1 Кор. 2
2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мэссихь жорым зэрыкӀэрылӀыхьам и хъыбар
1Тхьэм теухуа щыхьэтыгъэр къыфхуэсӀуэтэну фи деж сыныщыкӀуэм, си къуэшхэ, псалъэ дахэхэр жысӀэурэ, акъылыфӀагъэкӀи сынывэпсалъэурэкъым а хъыбарыр зэрыфхуэсӀуэтар. 2Фи деж сыщыщыӀэм, Хьисэ Мэссихь и хъыбарым фӀэкӀа зыри сымыщӀэным тезубыдащ, псом япэу сщӀэр езыр жорым зэрыраӀулӀарщ. 3Къару симыӀэу, сышынэу, сигури ину къикӀэзызыкӀыу фи деж сыщыӀащ. 4КъыжысӀахэмрэ хъыбару къыфхуэсӀуэтахэмрэ яхэтакъым цӀыхум и акъылыфӀагъэр яӀэу, фи фӀэщ зыгъэхъун псалъэхэр, ауэ си псалъэхэр къигъэпэжу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и къарур яӀэт. 5Апхуэдэу щӀэхъуар фи фӀэщхъуныгъэр цӀыхум и акъылыфӀагъэм темыщӀыхьауэ, Тхьэм и лъэкӀыныгъэм тещӀыхьауэ щытын щхьэкӀэщ.
Тхьэм и акъылыфӀагъэр
6Апхуэдэу щытми, акъылыфӀагъэ зыхэлъ хъыбару Тхьэм и ӀуэхухэмкӀэ гурыӀуэныгъэ нэгъэса зиӀэ цӀыхухэм яхуэтэӀуатэ. Ау а акъылыфӀагъэр мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэу#2:6 мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэхэр – жин бзаджэхэм едаӀуэ цӀыхухэмкӀэ дунейм тепщэныгъэ хузиӀэхэр арщ. Еплъ Ефес 6:12; Кол. 1:16. кӀуэдыжынухэм я акъылыфӀагъэр аракъым. 7Зи хъыбарыр къэтӀуатэр Тхьэм и акъылыфӀагъэу щэхуу щытыр арщ. Тхьэм а акъылыфӀагъэр цӀыхухэм яримыгъэщӀауэ щытащ, ауэ лъэхъэнэ псоми япэу Тхьэм зэриухам тету, а акъылыфӀагъэм и гъуэгукӀэ щӀыхьышхуэ диӀэ хъунущ. 8Мы зэманым тепщэныгъэ зиӀэхэм ящыщ зыми а акъылыфӀагъэр къищӀакъым. Абыхэм къащӀатэмэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ Зиусхьэныр#2:8 щӀыхьышхуэ зиӀэ Зиусхьэныр – Тхьэм и хьэл-щэнри и къаруушхуэри къэзыгъэлъагъуэ Мэссихьырщ. жорым ираӀулӀынтэкъым. 9Ауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#2:9 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 64:4.
«Зы ни илъэгъуакъым,
зы тхьэкӀуми зэхихакъым,
зы цӀыхуи игу къэкӀакъым
Тхьэм езыр фӀыуэ зылъагъу
цӀыхухэм яхуигъэхьэзырар».
10А Ӏуэхухэр Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ дэ къытхуигъэнэхуащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху псори егъэунэху, ар Ӏуэхухэм я кууупӀэхэми ялъоӀэс. 11ЦӀыхум игу илъыр езым фӀэкӀа нэгъуэщӀ цӀыхухэм ящыщу хэт зыщӀэр? Апхуэдабзэу, Тхьэм и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фӀэкӀа зыми зэхищӀыкӀыркъым. 12Ауэ Тхьэм ди гум кърилъхьа псэр мы дунейм и псэракъым, атӀэ езым и Псэ ЛъапӀэр арщ, Тхьэм къыдита тыгъэхэр зэхэтщӀыкӀын щхьэкӀэ. 13Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зигу илъ цӀыхухэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и Ӏуэхур зэхедгъэщӀыкӀыурэ, Тхьэм къыдита тыгъэхэм ятеухуауэ допсалъэ, ауэ жытӀэр цӀыхум и акъылыфӀагъэм дигъэщӀа псалъэхэр аркъым, атӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм дигъэщӀа псалъэхэр арщ. 14Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум имылъ цӀыхум Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм деж къикӀ Ӏуэхухэр идэркъым. Ахэр абы фӀэделагъэщ, зэхищӀыкӀыни лъэкӀынукъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэ закъуэрщ цӀыхухэм ахэр зэхезыгъэщӀыкӀыфынур. 15Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъ цӀыхум Ӏуэху псори зэхещӀыкӀ, ауэ а цӀыхур зыми зэхищӀыкӀын лъэкӀынукъым.
16«Зиусхьэным и гум илъыр хэт
къэзыщӀар, ар зыгуэр хуигъэӀущыну?»#2:16 Зиусхьэным … хуигъэӀущыну – Еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 40:13.
Мэссихь и гум илъыр дэ дигуми илъщ.
Currently Selected:
1 Кор. 2: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: