1 Кор. 16
16
16-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Коринф дэс цӀыхухэм Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм папщӀэ зэхуахьэса ахъшэр
1Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм папщӀэ зэхуэфхьэс ахъшэм теухуауэ мыр нывжызоӀэ. Галатие хэкум#16:1 Галатие хэкур – Рим къэралыгъуэшхуэм щыщ хэкуу щытащ. А хэкур иджырей Тыркум и дыгъэ къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэм итащ. щыӀэ члисэ зэхуэсхэм ящӀэну зэражесӀам хуэдэу, фэри фщӀэ: 2Къилэжьам къыхэкӀауэ Ӏыхьэ гуэр тхьэмахуэм и япэрей махуэ къэс зэхурехьэси, хэти ирегъэтӀылъ. Сэ сынэкӀуа нэужь, зэхуэвмыхьэсын щхьэкӀэ, апхуэдэу фщӀэ. 3Сэ сынакӀуэмэ, фэ къыхэфха къуэшхэм тхылъ естынущ, фи тыгъэр здезгъэхьынурэ, Ерусалим згъэкӀуэнущ. 4Сэри сыкӀуэну къезэгъыу къэтлъытэмэ, ахэр си гъусэу нэкӀуэнущ.
Паул и мурадхэр
5Македоние хэкум#16:5 Македоние хэкур – Рим къэралыгъуэшхуэм щыщ хэкуу щытащ. А хэкур иджырей Грецием и ищхъэрэ лъэныкъуэм итащ. сыкӀуэцӀрыкӀа нэужь, фи деж сынэкӀуэнущ, Македоние хэкум сыкӀуэцӀрыкӀыну сигу илъщи. 6Фи деж тэлайкӀэ зыщысӀэжьэнкӀэ, е щӀымахуэр щизхынкӀэ хъунущ. Дэнэ сыкӀуэу щытми, си гъуэгумкӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыкъысхуэхъунущ. 7ИджыпстукӀэ кӀуэрыкӀуэм тету фыслъагъуу, фи къалэм сыблэкӀыну сыхуейкъым, ауэ Зиусхьэным жиӀэмэ, фи деж зыкъомрэ сыкъэнэн си гугъэщ. 8Пэнтэкост махуэшхуэм#16:8 Пэнтэкост махуэшхуэр – еплъ Апостол. 2:1. нэсыху Ефес къалэм сыкъыдэнэнущ, 9сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ куэбжэшхуэ икӀи куэбжэ бгъуфӀэ Тхьэм къысхузэӀуихащ, къыспэувхэри куэдщ.
10Тимофей#16:10 Тимофей – еплъ 4:17. накӀуэмэ, фи деж шынагъуэ щыхэвмыгъахуэ. Сэ схуэдэу, абыи Зиусхьэным и Ӏуэху ещӀэ. 11Зыми нэмыплъ кърыремыт. Арэзыуэ си деж къэкӀуэжыну и гъуэгукӀэ дэӀэпыкъуэгъу фыхуэхъу. Къуэшхэр си гъусэу сыпоплъэ.
12Ди къуэш Аполлос#16:12 Аполлос – еплъ 1:12. теухуауэ мыр нывжызоӀэ. Къуэшхэм я гъусэу фи деж нэкӀуэну куэду селъэӀуащ. Ауэ иджыпстукӀэ нэкӀуэну хуеякъым. И Ӏуэху щрихьэлӀэ, нэкӀуэнущ.
Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр
13Фымыжейуэ фысакъ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум фытемыкӀ, лӀыгъи быдагъи зыхэвгъэлъ. 14ФщӀэ псори фӀылъагъуныгъэкӀэ фщӀэ.
15Си къуэшхэ, зыгуэркӀэ сыныволъэӀу. ЗэрыфщӀэщи, Ахаие хэкум#16:15 Ахаие хэкур – Рим къэралыгъуэшхуэм щыщ хэкуу щытащ. Ар иджырей Грецием и ипщэ лъэныкъуэм итащ. ис цӀыхухэм щыщу Стефан и унагъуэр арщ япэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуар. Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм ядэӀэпыкъуным зратащ абыхэм. 16СыныволъэӀу, апхуэдэ цӀыхухэми, абыхэм ядэлажьэхэми, я гъусэ гугъуехьакӀуэхэми фахуэӀурыщӀэ. 17Стефан, Фортунат, Ахаик сымэ си деж къыщыкӀуам сыгуфӀащ. Мыбы фэ фызэрыщымыӀэм къыхэкӀкӀэ фи пӀэ иуващ ахэр. 18Абыхэм сэ сигури фэ фигури ягъэпсэхужащ. Апхуэдэ цӀыхухэм щӀыхь яхуэфщӀ.
19Асие хэкум#16:19 Асие хэкур – Рим къэралыгъуэшхуэм щыщ хэкуу щытащ. Ар иджырей Тыркум и къухьэпӀэ лъэныкъуэм итащ. Асие хэкум и къалэшхуэу щытар Ефесщ. щыӀэ члисэ зэхуэсхэм фӀэхъус къывахыж. Зиусхьэныр фэ фи псэми абыхэм я псэми зэрыщыщым щхьэкӀэ, Акилэрэ Прискиллэрэ#16:19 Акилэрэ Прискиллэрэ – чыристан зэлӀзэфызу, Паул и ныбжьэгъушхуэу икӀи гъусэу щытт. Еплъ Апостол. 18:1-19. фӀэхъус къывахыж. Абыхэм я унэм щызэхуэс члисэ зэхуэсым щыщхэми гухуабагъэкӀэ фӀэхъус къывахыж. 20Къуэш псоми фӀэхъус къывахыж. ГукъабзагъэкӀэ ӀэплӀэ зэфшэкӀыурэ, фӀэхъус зэфх.
21Сэ, Паул, си ӀэкӀэ си фӀэхъусыр фызох.
22Зиусхьэныр фӀыуэ зымылъагъум Тхьэм и нейр къыщрехуэ. Маранафэ.#16:22 Маранафэ – абы къикӀыр: «Зиусхьэныр щӀэхыу кърекӀуэж».
23Ди Зиусхьэну Хьисэ и нэфӀ къыфщрехуэ.
24Мэссихь Хьисэ фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сэ фэ псори фӀыуэ фызолъагъу. Ӏэмин.
Currently Selected:
1 Кор. 16: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017