1
Лукас 23:34
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
– Си Адэ, мыбыхэм ящӀэр къагурыӀуэркъыми, къахуэбгъэгъуну сынолъэӀу, – жиӀащ Хьисэ. ЗауэлӀхэм пхъэидзэ ящӀри, Хьисэ и щыгъыныр зэхуагуэшащ.
Compare
Explore Лукас 23:34
2
Лукас 23:43
– Пэжыр ныбжызоӀэ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Нобэ си гъусэу жэнэтым ущыӀэнущ.
Explore Лукас 23:43
3
Лукас 23:42
А бзаджащӀэр Хьисэ къелъэӀуащ итӀанэ: – Хьисэ, пащтыхь ухъуауэ къыщыбгъэзэжкӀэ, уигу сыкъэгъэкӀыж.
Explore Лукас 23:42
4
Лукас 23:46
И макъым ину зригъэӀэтри: – Си Адэ, си псэр пӀэщӀызолъхьэ, – жиӀащ Хьисэ. Ар жиӀэри, и псэр хэкӀащ.
Explore Лукас 23:46
5
Лукас 23:33
Ахэр ЩхьэкъупщхьэкӀэ зэджэ щӀыпӀэм нэсри, Хьисэ жорым ираӀулӀащ. БзаджащӀитӀри, зыр ижьырабгъумкӀэ, адрейр сэмэгурабгъумкӀэ къыщыту, ираӀулӀащ.
Explore Лукас 23:33
6
Лукас 23:44-45-44-45
Шэджагъуэ щыхъум, дыгъэр иубыдри, а щӀыпӀэр дэнэкӀи кӀыфӀыгъэм щӀиуфащ, сыхьэтищ хъуху. Тхьэм и Унэм и кӀуэцӀым фӀэлъ Ӏупхъуэшхуэр тӀууэ зэгуэтхъащ.
Explore Лукас 23:44-45-44-45
7
Лукас 23:47
А псори щилъагъум, Тхьэм щӀыхь хуищӀри, зауэлӀхэм я пашэм мыпхуэдэу жиӀащ: – Мы лӀыр, пэж дыдэу, цӀыху щыпкъэу щытащ.
Explore Лукас 23:47
Home
Bible
Plans
Videos