YouVersion Logo
Search Icon

1 Кор. 13

13
13-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀылъагъуныгъэр
1ЦӀыхухэмрэ мелыӀычхэмрэ я бзэхэмкӀэ сыпсалъэрэ, фӀылъагъуныгъэ сигу имылъмэ, жьгъыру макъ зыпыӀукӀ гъуаплъэм е макъ гуемыӀу зыгъэӀукӀ уэзджынэм сыхуэдэщ. 2Тхьэм езым и псалъэхэр си гум кърилъхьэурэ, ахэр жысӀэну лъэкӀыныгъэ къызитауэ сиӀэми, щэху псори сщӀэми, щӀэныгъэ псори сиӀэми, бгыхэр нэгъуэщӀ щӀыпӀэм згъэӀэпхъуэфыну фӀэщхъуныгъэ сиӀэми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, сэ сызырикӀщ. 3СиӀэ хъуа псори зимыӀэхэм естми, си пкъыр мафӀэкӀэ ягъэсыну цӀыхухэм естми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, абы фӀагъ къысхухэкӀынукъым.
4ФӀылъагъуныгъэм шыӀэрэ гущӀэгъурэ иӀэщ. ФӀылъагъуныгъэр фыгъуэркъым, зыщытхъужыркъым икӀи зыкъыфӀэщӀыжыркъым. 5ФӀылъагъуныгъэм хабзэншагъэ зэрихьэркъым, езым и щхьэм и фӀагъ къилъыхъуркъым, зигъэгусэркъым, бзаджагъэми егупсысыркъым. 6ФӀылъагъуныгъэр бзаджагъэм щыгуфӀыкӀыркъым, щыпкъагъэрщ зыхуэгуфӀэр. 7ФӀылъагъуныгъэм мыхъумыщӀэ псори егъэгъу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэщ сыт щыгъуи, Тхьэм щогугъ сыт щыгъуи, шыӀэ иӀэщ сыт щыгъуи.
8ФӀылъагъуныгъэр зэи кӀуэдыжынукъым. Тхьэм езым и псалъэхэр цӀыхухэм я гум кърилъхьэурэ, цӀыхухэм ахэр яӀуэтэн пачынущ. ЦӀыхухэм ямыщӀэ бзэхэмкӀи псэлъэн щагъэтыжынущ. ЩӀэныгъэри кӀуэдыжынущ. 9Апхуэдэу щӀэхъунур ди щӀэныгъэр нэгъэсауэ зэрыщымытыр арщ, Тхьэм езым и псалъэхэр цӀыхухэм я гум кърилъхьэурэ, цӀыхухэм ахэр зэраӀуэтэжри нэгъэсауэ зэрыщымытыр арщ. 10Нэгъэса Ӏуэхур къыщыкӀуэкӀэ, нэмыгъэса Ӏуэхур кӀуэдыжынущ. 11Сабийуэ сыщыщытам, сабийм хуэдэу сыпсалъэрт, сабийм хуэдэуи сыгупсысэрт икӀи сабийм и зэхэщӀыкӀэм хуэдэт си зэхэщӀыкӀыр. Ауэ балигъ сыщыхъум, а сабиигъэр къызэзнэкӀащ. 12Ӏуэху псори ӀупщӀу уэзымыгъэлъагъу гъуджэм#13:12 гъуджэ – пасэм гъуджэхэр металл лыдым къыхэщӀыкӀауэ зэрыщытам щхьэкӀэ абыхэм къарыщ пкъыгъуэхэр мыӀупщӀу къагъэлъагъуэу щытащ. диплъэм хуэдэщ иджыпстукӀэ, ауэ а махуэ гъэувам псори ӀупщӀу тлъагъунущ, ди пащхьэ ит цӀыхур ӀупщӀу зэрытлъагъум хуэдэу. Си щӀэныгъэр нэгъэсауэ щыткъым иджыкӀэ, ауэ а махуэм псори сщӀэнущ, Тхьэм щыпкъэу сызэрищӀэм хуэдэу.
13Аращи, мы Ӏуэхуищыр мыкӀуэдыжынщ: фӀэщхъуныгъэр, Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дызэрыщыгугъыр, фӀылъагъуныгъэр. Абыхэм ящыщу нэхъ иныр фӀылъагъуныгъэр арщ.

Currently Selected:

1 Кор. 13: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in