1 Кор. 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэхъусымрэ Тхьэм фӀыщӀэ хуэщӀынымрэ
1Сэ сы-Паулщ. Тхьэм фӀэигъуэти, Мэссихь Хьисэ и апостол#1:1 апостол – еплъ Рим 1:1. сыхъуну сыкъыхуриджащ. Ди къуэш Сосфенес#1:1 Сосфенес – Апостол. 18:17 Лука зи гугъу ищӀа лӀыр арагъэнкӀэ мэхъу. си гъусэу мы тхылъыр ныфхузотх.
2Зыхуэстхыр Коринф къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщ цӀыхухэращ. Тхьэм Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщыну фигъэуващ, дэнэкӀи ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь елъэӀу цӀыху псоми фащӀыгъуу, абы и цӀыху лъапӀэхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуриджащ. Мэссихь абыхэми дэри ди Зиусхьэнщ.
3Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
4Мэссихь фи псэм щыщу Тхьэм и нэфӀыр къызэрыфщыхуам щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ фӀыщӀэ хузощӀ. 5Мэссихь фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ сыт и лъэныкъуэкӀи Тхьэм и нэфӀ къыфщыхуащ. Сыт и лъэныкъуэкӀи зэхэфщӀыкӀынуи фыпсэлъэнуи лъэкӀыныгъэ къывитащ, 6Мэссихь хуэтщӀа щыхьэтыгъэр фи гум лъабжьэ хуищӀащи. 7Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ, ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм фыщыпэплъэкӀэ, Тхьэм и бынхэм ярит тыгъэхэм ящыщу фимыӀэ зыри щыӀэкъым. 8Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь къыщылъэгъуэжыну махуэм зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, и кӀэм нэсыху гъуэгу захуэм быдэу фытригъэтынущ. 9Тхьэр щыпкъэщ. Езыращ и Къуэу Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэным гъусэ фыхуэхъуну фыкъыхуезыджар.
Члисэ зэхуэсым щыщхэр зэрызэгурымыӀуар
10Си къуэшхэ, фызэгурыӀуэну, гуп-гуп фызэрымыгъэхъуу, зэнэ-зэпсэу фыщытыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ сыныволъэӀу. 11Си къуэшхэ, фызэрызэгурымыӀуэр цӀыхубз Хлой и унагъуэм щыщхэм сагъэщӀащ. 12Сэ жыхуэсӀэр мыращ: Фщыщ гуэрым жеӀэ: «Сэ Паул и гупым сыщыщщ»; нэгъуэщӀ гуэрми жеӀэ: «Сэ Аполлос#1:12 Аполлос – унафэщӀ къуэшу Коринф къалэм хъыбарыфӀыр цӀыхухэм щезыгъэщӀар арщ. Еплъ Апостол. 18:24–19:1. и гупым сыщыщщ»; нэгъуэщӀ гуэрми жеӀэ: «Сэ Кифэ#1:12 Кифэ – КифэкӀэ зэджэ Петру Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщыр арщ. и гупым сыщыщщ»; нэгъуэщӀ гуэрми жеӀэ: «Сэ Мэссихь и гупым сыщыщщ».
13Мэссихь гуэша хъуа? Паул фэр щхьэкӀэ жорым ираӀулӀа? Е сэ, Паул, си цӀэкӀэ фаумэхъа? 14Криспрэ#1:14 Криспос – чыристэн хъуа журту Коринф къалэм дэсу щытар арщ. Еплъ Апостол. 18:8. Гайрэ#1:14 Гай – Паул Коринф къалэм щыщыӀэм, абы и бысыму щытар арагъэнкӀэ мэхъу. Еплъ Рим 16:23. фӀэкӀа фэ фщыщ зыри зэрызмыумэхъамкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ. 15Сэ си цӀэкӀэ яумэхъауэ зыми жиӀэн лъэкӀынукъым. 16Пэжщ, Стефан#1:16 Стефан – еплъ 1 Кор. 16:15-16. и унагъуэм щыщхэри сыумэхъащ. Абыхэм нэмыщӀу зыгуэр сыумэхъауэ сщӀэркъым. 17Мэссихь сыкъыщӀигъэкӀуар цӀыхухэр сыумэхъыну аракъым, атӀэ хъыбарыфӀыр яхуэсӀуэтэну арщ, цӀыхухэм акъылыфӀагъэ жыхуаӀэр зыхэлъ псалъэхэмкӀэ хъыбарыфӀыр ахуэсӀуэтэну аракъым. Апхуэдэу щымытмэ, Мэссихь жорым зэрыкӀэрылӀыхьам и хъыбарым къарууэ хэлъыр кӀуэдыжынт.
Мэссихьщ Тхьэм и акъылыфӀагъэри и къарури
18Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тетхэм я дежкӀэ жорым и хъыбарыр делагъэу щытщ, ауэ дэркӀэ, дымыкӀуэду Тхьэм къригъэлхэмкӀэ, Тхьэм и къарур жорым хэлъщ. 19Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм яхэтщ:#1:19 Тхьэм и псалъэ тхахэм яхэтщ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 29:14.
«АкъылыфӀагъэ зиӀэхэм я акъылыфӀагъэу
жыхуаӀэр згъэкӀуэдынущ,
губзыгъагъэ зиӀэхэми я губзыгъагъэу жыхуаӀэр
сымыдэу лъэныкъуэ езгъэзынущ».
20Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкӀэ акъыл зиӀэ цӀыхур дэнэ щыӀэ? Торэт егъэджакӀуэ пашэр дэнэ щыӀэ? Мы зэманым щыщ цӀыхуу псалъэхэмкӀэ дэуэным хуэӀэзэр дэнэ щыӀэ? Тхьэм мы дунейм и акъылыфӀагъэр делагъэу къыщӀигъэщащ. 21Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и акъылыфӀагъэкӀэ зэриухам тету, мы дунейм и цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэмкӀэ Тхьэр зыхуэдэр ящӀакъым, ауэ дэ цӀыхухэм яхуэтӀуатэ хъыбарыфӀу абыхэм делагъэу къафӀэщӀымкӀэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр мыкӀуэду къригъэлыну Тхьэм игъуэу илъытащ. 22Журтхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм хуейщ. Алыджхэри#1:22 алыджхэр – грекхэр арщ. акъылыфӀагъэм мэлъыхъуэ. 23Ауэ Мэссихьу жорым ираӀулӀам и хъыбару цӀыхухэм едгъащӀэр журтхэмкӀэ гурымыхьу щытщ, нэгъуэщӀ лъэпкъхэм делагъэу ялъытэ. 24Ауэ дэркӀэ, Тхьэм и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэмкӀэ, журтми алыджми, Мэссихьщ Тхьэм и къарури и акъылыфӀагъэри. 25Тхьэм и делагъэу жыхуаӀэр цӀыхухэм я акъылыфӀагъэу жыхуаӀэм нэхърэ нэхъ акъылыфӀагъэщ, Тхьэм и къарууншагъэу жыхуаӀэр цӀыхухэм я къарум нэхърэ нэхъ лъэщщ.
26Си къуэшхэ, фэ, Тхьэм езым и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэр, фызэплъыж. Мы дунейм и цӀыхухэм акъылыфӀагъэ зиӀэу ялъытэхэри, тепщэныгъэ зиӀэхэри, унагъуэ бейхэм ящыщхэри куэду къыфхэткъым. 27Ауэ акъылыфӀагъэ зиӀэ цӀыхухэр игъэукӀытэжын щхьэкӀэ, мы дунейм и цӀыхухэм акъылыншэу жыхуаӀэ цӀыхухэр Тхьэм къыхихащ. Къару зиӀэхэри игъэукӀытэжын щхьэкӀэ, мы дунейм къару щызимыӀэхэри Тхьэм къыхихащ. 28Мы дунейм и цӀыхухэм тхьэмыщкӀэу жыхуаӀэ цӀыхухэри, зэрамыпэс цӀыхухэри Тхьэм къыхихащ. Апхуэдэу пщӀэ зимыӀэу жыхуаӀэ цӀыхухэрщ Тхьэм къыхихар, пщӀэ зиӀэу жыхуаӀэ цӀыхухэр игъэцӀыкӀун щхьэкӀэ. 29Тхьэм апхуэдэу щӀищӀар езым и пащхьэм зыри зыщыщымытхъужын щхьэкӀэщ. 30Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари. 31Аращи, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#1:31 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Иеремие бегъымбарым и тхылъым 9:24. «Зыр зым щытхъужын хъумэ, Зиусхьэным щретхъу».
Currently Selected:
1 Кор. 1: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017