1
1 Мусэ 32:28
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
– Иджы щыщӀэдзауэ уи цӀэу щытынур Екъубкъым, атӀэ Израилщ, – жиӀащ адрейм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уэ уебэнащ Тхьэми цӀыхухэми, къару уиӀэу къэбгъэлъэгъуащ.
Compare
Explore 1 Мусэ 32:28
2
1 Мусэ 32:26
– СутӀыпщ сэ, пшэплъ къищӀащ, – жиӀащ адрейм. – УзутӀыпщынукъым, Уэ уи нэфӀ къысщымыхуауэ, – жиӀащ Екъуб.
Explore 1 Мусэ 32:26
3
1 Мусэ 32:24
Къэнащ Екъуб и закъуэу. ИкӀи къебэнащ абы Зыгуэр, нэхущ пшэплъыр къищӀыху.
Explore 1 Мусэ 32:24
4
1 Мусэ 32:30
Екъуб фӀищащ а щӀыпӀэм цӀэуэ Пэниел, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, жиӀащ абы, «Сэ слъэгъуащ Тхьэр, ди нэгу зэхуэгъэзауэ, итӀани псэууэ къелащ си псэр».
Explore 1 Мусэ 32:30
5
1 Мусэ 32:25
КъызэрытемыкӀуэфыр къыщилъагъум, къеӀусэщ абы и куэ къупщхьэ зэрытыпӀэм, зэрыгъэпкӀащ Екъуб и куэ къупщхьэ зэрытыпӀэр, Ар абы къыщебэным.
Explore 1 Мусэ 32:25
6
1 Мусэ 32:27
– Сыт уи цӀэр? – жиӀащ адрейм. – Екъуб, – жиӀащ абы.
Explore 1 Мусэ 32:27
7
1 Мусэ 32:29
ЩӀэупщӀащ Екъуб, мыр жиӀэурэ: – КъызжеӀэ уи цӀэр. – Сыт уэ си цӀэм ущӀыщӀэупщӀэр? – жиӀащ абы. ИкӀи и нэфӀ къыщыщыхуащ абы абдежым.
Explore 1 Мусэ 32:29
8
1 Мусэ 32:10
Сахуэфащэкъым сэ зэкӀэ фӀыгъуэрэ пэжыгъэрэ пщӀэуэ Уэ сэ, Уи ӀурыщӀэм, къысхуэпщӀахэм; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си башыр сӀыгъыу сызэпрыкӀащ мы Иордан псым; атӀэми иджы сэ гупитӀ мылъку яӀэу си гъусэщ.
Explore 1 Мусэ 32:10
9
1 Мусэ 32:32
Абы папщӀэ иджыри къэс израил цӀыхухэм яшхыркъым куэ къупщхьэ зэрытыпӀэм телъ хуэр, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Къебэныгъар къеӀусащ Екъуб и куэ къупщхьэ зэрытыпӀэм телъ хуэм.
Explore 1 Мусэ 32:32
10
1 Мусэ 32:9
ИтӀанэ елъэӀуащ Екъуб: – Си адэ Ибрэхьими си адэ Исхьэкъи я Тхьэ, Зиусхьэну сэ: «Гъэзэж уи щӀыналъэм, уи Ӏыхьлыхэм деж, Сэ фӀыгъуэ пхуэсщӀэнущ уэ» жиӀэу къызжезыӀа!
Explore 1 Мусэ 32:9
11
1 Мусэ 32:11
СынолъэӀу, сыӀэщӀэх сэ си къуэшым и Ӏэм, Эсау и Ӏэм; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ сыщошынэ абы, ар къакӀуэу сэри, анэри, сабийхэри псори диукӀынкӀэ.
Explore 1 Мусэ 32:11