1
Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:12
ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр
KbdNTGP2017
Уи ныбжьыщӀагъэм щхьэкӀэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкӀэ, псэукӀэмкӀэ, фӀылъагъуныгъэмкӀэ, фӀэщхъуныгъэмкӀэ, гукъабзагъэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм щапхъэ яхуэхъу.
Compare
Explore Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:12
2
Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:8
Пкъыр бгъэсэнми фӀагъ гуэр хэлъщ, ауэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным сыт и лъэныкъуэкӀи и фӀагъ къокӀ, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум илъыным мы дунеймрэ къэкӀуэну дунеймрэ фӀыкӀэ ущегъэгугъри.
Explore Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:8
3
Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:16
Зыхуэсакъыж, цӀыхухэм ебгъащӀэ Ӏуэхухэми яхуэсакъ. А Ӏуэхухэм уи нэӀэ сыт щыгъуи ятегъэт. Апхуэдэу пщӀэмэ, къодаӀуэ цӀыхухэр мыкӀуэду къебгъэлынущ, уэ уи щхьэри мыкӀуэду къебгъэлынущ.
Explore Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:16
4
Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:1
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ӀупщӀу къыжеӀэ дунейм и иужьрей лъэхъэнэхэм цӀыху куэд фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум зэрытекӀыжыпэнур. ЦӀыхухэр дезыгъэхьэх жинхэми, жин бзаджэхэм цӀыхухэм ирагъащӀэ Ӏуэхухэми едэӀуэнущ.
Explore Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:1
5
Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:7
Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ фыз хъыбархэм пэӀэщӀэ зыщӀ. Тхьэм и фӀэлӀыкӀ уи гум зэрилъыным хущӀэкъу.
Explore Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:7
6
Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:13
Сэ сынэкӀуэху, Тхьэм и псалъэ тхахэм цӀыхухэм я пащхьэм уакъызэрыщыхуеджэнми, цӀыхухэм зэрагурыбгъэӀуэнми, зэребгъэщӀэнми хэт.
Explore Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 4:13