Лукас 9
9
Хьисэ и лӀыкӀуэ пщыкӀутӀым къару яриту зэрыригъэжьар
1Хьисэ и гъэсэн пщыкӀутӀыр ириджэри, къарурэ тепщэныгъэрэ яритащ, жин бзаджэхэм ятекӀуэн, узыфэхэр ягъэхъужын папщӀэ. 2Арати, Тхьэм и Тепщэныгъэм и хъыбар ягъэӀуну, сымаджэхэр ягъэхъужыну иригъэжьащ Хьисэ ахэр.
3– Гъуэгуанэ фыщытехьэкӀэ, зыри здевмыхьэжьэ: баши, хъуржыни, щӀакхъуи, ахъши, щыгъын леи здэвмыщтэ, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. – 4Сыт хуэдэ жылэ фыдыхьэми, бысым хъуэж фымыщӀу зы унэм фыщыхьэщӀэ, жылэм фыкъыдэкӀыжыху. 5Фезымыгъэблагъэхэм я жылэм фыкъыщыдэкӀыжкӀэ фи лъакъуэм трихьа сабэр кӀэрывгъэщэщыж, къызэрывэкъуэншэкӀамкӀэ ар щыхьэт яхуэхъун папщӀэ.
6Арати, Хьисэ и гъэсэнхэм жылэхэр къызэхакӀухьын щӀадзащ, сымаджэхэр ягъэхъужрэ Тхьэм и хъыбарыфӀыр яӀуатэу.
7Хьисэ теухуауэ къекӀуэкӀ псалъэмакъыр лӀыщхьэ Хьирэд щызэхихым, зыхуихьынур имыщӀэу хэгупсысыхьащ, Яхья бегъымбарыр къэтэджыжауэ жаӀэрти. 8Языныкъуэхэм Иляс бегъымбарым дунейм къигъэзэжауэ жаӀэрт. Пасэрей бегъымбархэм ящыщ гуэр къэтэджыжа хуэдэу зыгъэхъыбари щыӀэт. 9Езы Хьирэд мыпхуэдэу жиӀащ: «Яхья и щхьэр сэ пезгъэупщӀащ. АтӀэ мы зи хъыбар зэхэтхыр хэт хъуну?» Хьирэд езыр щӀэкъурт Хьисэ хуэзэну.
Хьисэ цӀыху минитху зэригъэшхар
10Хьисэ и лӀыкӀуэхэм къагъэзэжри, ящӀауэ хъуар яӀуэтэжащ. Ахэр гъусэ ищӀри, БэтсэидкӀэ зэджэ къуажэм кӀуащ Хьисэ, абы я закъуэу щыӀэну. 11АрщхьэкӀэ цӀыхухэм ар къащӀэри, кӀэлъыкӀуащ. Щынэсым, Хьисэ ахэр иригъэблагъэри, Тхьэм и Тепщэныгъэм яхутепсэлъыхьащ, гъэхъужын хуейхэри игъэхъужащ. 12Махуэр щыхэкӀуатэм, и гъэсэн пщыкӀутӀыр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ:
– ЦӀыхухэр жылэ гъунэгъухэм гъакӀуэ, жэщыр щрахын унэрэ яшхынрэ къагъуэтын папщӀэ, сыту жыпӀэмэ мыр щӀыпӀэ пхыдзащ.
13– Фэ езым вгъашхэ ахэр, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
– Дэ щӀакхъуитхурэ бдзэжьеитӀрэ фӀэкӀ диӀэкъым, дыкӀуэу цӀыху псоми папщӀэ шхын къэдмыщэхумэ, – къатыжащ абыхэм жэуап. 14(ЦӀыхухъу къудейуэ минитхум нэблагъэрт ахэр.)
– ЦӀыхухэр щэ ныкъуэ хъу гуп-гупурэ евгъэтӀысэх, – яжриӀащ Хьисэ и гъэсэнхэм.
15Хьисэ зэрыжиӀам хуэдэу ящӀащ, цӀыхухэр ирагъэтӀысэхащ. 16Хьисэ щӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ ерыскъым щхьэкӀэ. ЩӀакхъуэмрэ бдзэжьеймрэ зэпищӀыкӀри, и гъэсэнхэм яритащ, цӀыхухэм хуагуэшын папщӀэ. 17ЦӀыхухэр шхащ, псоми загъэнщӀащ икӀи къадэхуауэ матэ пщыкӀутӀ зэщӀакъуэжащ щӀакхъуэрэ бдзэжьейуэ.
Хьисэ зэры-Мэсихьыр Питрэс и фӀэщ зэрыхъуар
18Хьисэрэ и гъэсэнхэмрэ я закъуэу махуэ гуэрым тхьэ елъэӀуа нэужь, Хьисэ абыхэм еупщӀащ:
– ЦӀыхубэм Сэ сыхэту жаӀэрэ?
19– Языныкъуэхэм умэхъакӀуэ Яхья къэтэджыжауэ жаӀэ уэр щхьэкӀэ, нэгъуэщӀхэм у-Илясу жаӀэ, пасэрей бегъымбархэм ящыщ гуэр къэтэджыжауэ жызыӀи щыӀэщ.
20– АтӀэ фэ сыхэту жыфӀэрэ? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм.
– Уэ Тхьэм ури-Мэсихьщ, – жиӀащ Питрэс.
21Хьисэ абыхэм ткӀийуэ унафэ яхуищӀащ ар зэры-Мэсихьыр ямыгъэхъыбарыну, икӀи мыпхуэдэуи яжриӀащ:
22– ЦӀыхум и Къуэм хьэзабышхуэ ишэчын хуейщ. Лъэпкъ тхьэмадэхэми, дин гъуазэ нэхъыщхьэхэми, теурэт егъэджакӀуэхэми ЦӀыхум и Къуэр ямыдэу къызыхахунущ, яукӀынущ, ауэ ещанэ махуэм лӀахэм къахэтэджыкӀыжынущ Ар.
23Си ужь къиувэну хуейм езым и щхьэ Ӏуэхухэр зыщрегъэгъупщи, Сэр щхьэкӀэ гугъу зригъэхьыфу, уеблэмэ и гъащӀэр зэрытрахыну Ӏэщэр махуэ къэс ихьыфу щрет, итӀанэ си ужь къреувэ, – яжриӀащ псоми Хьисэ. – 24Сыту жыпӀэмэ зи псэр зыхъумэжыну хуейм и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ Сэр папщӀэ зи псэр зытым и псэр хъума хъунущ. 25ЦӀыхум дунейм тет фӀыгъуэр зыӀэригъэхьэрэ езыр жыхьэнмэлы хъумэ, е и псэм зэран хуэхъужмэ, сыт и сэбэп? 26Си ущиемрэ Сэрэ къыттеукӀытыхь дэтхэнэми ЦӀыхум и Къуэри теукӀытыхьыжынущ, езым и щӀыхьри, и Адэм и щӀыхьри, мелыӀыч лъапӀэхэм я щӀыхьри бгъэдэлъу къыщигъэзэжкӀэ. 27Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм и Тепщэныгъэр ямылъэгъуауэ дунейм емыхыжын мыбдежым щытхэм къыфхэтщ.
Хьисэ и щӀыхьыр и гъэсэнищым къазэрыригъэлъэгъуар
28А псалъэхэр жиӀа нэужь, махуий хуэдиз дэкӀауэ, Питрэс, Яхья, Екъуб сымэ зыщӀигъури, Хьисэ тхьэ елъэӀуну Ӏуащхьэм дэкӀуеящ. 29Тхьэ зделъэӀум, Абы и нэгум зихъуэжащ, и щыгъынри лыдыжу хужьыбзэ хъуащ. 30-31Хьисэ цӀыхуитӀ напӀэзыпӀэм къыхуэхутэри, къепсэлъэн щӀадзащ. Ахэр бегъымбарышхуэу Мусэрэ Илясрэт, тӀуми нурыр къащхьэщихырт. Тхьэм и мурадыр игъэзэщӀэн щхьэкӀэ, Ар куэд мыщӀэу Ерусэлим щылӀэн зэрыхуейм тепсэлъыхьырт ахэр. 32Питрэс и гъуситӀымрэ езымрэ жей къатеуэри, Ӏурихащ, ауэ къыщызэщыужым, зи щӀыхьыр нэхушхуэм хуэдэу нэрылъагъу хъуа Хьисэрэ адрей тӀумрэ – Мусэрэ Илясрэ къалъэгъуащ. 33Мусэрэ Илясрэ Ар къыщабгынэм, Питрэс Хьисэ мыпхуэдэу жриӀащ:
– УщиякӀуэ, сыту гурыхь мыбдежым дыщытыну. ПщыӀищ дгъэувынщ, зыр Уэ, зыр Мусэ, зыр Иляс папщӀэ.
Питрэс жиӀэр езым ищӀэжыртэкъым. 34Ар щыжиӀэм, пшэ Ӏэрамэ къащхьэщыхьэри, щӀихъумащ, щыщӀихъумэм, ахэр къэщтащ. 35Пшэм макъ къыхэӀукӀащ: «Мыр си Къуэрщ, Къыхэсхаращ. Абы жиӀэм федаӀуэ». 36Макъыр увыӀэжа нэужь, Хьисэ зыри и гъусэжтэкъым, езым и закъуэт. Абы и гъэсэнхэм ялъэгъуар зыми жрамыӀэу а махуэхэм ябзыщӀащ.
Хьисэ щӀалэщӀэ гуэрым жин бзаджэ къызэрыхихужар
37ЕтӀуанэ махуэм ахэр Ӏуащхьэм къехыжа нэужь, Хьисэ цӀыху гупышхуэ къыпежьащ. 38А гупым лӀы гуэр къыхэгуоукӀри, мыпхуэдэу жиӀащ:
– УщиякӀуэ, кхъыӀэ, си къуэм схуеплъ, а зыращ сиӀэр. 39Жин бзаджэр къытоуэри, егъэкӀий, хуэш къыхегъэхьэри, и жьэм тхъурымбэ къыжьэдэкӀыу егъэкӀэзыз икӀи хуабжьу имыгъэхыщӀауэ кӀэрыкӀыркъым. 40Уи гъэсэнхэм селъэӀуат жиныр къыхахужыну, ауэ зыри яхуещӀакъым.
41– ФӀэщхъуныгъэншэу зэкӀуэкӀа щӀэблэ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ иджыри сыфхэтыну? Сыт хуэдизрэ иджыри фысшэчыну? Къашэ мыдэ уи щӀалэр.
42ЩӀалэр къыщыбгъэдыхьэм, жин бзаджэм ар ириудри игъэкӀэзызащ. Хьисэ жиныр игъэувыӀэщ, щӀалэр игъэхъужри, и адэм иритыжащ. 43ЦӀыхухэм яфӀэтелъыджэ хъуащ Тхьэм и лъэкӀыныгъэм и инагъыр.
Хьисэ илэжьа Ӏуэхугъуэ псори ягъэщӀагъуэу цӀыхухэр здэщытым, езы Хьисэ и гъэсэнхэм мыр яжриӀащ:
44– Мы вжесӀэр фи гум ивубыдэ: ЦӀыхум и Къуэр цӀыхухэм ӀэщӀалъхьэнущ.
45Ауэ абыхэм къагурыӀуакъым Хьисэ жиӀам къикӀыр, а псалъэм и мыхьэнэр абыхэм щабзыщӀати. Езыхэри Хьисэ еупщӀыну тегушхуакъым.
Нэхъ иныр хэт?
46Хьисэ и гъэсэнхэм нэхъыщхьэ хъун хуейр яхузэхэмыгъэкӀыу зэдауэрт. 47Хьисэ ахэр зэгупсысыр ищӀэрти, сабий гуэр къищтэщ, зыбгъэдигъэувэри, мыпхуэдэу яжриӀащ:
48– Си хьэтыр зылъагъуу мы сабийр езыгъэблагъэм Сэри сригъэблэгъауэ мэхъу. Сэ сезыгъэблагъэм сыкъэзыгъэкӀуар иригъэблэгъауэ мэхъу. Нэхъ цӀыкӀу дыдэу къыфхэтырщ нэхъыщхьэр.
Пэрыуэгъу къыфхуэмыхъур фи телъхьэщ
49– УщиякӀуэ, дэ зыгуэр тлъэгъуащ жин бзаджэхэр цӀыхухэм уи цӀэкӀэ къахихужу, – жиӀащ Яхья. – ИкӀи пэдубыдащ апхуэдэу имыщӀэну, ди гъусэу зэрыщымытым щхьэкӀэ.
50– Пэвмыубыд. Фэ пэрыуэгъу къыфхуэмыхъур фи телъхьэщ, – жиӀащ Хьисэ.
Самарейхэм Хьисэ зэрамыдар
51Тхьэм Хьисэ уафэм щиӀэтыжыну махуэр къыщыблагъэм, Абы Ерусэлим кӀуэну мурад ищӀащ. 52Арати, Хьисэ лӀыкӀуэу цӀыху зыбжанэ япэ иригъэщащ. Ахэр кӀуэри, Самарие хэкум хиубыдэ жылэ гуэрым дыхьащ, Абы хэщӀапӀэ къыхуагъэхьэзырыну. 53Ауэ самарейхэм Ар жылэм дагъэхьэн ядакъым, Ерусэлим кӀуэрти. 54Абы и гъэсэнхэу Екъубрэ Яхьярэ ар щызэхахым, мыр жаӀащ:
– Зи щӀыхьыр ин, ахэр зысын мафӀэ уафэм къедгъэхынщ, ухуеймэ?
55Хьисэ абыхэм захуигъазэри щаригъэгъэтащ. 56Ахэр нэгъуэщӀ жылэ кӀуащ итӀанэ.
Хьисэ и гъуэгум утетыныр зыхуэдэр
57Ахэр гъуэгу тету здэкӀуэм, Хьисэ зыгуэрым мыр къыжриӀащ:
– Зи щӀыхьыр ин, Уэ дэнэ укӀуэми, уи ужь ситу сынэкӀуэнщ.
58– Бажэм гъуэ иӀэщ, къуалэбзуми абгъуэ иӀэщ, ауэ ЦӀыхум и Къуэм и щхьэр щигъэтӀылъын пӀэщхьагъ иӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ.
59– Си ужь къиувэ, – жриӀащ Абы нэгъуэщӀ зым.
– Зи щӀыхьыр ин, япэщӀыкӀэ си адэр щӀэзгъэлъхьэж, – къитащ абы жэуап.
60– ЛӀахэм я лӀахэр езым щӀрыралъхьэж, ауэ уэ кӀуэи, Тхьэм и Тепщэныгъэм и хъыбарыр цӀыхухэм яжеӀэ, – жриӀащ абы Хьисэ.
61НэгъуэщӀ гуэрми Хьисэ мыр къыжриӀащ:
– Зи щӀыхьыр ин, сэ уи ужь сиувэнщ, ауэ япэщӀыкӀэ си унэм исхэм сэлам езгъэхыж.
62– Зи Ӏэр пхъэӀэщэм тезылъхьэу къызэплъэкӀыжыр Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэтыну хуэфащэкъым, – итащ жэуап Хьисэ.
Currently Selected:
Лукас 9: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021