм хьэкум трищӀыхьыну щиублэну зэманыр къэсащ. ИкӀи и хьэкумщӀэныр япэщӀыкӀэ дэркӀэ къиублэмэ, Тхьэм и хъыбарыфӀым емыдаӀуэхэм сыт къащыщӀынур?
18«Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр
ерагъкӀэ мыкӀуэду къелмэ,
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэми
гуэныхь зыщӀэхэми я Ӏуэху дауэ зэрыхъунур»?#4:18 щыпкъагъэ … я Ӏуэху зэрыхъунур – еплъ Сэлмэн пащтыхьым и псалъэжьхэм (Притчи) 11:31.
19Аращи, Тхьэр зыхуейм тету гугъуехь зышэчхэм Тхьэуэ ахэр къэзыгъэщӀауэ узыщыгугъын хуейм и ӀэмыщӀэ зрыралъхьи, фӀы ирыращӀэ.

Currently Selected:

1 Петр 4: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in