1
Лукас 22:42
ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ
АдгФЛ
– Си Адэ, ухуеймэ, къыспэщылъ хьэзабым сыкъыӀэщӀэх. Ауэ Сэ сызэрыхуейуэ мыхъуу, Уэ узэрыхуейуэ ирехъу.
Compare
Explore Лукас 22:42
2
Лукас 22:32
Ауэ Сэ тхьэ сыпхуелъэӀуащ уи фӀэщхъуныгъэр пфӀэмыкӀуэдыну. Си гъуэгум укъытехьэжа нэужь, уи къуэшхэр гъэгушхуэ.
Explore Лукас 22:32
3
Лукас 22:19
Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, щӀакхъуэр зэгуищӀыкӀри, и гъэсэнхэм яритащ, мыпхуэдэуи яжриӀащ: – Мы щӀакхъуэр фэр папщӀэ сты си пкъыращ. Фигу сыкъэвгъэкӀыжын папщӀэ, мы щӀакхъуэр щыфшх махуэхэр хабзэу зивгъэӀэ.
Explore Лукас 22:19
4
Лукас 22:20
Шха нэужь, щӀакхъуэ къызэрищтам хуэдэу, санэ зэрыт фалъэр къищтэри, и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриӀащ Хьисэ: – Мы фалъэм итыр си лъырщ, фэр щхьэкӀэ сщӀэкӀырщ. Апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ЗэухылӀэныгъэщӀэ Тхьэм цӀыхухэм ярещӀылӀэ.
Explore Лукас 22:20
5
Лукас 22:44
Хьисэ, и псэм телъ гузэвэгъуэшхуэм игъэхыщӀэу, нэхъ гуащӀэжу тхьэ елъэӀурт. И пщӀэнтӀэпсыр лъым хуэдэу щӀым теткӀуэрт.
Explore Лукас 22:44
6
Лукас 22:26
– Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэ фэ фяку дремылъ. ПщӀэшхуэ зыхуащӀу фэ къыфхэтыр пщӀэ зимыӀэм хуэдэу щрет. Нэхъыщхьэу къыфхэтыр ӀуэхутхьэбзащӀэ ирехъу.
Explore Лукас 22:26
7
Лукас 22:34
– Питрэс, ныбжызоӀэ, пщэдджыжь адакъэ Ӏуэху сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ. ИтӀанэ и гъэсэнхэм еупщӀащ Хьисэ
Explore Лукас 22:34
Home
Bible
Plans
Videos