YouVersion Logo
Search Icon

1 Кор. 10

10
10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Тхьэ нэпцӀхэм защыфхъумэ
1Си къуэшхэ, ди адэжьхэр Мусэ бегъымбарым и гъусэу, уафэпшэр#10:1 уафэпшэр – еплъ 2 Мусэ 13:21-22. пашэ яхуэхъуурэ, а уафэпшэм и щӀагъым щызекӀуэу зэрыщытар икӀи псори хым#10:1 хым – еплъ 2 Мусэ 14:19-29. къызэрызэпрыкӀыжар фымыщӀэу фыщытыну сыхуейкъым. 2Уафэпшэр пашэ яхуэхъуурэ, хым къызэпрыкӀыжа цӀыху псори Мусэ и гъуэгу ирикӀуэн щхьэкӀэ яумэхъахэм хуэдэу щытт. 3А псоми Тхьэм деж къикӀа шхыныр#10:3 Тхьэм деж къикӀа шхыныр – еплъ 2 Мусэ 16:31-35. яшхырт. 4А псори Тхьэм къарит псыми#10:4 Тхьэм къарит псыр – еплъ 2 Мусэ 17:3-6 икӀи 4 Мусэ 20:7-11. ефэрт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр зэфэу щыта псыр къадэщӀыгъу мывэшхуэм къыхэкӀырт. А мывэшхуэр Мэссихьщ. 5Ауэ абыхэм я нэхъыбэр Тхьэм игу ирихьыртэкъым. Абы къыхэкӀкӀэ, губгъуэ нэщӀым икӀуэдащ.
6Ахэр Ӏуэху бзаджэхэм щӀэхъуэпсу зэрыщытам хуэдэу дыщӀэмыхъуэпсын щхьэкӀэ, абыхэм къащыщӀар дэркӀэ дерсщ. 7Абыхэм ящыщ гуэрхэм хуэдэу, тхьэ нэпцӀхэр фымыгъэлъапӀэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу,#10:7 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ 32:6. «ЦӀыхухэр шхэну икӀи ефэну тӀысащ. ИтӀанэ джэгуну тэджащ». 8Абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀэу щытам хуэдэу, зинэ#10:8 зинэ – еплъ 4 Мусэ 25:1-9. дывмыгъащӀэ. Апхуэдэу, цӀыху мин тӀощӀрэ щырэ зы махуэ закъуэм кӀуэдащ. 9Зиусхьэнри дывмыгъэгъэунэху, абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀу щытам хуэдэу. Ахэр блэхэм яукӀащ.#10:9 блэхэм яукӀащ – еплъ 4 Мусэ 21:5-6. 10Фымытхьэусыхэ, абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀу щытам хуэдэу. Ахэр ажал къэзыхь мелыӀычым игъэкӀуэдащ.#10:10 мелыӀычым игъэкӀуэдащ – еплъ 4 Мусэ 6:41-49.
11Мы Ӏуэхухэр абыхэм къащыщӀащ, цӀыхухэм дерс яхуэхъун щхьэкӀэ. Дэ, лӀэщӀыгъуэхэм я кӀэухым нэблэгъа цӀыхухэм, къыдгурагъэӀуэн щхьэкӀэ, мы Ӏуэхухэр ятхащ. 12Апхуэдэу щытми, лъэ быдэкӀэ щыт зи гугъэ цӀыхур зэрымыджэлэным хуресакъ. 13ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхуу адрей цӀыхухэр зыхуэзэхэм фӀэкӀа фэ фыхуэзакъым. Тхьэр пэжщ, флъэкӀынум нэхърэ нэхъыбэ, гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху фыхуэзэну хуит ищӀынукъым. Ауэ гуныхьщӀэным фыдезыгъэхьэхын Ӏуэху гуэр фыщыхуэзэкӀэ, абы фыпэувыфыну Тхьэм гъуэгу къывитынущ.
14Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, тхьэ нэпцӀ гъэлъэпӀэным пэӀэщӀэ зыфщӀ. 15Фэ, зэхэщӀыӀкӀ зиӀэхэм, ар нывжызоӀэ. Сэ къыжысӀэм фи щхьэкӀэ фегупсыс. 16Ди Зиусхьэну Хьисэ и лӀэныгъэр ди гум къэдгъэкӀыжу, дызэгъусэу дыщышхэкӀэ, санэ фалъэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ худощӀ. Санэм дыщефэкӀэ, Мэссихь и лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ езым гъусэ дыхуэхъуркъэ? ЩӀакхъуэр щызэгуэтщӀыкӀкӀэ, Мэссихь и пкъым гъусэ дыхуэхъуркъэ? 17ЩӀакхъуэр зы закъуэу зэрыщытым щхьэкӀэ, дэ дыкуэду щытми, дызщ; а щӀакхъуэ закъуэм дэ ди Ӏыхьи хэлъщи.
18Израил лъэпкъым феплъ. Къурмэныпхъэм и лыр зышххэр Тхьэуэ къурмэн зыхуащӀым гъусэ хуэхъуркъэ? 19Сэ жыхуэсӀэр сыт? Къурмэныпхъэм и лыр зыгуэру щыту, е тхьэ нэпцӀыр зыгуэру щыту жысӀэрэ? 20Хьэуэ, ар жысӀэркъым. Ауэ хамэ лъэпкъхэм къурмэн щащӀкӀэ, жин бзаджэхэрщ къурмэн зыхуащӀыр, Тхьэр аркъым. Фэ жин бзаджэхэм гъусэ фахуэхъуну сыхуейкъым. 21Зиусхьэным и фалъэмкӀи жин бзаджэхэм я фалъэмкӀи фызэдефэ хъунукъым. Зиусхьэным и Ӏэнэми жин бзаджэхэм я Ӏэнэми фыпэрыс хъунукъым. 22Хьэмэрэ Зиусхьэныр дгъэгубжьыну ара дызыхэтыр? Езым нэхърэ дынэхъ лъэщ?
Сыт фщӀэми, цӀыхухэм Тхьэм щӀыхь хуевгъэщӀын щхьэкӀэщ ар щӀэфщӀэнур
23«Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ», жаӀэ цӀыхухэм. Ар пэжщ, ауэ Ӏуэху псори дэӀэпыкъуэгъу къытхуэхъуркъым. Сыт ищӀысри тщӀэну дыхуитщ, ауэ псоми я фӀагъ къыдэкӀыркъым. 24Езым и фӀагъ зыхэлъым и ужь иремыт хэти, атӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я фӀагъ зыхэлъым и ужь ирырет.
25Гурыщхъуэ фымыщӀэу бэзэрым щащэ псори фшхы. 26Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «ЩӀылъэри щӀылъэм тет псори Зиусхьэным ейщ».#10:26 ЩӀылъэри … Зиусхьэным ейщ – Еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 23:1.
27ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэ гуэрым фигъэшхэну фригъэблэгъамэ икӀи фыкӀуэну фыхуеймэ, гурыщхъуэ фымыщӀу Ӏэнэм къытралъхьэр фшхы. 28Ауэ цӀыху гуэрым, «Мыр тхьэ нэпцӀхэм хуащӀа къурмэныпхъэм илщ», къывжиӀэмэ, къывжезыӀам щхьэкӀи гум илъым щхьэкӀи ар фымышх; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, «ЩӀылъэмрэ щӀылъэм тет псомрэ Зиусхьэным ейщ». 29Гум илъу жыхуэсӀэр фи гум илъыр аркъым, къывжезыӀам и гум илъыр арщ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ нэгъуэщӀ цӀыху гуэрым и гурыщхъуэм си хуитыныгъэр сыт щӀигъэкъуэншэнур? 30Тхьэм фӀыщӀэ хуэсщӀу зыгуэр сшхымэ, зэрысшхымкӀэ цӀыхухэм сыт сыщӀагъэкъуэншэн хуейр?
31Аращи, фышхэми, фефэми е нэгъуэщӀ гуэр фщӀэми, цӀыхухэм Тхьэм фӀыщӀэ хуевгъэщӀын щхьэкӀэщ щӀэфщӀэнур. 32Журтхэми, алыджхэми,#10:32 алыдж – грек жыхуаӀэрщ. Тхьэм и члисэ зэхуэсым щыщхэми я гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ фащыхуэмыхъу. 33Сэри сщӀэ Ӏуэху псомкӀи цӀыху псоми я гум сызэрырихьыным сыхэтщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си фӀагъкъым зи ужь ситыр, атӀэ цӀыху куэдым я фӀагъщ, ахэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ.

Currently Selected:

1 Кор. 10: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in