YouVersion Logo
Search Icon

1 Кор. 3

3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэм дызэгъусэу дыхуолажьэ
1Си къуэшхэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхухэм сазэрепсалъэм хуэдэу, сынывэпсэлъэн слъэкӀыртэкъым, ауэ мы дунейм и цӀыхухэм сазэрепсалъэм хуэдэу сынывэпсалъэрт. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь и ӀуэхугъуэхэмкӀэ сабий цӀыкӀухэм фахуэдэт. 2Сэ шхын фэзгъэшхтэкъым, ауэ шэ фезгъафэрт. Шхын фшхын флъэкӀыртэкъым, иджыри флъэкӀыркъым. 3Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэщ иджыри. Фыгъуэнымрэ зэщыхьэнымрэ фяку щыдэлъкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэкъэ? Адрей цӀыхухэр зэрыщыт хабзэм хуэдэу, фэри фыщыткъэ? 4Фщыщ гуэрым «Сэ Паул и гупым сыщыщщ», нэгъуэщӀ гуэрми «Сэ Аполлос и гупым сыщыщщ», щыжиӀэкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм фахуэдэкъэ?
5Паул хэт щыщ? Аполлос хэт щыщ? ФӀэщхъуныгъэ фиӀэ зыщӀа, Тхьэм хуэлажьэ цӀыхуу дыщыта къудейщ, Зиусхьэным дэ тщыщ дэтхэнэми и пщэм къызэрыдилъхьа Ӏуэхум хуэдэу. 6Сэ жылэхэр хэссащ, Аполлос псы щӀигъэлъэдащ, ауэ Тхьэращ къэзыгъэкӀар. 7Аращи, жылэхэр хэзысэми псыр щӀэзыгъэлъадэми пщӀэ яӀэкъым, щӀыхьышхуэ зиӀэр къэзыгъэкӀа Тхьэ закъуэрщ. 8Жылэхэр хэзысэри псыр щӀэзыгъэлъадэри зэхуэдэщ. Хэти и Ӏуэхум пэкӀуэ и Ӏыхьэр игъуэтынущ. 9Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дэ дызэгъусэу Тхьэм дыхуолажьэ. Фэ Тхьэм и хьэсэм фыхуэдэщ, Тхьэм иухуэ унэм фыхуэдэщ.
10Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуам тету, акъылыфӀагъэ зиӀэ ухуакӀуэм хуэдэу, а унэм лъабжьэ хуэзгъэуващ. НэгъуэщӀ гуэрым а лъабжьэм унэ трещӀыхь. Ауэ дэтхэнэ зыри а лъабжьэм унэ зэрытрищӀыхь щӀыкӀэм фӀыуэ иреплъ. 11Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм игъэува лъабжьэр Хьисэ Мэссихьщ. Абы фӀэкӀа нэгъуэщӀ лъабжьэ зыми игъэувын лъэкӀынукъым. 12А лъабжьэм унэ тезыщӀыхьым къигъэсэбэпыр дыщэрами, дыжьынырами, мывэ лъапӀэхэрами, пхъэрами, удзыр е хьауазэрами, 13хэти и Ӏуэхур зыхуэдэр нахуэ хъунущ, Зиусхьэныр къыщылъэгъуэжыну махуэм ар къигъэнэхуэнущи. А махуэр мафӀэм и щӀыгъуу къэкӀуэнущ, мафӀэм хэт и лэжьыгъэри зыхуэдэр къигъэнэхуэнущ. 14А лъабжьэм зыгуэрым трищӀыхьар къелымэ, абы хуэфащэ ӀыхьэфӀыр игъуэтыжынущ. 15Ауэ а лъабжьэм зыгуэрым трищӀыхьар мафӀэм исмэ, абы и Ӏыхьэри дэкӀуэдынущ. Езыр мыкӀуэду къелынущ, ауэ къызэрелынур мафӀэм къыхэкӀыж цӀыхур къызэрелынум хуэдэущ.
16Тхьэм и унэшхуэм фызэрыхуэдэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гум зэрилъри фщӀэркъэ? 17Тхьэм и унэшхуэр зыгуэрым зэхикъутэмэ, Тхьэм а цӀыхур игъэкӀуэдынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и унэшхуэр лъапӀэщи. А унэшхуэр фэращ.
18Зыми и щхьэ къремыгъэпцӀэж. Фэ фщыщ гуэрым мы лъэхъэнэм акъылыфӀагъэ иӀэу зилъытэжмэ, акъылыфӀагъэ имыӀэу ирехъу, акъылыфӀагъэ пэж иӀэн щхьэкӀэ. 19Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мы зэманым и цӀыхухэм акъылыфӀагъэу жыхуаӀэр Тхьэм дежкӀэ делагъэщ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#3:19 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Ӏэиуб бегъымбарым и хъыбар зэрыт тхылъым (Иов) 5:13. «АкъылыфӀагъэ зиӀэхэр я акъылыфӀагъэ жыхуаӀэмкӀэ Тхьэм иубыдынущ». 20Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэуи яхэтщ:#3:20 Тхьэм и псалъэ тхахэм … яхэтщ – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 93:11. «АкъылыфӀагъэ зиӀэхэм я гум илъхэм пщӀэ зэрамыӀэр Зиусхьэным ещӀэ». 21Аращи, хэти цӀыху гуэрым щремытхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ псори фыфейщи. 22Паули, Аполлоси, Кифэ,#3:22 Кифэ – еплъ 1:12. дунейри, гъащӀэри, лӀэныгъэри, иджы щыӀэри щыӀэнури фыфейщ. 23Ауэ фэ Мэссихь фрейщ, Мэссихьи Тхьэм ейщ.

Currently Selected:

1 Кор. 3: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in