1
1 Мусэ 37:5
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Илъэгъуащ Исуф пщӀыхьэпӀэ жэщ гуэрым, яхуиӀуэтэжащ ар езым и къуэшхэм: мыдрейхэми ар нэхъри жагъуэу ялъагъу хъуащ.
Compare
Explore 1 Мусэ 37:5
2
1 Мусэ 37:3
Екъуб адрей и къуэхэм нэхърэ Исуф нэхъыфӀу илъагъурт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар езым и жьыщхьэм къыхуэхъуа и къуэт; арати, хуригъэщӀащ абы гъуапэ зиӀэ щыгъын кӀыхь.
Explore 1 Мусэ 37:3
3
1 Мусэ 37:4
Абдеж къащӀащ зэш псоми нэхърэ ар нэхъыфӀу я адэм зэрилъагъур; ялъагъу мыхъуи хъуащ ар, ахэр абы дахэуи епсэлъэжыфыртэкъым.
Explore 1 Мусэ 37:4
4
1 Мусэ 37:9
Илъэгъуащ аргуэру Исуф нэгъуэщӀ пщӀыхьэпӀи, яхуиӀуэтэжащ ари и къуэшхэм: – ФыкъэдэӀуэ, аргуэру пщӀыхьэпӀэ слъэгъуащ, дыгъэми, мазэми, вагъуэ пщыкӀузми щхьэщэ къысхуащӀу.
Explore 1 Мусэ 37:9
5
1 Мусэ 37:11
И къуэшхэр къыхузэгуэпырт абы; ауэ Исуф и адэм игу ириубыдащ абы и псалъэр.
Explore 1 Мусэ 37:11
6
1 Мусэ 37:6-7
Исуф яжриӀащ абыхэм: – ФыкъедаӀуэ сэ пщӀыхьэпӀэ слъэгъуам. Слъэгъуащ: дэ пхырхэр дощӀри губгъуэм дитщ, си пхырыр уващ, уващ захуэу, икӀи фи пхырхэр хъурейуэ абы къеувэкӀри, щхьэщэ къыхуащӀащ си пхырым.
Explore 1 Мусэ 37:6-7
7
1 Мусэ 37:20
ДыкӀуэнщи, иджы дукӀынщ ар, иддзэнщ ар псыр зэрыгъукӀа мащэ гуэрми, жытӀэнщ хьэкӀэкхъуэкӀэ бзаджэм ишхауэ; итӀанэ деплъынщ абы и пщӀыхьхэм къикӀым.
Explore 1 Мусэ 37:20
8
1 Мусэ 37:28
Арати, Мидиам щыщ сатуущӀэхэр щыблэкӀым, мащэм Исуф кърагъэфыжри иращащ ар исмэхьил цӀыхухэм дыжьын тӀощӀкӀэ, абыхэм Исуф Мысырым яшащ.
Explore 1 Мусэ 37:28
9
1 Мусэ 37:19
ЖаӀащ абыхэм: – Мес, къокӀуэ пщӀыхьэпӀэ зылъагъур.
Explore 1 Мусэ 37:19
10
1 Мусэ 37:18
Къалъэгъуащ абыхэм Исуф жыжьэу, икӀи абыхэм, ар гъунэгъу къахуэмыхъу щӀыкӀэ, мурад ящӀу щӀадзащ ар яукӀыну.
Explore 1 Мусэ 37:18
11
1 Мусэ 37:22
Рубэн адэкӀи яжриӀащ абыхэм: – Фымыгъажэ лъы; ивдзэ ар губгъуэ нэщӀым ит мащэм, ауэ фемыӀусэ абы. Абы ар щӀыжиӀэр абыхэм ар яӀэщӀихыу и адэм хуигъэкӀуэжын щхьэкӀэт.
Explore 1 Мусэ 37:22