YouVersion Logo
Search Icon

1 Кор. 11

11
11-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Мэссихь и лъэужьым сызэрырикӀуэм хуэдэу, фэри си лъэужьым фрикӀуэ.
Тхьэм щелъэӀукӀэ, цӀыхубзхэм я щхьэхэм ӀэлъэщӀ трапхъуэн хуейщ
2ЖысӀа псори фи гум къызэрывгъэкӀыжым щхьэкӀи, фэзгъэщӀа Ӏуэхухэм фызэратетым щхьэкӀи фӀыщӀэ фхузощӀ.
3Мыр фщӀэну сыхуейщ: Дэтхэнэ лӀыми и щхьэр Мэссихьщ, дэтхэнэ фызми и щхьэр и лӀырщ, Мэссихь и щхьэри Тхьэр арщ. 4Дэтхэнэ цӀыхухъуу зи щхьэм ӀэлъэщӀ тезыпхъуауэ Тхьэм елъэӀуми, е Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьауэ ахэр къыжызыӀэми и щхьэр егъэпудыж.#11:4 и щхьэр егъэпудыж – Мэссихьрэ езым и щхьэрэ егъэпудыж. 5Апхуэдэу, дэтхэнэ цӀыхубзу Тхьэм щхьэпцӀэу елъэӀуми, е Тхьэм езым и псалъэхэр зи гум кърилъхьауэ ахэр къыжызыӀэми и щхьэр егъэпудыж, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыхубзым и щхьэр упсам хуэдэщи.#11:5 и щхьэр упсам хуэдэщ – псэжьхэм я щхьэцыр паупщӀыну я хабзэу щытт. 6ЦӀыхубз гуэрым и щхьэм ӀэлъэщӀ трипхъуэну хуэмеймэ, и щхьэцыр преупщӀыж. Ауэ и щхьэц пиупщӀыныр е и щхьэр иупсыныр цӀыхубзымкӀэ емыкӀуу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ и щхьэм ӀэлъэщӀ трырепхъуэ. 7ЦӀыхухъум щхьэм ӀэлъэщӀ трипхъуэн хуейкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухъур Тхьэм и теплъэм хуэдэщ икӀи Тхьэм и щӀыхьышхуэр къегъэлъагъуэ. Фызым и лӀым и щӀыхьышхуэр къегъэлъагъуэ. 8ЦӀыхухъур цӀыхубзым къыхэкӀакъым, атӀэ цӀыхубзыр цӀыхухъум къыхэкӀащ. 9Тхьэм цӀыхухъур цӀыхубзым къыхуигъэщӀакъым, атӀэ цӀыхубзырщ лӀым къыхуигъэщӀар. 10Аращи, лӀым и тепщэныгъэм фызыр зэрыщӀэтым и нэщэнэу икӀи мелыӀычхэм щхьэкӀэ#11:10 мелыӀычхэм щхьэкӀэ – члисэ зэхуэсхэм щыщхэр екӀуу икӀи зэгъэзэхуауэ Тхьэм зэрелъэӀуным я нэӀэр трагъэтыну зи пщэм дэлъ мелыӀычхэрщ, е мелыӀыч бзаджэу цӀыхубзхэм щӀэхъуэпсхэр арщ. и щхьэм ӀэлъэщӀ трырепхъуэ.
11Апхуэдэу щыт пэтми, дэркӀэ, Зиусхьэныр зи гум илъ цӀыхухэмкӀэ, цӀыхубзыр цӀыхухъум епхауэ щытщ, цӀыхухъури цӀыхубзым епхауэ щытщ. 12ЦӀыхубзыр цӀыхухъум къызэрыхэкӀам хуэдэу, цӀыхухъури цӀыхубзым къыхокӀ, ауэ Ӏуэху псори къызыбгъэдэкӀыр Тхьэращ. 13Фэри фегупсыс: ЦӀыхубзым и щхьэм ӀэлъэщӀ тримыпхъуауэ Тхьэм елъэӀуныр емыкӀукъэ? 14ЦӀыхум игукӀэ ищӀэркъэ цӀыхухъум и щхьэц кӀыхьмэ, зэремыкӀур, 15ауэ цӀыхубзым и щхьэцыр кӀыхьмэ, къызэрекӀур? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм цӀыхубзым щхьэц кӀыхь къритащ, щхьэтепхъуэ папщӀэу 16Мы ӀуэхумкӀэ зыгуэр къыдэныкъуэкъуну хуеймэ, дэри Тхьэм и члисэ зэхуэсхэми нэгъуэщӀ хабзэ зэрыдимыӀэр ирырещӀэ.
Зиусхьэным и пщыхьэщхьэшхэр
(Маттэ 26:26-29; Марк 14:22-25; Лука 22:14-20)
17Мы унафэхэр щыфхуэсщӀкӀэ, сыфщытхъун слъэкӀынукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фызэрызэхуэсым фӀы къыхэкӀыркъым, атӀэ къыхэкӀыр Ӏейщ. 18Япэрауэ, члисэм фыщызэхуэсмэ, гуп-гупрэ фызэрызэхэкӀыр зэхызох. Зы лъэныкъуэкӀи ар си фӀэщ мэхъу. 19Гуп-гупурэ фызэхэкӀын хуейщ, фэ фщыщу щыпкъагъэр зигу илъхэр нахуэ хъун щхьэкӀэ. 20Абы нэмыщӀ, фышхэну фыщызэхуэскӀэ, Зиусхьэным и пщыхьэщхьэшхэракъым фшхыр. 21Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фышхэ щыхъукӀэ, зыр адрейм пэмыплъэу, шхэн щӀыводзэ. Апхуэдэу, зыр ныбэнэщӀу къонэ, адрейр чэф мэхъури мэудафэ. 22Фыщышхэн икӀи фыщефэн унэхэр фиӀэкъэ? Е Тхьэм и члисэ зэхуэсыр зэвмыпэсу, зыри зимыӀэр вгъэукӀытэну ара? Сыт нывжесӀэнур? Сыфщытхъун? Хьэуэ, сыфщытхъунукъым.
23Мы къыфхуэзгъэнэхуа Ӏуэхухэр езы Зиусхьэным къысхуигъэнэхуащ. Зиусхьэныр тепщэныгъэ зиӀэхэм щаӀэщӀыхьа жэщым щӀакхъуэр къищтэщ, 24Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀу, зэгуищӀыкӀри къыжиӀащ: «Мы щӀакхъуэр, фӀагъ къыфхудэкӀуэн щхьэкӀэ, сипкъ зэгуэщӀыкӀынуращ. Фигу сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, мы щӀакхъуэр фшхы». 25Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым, Зиусхьэным фалъэр къищтэри, жиӀащ: «Мы фалъэм ит санэр Тхьэм езымрэ фэрэ фяку къыдилъхьэ зэгурыӀуэныгъэщӀэращ. А зэгурыӀуэныгъэщӀэр зыгъэщыпкъэр сэ жорым щысщӀэкӀыну лъыращ. Мы санэм фефэн хъумэ, фигу сыкъэвгъэкӀыжын щхьэкӀэ, фефэ». 26Зиусхьэныр къэкӀуэжыху, мы щӀакхъуэр фшхын хъуми, мы фалъэм итым фефэн хъуми, Зиусхьэныр зэрылӀам и хъыбарыр абыкӀэ фӀуатэу арщ.
27Аращи, хэт хуэмыфащэу Зиусхьэным и щӀакхъуэр ишхми, е абы и фалъэм итым ефэми, Зиусхьэным и пкъымрэ и лъымрэ дежкӀэ гуэныхь ищӀауэ къуаншэ мэхъу. 28Хэти езым игу илъыр ирегъэунэхуж, итӀанэ щӀакхъуэр ирешхи, фалъэм итми ирефэ. 29ЩӀакхъуэр Зиусхьэным зэрипкъыр зэхимыщӀыкӀыу, хуэмыфащэу ар зышхыу икӀи санэм ефэм зэришхымкӀи зэрефэмкӀи къуаншэ мэхъу. 30Абы щхьэкӀэ къару зимыӀэу икӀи сымаджэу цӀыху куэд къыфхэтщ, лӀахэри мащӀэкъым. 31Дэ зыдгъэунэхужауэ щытамэ, Тхьэм апхуэдэу дигъэпшынэнутэкъым. 32Ауэ мы зэманым Зиусхьэным хьэкум къыщыттрищӀыхькӀэ, дызрегъэдаӀуэ, дунейм и цӀыхухэм дащӀыгъуу дэри къуаншэ дымыхъун щхьэкӀэ.
33Аращи, си къуэшхэ, фышхэн щхьэкӀэ фызэхуэсмэ, зыр зым преплъэ. 34Зыгуэр мэжалӀэ хъумэ, и унэм щрешхэ, фыщызэхуэсам деж къуаншэ фымыхъун папщӀэ.
СынакӀуэмэ, адрей Ӏуэхухэм я унафэр сщӀынущ.

Currently Selected:

1 Кор. 11: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in