Гъэсэпэтхыдэхэр 18
18
ЕПЩЫКӀУИЯНЭ ӀЫХЬЭ
1ЦӀыхум зыщызыдзейм и щхьэ лажьэ нэхъ
къыфӀэӀуэхукъым,
чэнджэщ губзыгъэу кърахьэлӀэми еныкъуэкъу
зэпытщ.
2Акъылыншэр зэхэщӀыкӀ иӀэным зи щӀэхъуэпскъым,
къезытыр зыщ абы гухэхъуэ – и жыӀэ ар фӀэмыкӀ.
3МыхъумыщӀэм ирахынущ пу нэлат цӀыху цӀыкӀум,
зи напэр текӀми иӀэжынкъым щӀыхь.
4ЦӀыхум и псалъэр хышхуэ лъащӀэншэу куущ;
Ӏущыгъэри – псыежэх уэрым ещхьщ.
5Хьэкум пэжыр хейм пэбубыду
бзаджащӀэм и телъхьэ ухъуныр фӀыкъым.
6И жыӀэм хедзэр акъылыншэр бэлыхьлажьэ,
зи бзэ хуимытыжым къихьри удынщ.
7Акъылыншэр зытекӀуадэр и бзэщ,
и жыӀэ псори хъыщи – абы ар йокӀуэдэж.
8Бзэгузехьэм и псалъэр хуэдэщ шхын хэплъыхьам,
гущӀэ лъапсэми щызу зыщегъэзагъэ.
9Щхьэхынэри ящӀар зэтезыкъутэжри зэшщ.
10Чэщанэ быдэ хуэдэщ Тхьэуэ Зиусхьэныр,
дыхьакъэ абы захуащӀэр – ӀэщӀэкӀащ шынагъэм.
11ХуэщӀауэ псэум и мылъкур и быдапӀэщ,
къыфӀощӀ абы ар мывэкъалэ лъагэу.
12ЦӀыху унэхъунум зыкъыфӀощӀыж,
еӀэтыр щӀыхьыр Тхьэм зыхуэгъэлъэхъшэным.
13УемыдэӀуауэ икӀэм нэс жэуап птыжыныр –
акъылыншагъэщ, къыпхуихьри напэтехщ.
14Хъуапсэ зиӀэр ирищӀыкӀынкъым узым,
гугъэ-гунэдж зимыӀэр дауэ хъуну?
15ЗэхэщӀыкӀ зиӀэм щӀэныгъэр дапщэщи къегъуэт,
абы цӀыху Ӏущми и тхьэкӀумэр тегъэхуа зэпытщ.
16ГуапэхуэщӀэ тыныр къыпхуохъур куэдкӀэ щхьэпэ, –
уахуещӀыр лӀыщхьэхэм пэблагъэ.
17Ӏуэхум япэу ущызыгъэгъуазэр захуэу къыпфӀощӀ,
нэгъуэщӀ къыкъуэкӀыу щӀэупщӀэн
иригъэжьэхукӀэ.
18Пхъэидзэм зэныкъуэкъур егъэужьых,
ныкъуэкъуэгъу лъэщхэми я дауэм кӀэ ирет.
19Гукъеуэ къыпхузиӀэ къуэшым и гур ещхьщ
быдапӀэ къэщӀыхьам:
дыхьэпӀэ иӀэкъым абы – уещӀыр зэпэӀэщӀэ
зэныкъуэкъум#18:19 Журт. «зэныкъуэкъур мывэ сэхым хуэдэщ»..
20ЖиӀам дэтхэнэ цӀыхури ӀущӀэжынущ –
и псалъэ пэкӀуэ хуэдизи игъуэтыжынущ.
21Пылъщ бзэгупэм гъащӀэри ажалри,
псэлъэнкӀэ зыхэмылъым шыӀэ – хуэфащэр
игъуэтынщ.
22ЕхъулӀащ цӀыхубзыфӀ къызыпэщӀэхуар,
Тхьэуэ Зиусхьэным и нэфӀи къыщыхуащ.
23ТхьэмыщкӀэр гущӀэгъу щӀэлъэӀу зэпытщ,
арщхьэкӀэ гуемыӀу псалъэщ кърипэсыжыр
бейм абы жэуапу.
24Яхэтщ ныбжьэгъуми кӀуэдыпӀэ уизышэн#18:24 Е «Ныбжьэгъур зи куэдым фӀы хихынкъым», е «Щауэгъухэми яхэтщ ныбжьэгъуу зыкъыпфӀэзыгъэщӀ».,
щыӀэщ щауэгъу щыпкъи, къуэшым нэхърэ
нэхъ благъэ пхуэхъуу.
Currently Selected:
Гъэсэпэтхыдэхэр 18: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021