1
1 Мусэ 27:28-29
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Кърыует Тхьэм уэ уэсэпсым къыхэкӀри щӀы пшэрым къыхэкӀри, гъавэ куэди санэ куэди. Къыпхурелажьэ цӀыху лъэпкъхэр, зыкъыпхурагъэщхъ цӀыху лъэпкъ цӀыкӀухэм; яхуэхъу зиусхьэн уи Ӏыхьлыхэм, зыкъыпхурагъэщхъ уи анэм и къуэхэми; уэ нэлат къозыххэм нэлат ялърес; уэ зи нэфӀ къыпщызыгъахуэхэм Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ.
Compare
Explore 1 Мусэ 27:28-29
2
1 Мусэ 27:36
ЖиӀащ итӀанэ мыдрейм: – Техуэркъэ абы Екъуб цӀэ зэриӀэр – тӀэунейрэ сыкъигъэпцӀащ: си щыпэлъхугъэр ищтащ абы иджы, зылъигъэсащ уи нэфӀыр. АдэкӀи жиӀащ: – АтӀэ сэ къысхуумыгъэнэххауэ ара уи нэфӀ?
Explore 1 Мусэ 27:36
3
1 Мусэ 27:39-40
Абдеж жэуап къитащ Исхьэкъ, абы и адэм, мыпхуэдэу къыжриӀэри: – ЩӀым и пшэрми уафэм къех уэсэпсми пэжыжьэу щыӀэнущ уи псэупӀэр. Упсэунущ уэ уи джатэмкӀэ, ухуэлэжьэнущ уи къуэшым; щыӀэнущ зэмани, абы упэщӀэувэу и тепщэныгъэр уи пщэм щыдэбдзын.
Explore 1 Мусэ 27:39-40
4
1 Мусэ 27:38
– Дауэ хъун, си адэ, – жриӀащ Эсау и адэм, – уэ зы нэфӀ щыхуэныгъэ закъуэ фӀэкӀа уимыӀэу? Уи нэфӀ къыслъыгъэс сэри, си адэ! ИкӀи зригъэӀэтащ Эсау и макъым, къэгъащ ар.
Explore 1 Мусэ 27:38