1
1 Мусэ 42:21
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
ЖаӀэрт абыхэм мыпхуэдэу: – ИпэжыпӀэкӀэ, дэ допшыныж ди къуэшым етщӀэгъа гуэныхьыр. Дэ тлъагъурт абы и псэм телъ хьэзабыр, ар дэ къыщыдэлъэӀум, ауэ дедэӀуакъым. Абы папщӀэ къытлъысащ мы тхьэмыщкӀагъэр.
Compare
Explore 1 Мусэ 42:21
2
1 Мусэ 42:6
АтӀэ Исуф щыӀэтащхьэтэкъэ а щӀыналъэм; ярищэрт абы щӀыналъэм и цӀыху псоми гъавэ. Исуф и къуэшхэр къакӀуэри, щхьэщэ къыхуащӀащ абы, щӀым нэсу.
Explore 1 Мусэ 42:6
3
1 Мусэ 42:7
Исуф и къуэшхэр къилъагъури, къицӀыхужащ ахэр; ауэ ахэр къимыцӀыхужауэ фэ зытригъауэри, епсэлъащ абыхэм ткӀийуэ, мыр яжриӀащ: – Дэнэ фыкъикӀа фэ? – Ханаан щӀыналъэм, гъавэ къэтщэхуну, – жаӀащ абыхэм.
Explore 1 Мусэ 42:7