Лукас 6
6
Хьисэ щэбэтым и тепщэщ
1Зэгуэрым, щэбэт махуэу, Хьисэ гуэдз хьэсэм хэту кӀуэрт. И гъэсэнхэм гуэдз щхьэмыжхэр къыпачурэ яшхырт, яӀуэтурэ. 2Фарисейхэм ящыщ гуэрхэм ар щалъагъум, къыжраӀащ:
– Щэбэт махуэм пщӀэ мыхъунур#6:2 ПщӀэ мыхъунур – Теурэт Хабзэм къызэригъэувымкӀэ, щэбэт махуэм хьэцэпэцэ Ӏухыжыныр Ӏуэху къемызэгъыу щытащ. щӀэфщӀэр сыт? – жаӀэри.
3– Даут и гъусахэмрэ езымрэ къыщымэжэлӀам абы ищӀам фемыджауэ ара? – жиӀащ Хьисэ. – 4Даут Тхьэм и Шэтырым щӀыхьэщ, Тхьэм и пащхьэ иралъхьэ щӀакхъуэр къищтэри, ишхащ, и гъусэхэми яригъэшхащ, дин гъуазэхэм нэмыщӀ, а щӀакхъуэр зыми яшх мыхъуну щыта пэтрэ. – 5Хьисэ ар жиӀэри, мыр къыпищащ: – ЦӀыхум и Къуэр щэбэтым и тепщэщ.
6НэгъуэщӀ щэбэт махуэ гуэрым тхьэлъэӀупӀэ унэм щӀыхьэри, Хьисэ цӀыхухэр Тхыгъэ ЛъапӀэм щӀигъэджыкӀын щӀидзащ. Зи Ӏэ ижьыр гъуа лӀы гуэр абы щӀэст. 7Теурэт егъэджакӀуэхэмрэ фарисейхэмрэ Хьисэ кӀэлъыплъырт, а лӀыр щэбэт махуэм игъэхъужмэ, абыкӀэ ягъэкъуэншэн я мураду. 8Хьисэ абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, зи Ӏэр гъуа лӀым мыпхуэдэу жриӀащ:
– Къэтэджи, утыкум къиувэ.
ЛӀыр тэджри, утыкум иуващ.
9– Сэ фэ сынывоупщӀ, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. – ФӀы пщӀэныра хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра къезэгъыр щэбэт махуэм? ЦӀыхур къебгъэлыныра хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра къезэгъыр?
10Ар жиӀа нэужь, Хьисэ, псори къызэхиплъыхьри, зи Ӏэр гъуа лӀым жриӀащ:
– Уи Ӏэр къэший!
ЛӀым и Ӏэр ишийри, узыншэ хъужащ. 11Хьисэ и пэрыуэгъухэм ар щалъагъум, къызэрыгъэгубжьри, Хьисэ иращӀэнумкӀэ зэчэнджэщащ.
Хьисэ лӀыкӀуэ ищӀыну къыхихахэр
12А махуэхэм Хьисэ тхьэ елъэӀуну Ӏуащхьэм дэкӀуейри, жэщыр абы щигъэкӀуащ, тхьэ елъэӀуу. 13Нэху зэрыщу, и гъэсэнхэр ириджэщ, цӀыху пщыкӀутӀ абыхэм щыщу къыхихри, лӀыкӀуэ ищӀащ. 14Мис ахэр: Хьисэ Питрэс зыфӀищыжа Симэн, Питрэс и къуэш Индрис, Екъуб, Яхья, ФылыпӀ, Бартэлим, 15МатӀэ, ТӀэмус, Алиф и къуэ Екъуб, зилотхэм#6:15 Зилотхэр – журт диным нэгъуэщӀ динхэм яжь къыщӀимыхун, къамыуцӀэпӀын папщӀэ, хамэ динхэм, культурэхэм ерыщу пэщӀэту щыта журтхэм апхуэдэу еджэу щытащ. Зилотхэм Римым и бжьыр зытрадзыжын папщӀэ куэдрэ зыкъаӀэту щытащ. ящыщ Симэн, 16Екъуб и къуэ Ехьудэ икӀи Ехьудэ ИшкӀэриуэт (иужькӀэ Хьисэ епцӀыжар).
Гъуэгу махуэ теувахэр
17Хьисэ абыхэм я гъусэу Ӏуащхьэм къехыжри, и гъэсэн куэд къыщыпэплъэ тафэм къытехьэжащ. Абыхэм нэмыщӀ, Ехьудей псоми, Ерусэлими, хы Ӏуфэм Ӏут Тиррэ Сидонрэ пэгъунэгъу жылэхэми къикӀауэ цӀыху куэд къызэхуэсат. 18Хьисэ жиӀэм едэӀуэну икӀи я узхэр ирагъэхъужыну арат ахэр къыщӀэкӀуар. Жин бзаджэм иӀыгъхэри хъужырт. 19Сымаджэ псори зыгъэхъуж къару къызэрыпкърыкӀым щхьэкӀэ цӀыху псори Хьисэ еӀусэну щӀэкъут.
20И гъэсэнхэм яхэплъэри, Хьисэ жиӀащ:
– Гъуэгу махуэ фытеуващ тхьэмыщкӀэхэр,
сыту жыпӀэмэ Тхьэм и Тепщэныгъэм и жьауэ щӀэтхэр фэращ.
21Гъуэгу махуэ фытеуващ иджыпсту мэжалӀэхэр,
зывгъэнщӀыжынущи.
Гъуэгу махуэ фытеуващ иджыпсту гъыхэр,
фыгуфӀэжынущи.
22Гъуэгу махуэ фытеуващ, ЦӀыхум и Къуэм и гъуэгум фызэрытетым щхьэкӀэ цӀыхухэм фыкъалъагъу мыхъуу щытмэ, фыкъызыхахумэ, фхуэмыфащэ къывапэсмэ икӀи фи цӀэр ягъэикӀэмэ. 23ФыгуфӀэ а махуэм, фыгуфӀэ, фыдэлъей, сыту жыпӀэмэ уафэм саугъэт ин къыщыфпоплъэ. Апхуэдэ цӀыхухэм я адэжьхэм ар дыдэр пасэрей бегъымбархэми иращӀэу щытащ.
24Ауэ фэ, къулеижьхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ,
фи гум фӀэӀэфӀхэр зывгъэнщӀыху вгъуэтащи.
25Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ иджыпсту зи ныбэ изхэр,
фымэжэлӀэжынущи.
Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ иджыпсту дыхьэшххэр,
фыгъыжынущ, фыпыхьэжынущи.
26Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, цӀыху псори къыфщытхъумэ,
сыту жыпӀэмэ а къыфщытхъухэм я адэжьхэри бегъымбар нэпцӀхэм ящытхъуу щытащ.
ФӀылъагъуныгъэм теухуауэ
27– Ауэ Сэ къызэдаӀуэхэм нывжызоӀэ: Фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, фыкъэзылъагъу мыхъухэм фӀы яхуэфщӀэ. 28Къывэбгхэм Тхьэм и нэфӀ къащыхуэну фахуелъэӀу, фи жагъуэ къэзыщӀхэми Тхьэр фӀыкӀэ къахуэупсэну фахуелъэӀу.
29Уи напэм къеуэм адрей напэ лъэныкъуэр хуэгъазэ. Уи щыгъын щӀыӀутелъыр птезыхым упэрымыуэу уи джанэри егъащтэ. 30КъолъэӀу дэтхэнэми къыщӀолъэӀур ет! Уи хьэпшып птезыхым къытепхыжыну и ужь уимыхьэ. 31ЦӀыхухэм зыхуевгъэщӀэну фызыхуейр фэри яхуэфщӀэ.
32ФӀыуэ фыкъэзылъагъухэм фӀэкӀа адрейхэр фӀыуэ фымылъагъумэ, Тхьэр къыфщытхъуну фыщымыгугъ. Гуэныхьлыхэми фӀыуэ къэзылъагъухэр фӀыуэ ялъагъуж. 33ФӀы къыфхуэзыщӀэхэм фӀэкӀа адрейхэм фӀы яхуэвмыщӀэмэ, Тхьэр къыфщытхъуну фыщымыгугъ. Гуэныхьлыхэми ар дыдэр ящӀэркъэ? 34Къэзыпшыныжыну фызыщыгугъхэм фӀэкӀа нэгъуэщӀхэм щӀыхуэ евмытмэ, Тхьэр къыфщытхъуну фыщымыгугъ. Гуэныхьлыхэми езыхэм хуэдэ гуэныхьлыхэм щӀыхуэ ират, абы хуэдиз дыдэ къызэрыратыжынур ящӀэри. 35Ауэ фэ фи бийхэр фӀыуэ флъагъу, фӀы яхуэфщӀэ икӀи щӀыхуэ ефт, къыватыжыну фыщымыгугъми. Абы щыгъуэ саугъэтышхуэ къыфлъысынущ икӀи Я Нэхъ Лъагэм и бын фыхъунущ, Тхьэр фӀыщӀэ зымыщӀхэми цӀыху ябгэхэми яхуэжумартщи. 36Фи Адэ лъапӀэм хуэдэу гущӀэгъулыуэ фыщыт.
Хьэкум зыми тевмыщӀыхь
37– Хьэкум#6:37 Хьэкум – суд. зыми тевмыщӀыхьи, фэри къыфтращӀыхьынукъым. Зыри фымыгъэкъуанши, Тхьэм фэри фигъэкъуэншэнукъым. КъывэкъуэншэкӀхэм яхуэвгъэгъуи, Тхьэм фэри къыфхуигъэгъунущ. 38ЦӀыхухэм зыщӀэлъэӀур ефти, Тхьэм фэри къывитынущ. Пщалъэм изу, зэщыгуарэ зэщыубэжауэ Тхьэм къыфхуипщыжынущ. НэгъуэщӀу жыпӀэмэ, фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэкӀэщ фэри къызэрыфхуапщынур.
39Ар жиӀэри, Хьисэ абыхэм ущие псалъэ яжриӀащ:
– Зы нэфыр нэгъуэщӀ нэфым гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъун лъэкӀыну? ТӀури мащэм ихуэнукъэ? 40ЕджакӀуэр езыгъаджэм нэхърэ нэхъ инкъым, ауэ зыхуагъэӀущыр нэгъэсауэ зыдж дэтхэнэри абы хуэдэ мэхъу. 41Уи нэм щӀэлъ бжэгъур умылъагъуу, уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр щхьэ плъагъурэ? 42Уэ езым уи нэм щӀэлъ бжэгъур умылъагъужу, уи къуэшым дауэ жепӀэфрэ: «Си къуэш, уи нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къыщӀэзгъэхыж», – жыпӀэу? БзитӀщхьитӀ! Уэ езым уи нэм щӀэлъ бжэгъур къыщӀэхыж япэщӀыкӀэ, итӀанэ къэпщӀэнущ уи къуэшым и нэм щӀэлъ пхъэласкӀэр къызэрыщӀэпхыжыну щӀыкӀэр.
Жыгыр зыхуэдэр къызэращӀэ щӀыкӀэр
43– ЖыгыфӀым пхъэщхьэмыщхьэ Ӏей къыпыкӀэркъым, жыг Ӏейми пхъэщхьэмыщхьэфӀ къыпыкӀэркъым. 44Дэтхэнэ жыгри зыхуэдэр къыпыкӀэмкӀэщ къызэращӀэр. Пыжьейм жызум къыпачыркъым, кхъуэбанэми хъурмэ къыпачыркъым. 45ЦӀыху угъурлым фӀыр щихъумэ и гум фӀы кърех. ЦӀыху ябгэм ер щихъумэ и гум е кърех. Сыту жыпӀэмэ цӀыхум и гум илъырщ и бзэм къипсэлъыр.
Унэ лъабжьэ нэсыр
46– Сэ вжесӀэр щывмыгъэзащӀэкӀэ, «Зи щӀыхьыр ин, Зи щӀыхьыр ин!» къыщӀызжефӀэр сыт? 47Си Ӏумэтым къихьэрэ, си псалъэм едаӀуэу, ар зыгъэзащӀэ дэтхэнэри зыхуэдэр вжесӀэнщ. 48Унэ щиухуэм щӀыр куууэ дэзытӀыкӀыу унэ лъабжьэр мывэм тезыщӀыхьа цӀыхум хуэдэщ ар. Псыр къиури, унэм тегуплӀащ, ауэ хуэгъэхъеякъым, унэр зэпэщу щӀа хъуати. 49Ауэ си псалъэм едаӀуэу ар зымыгъэзащӀэр, зи унэр лъабжьэ имыӀэу щӀым и гущӀыӀум тезыщӀыхьа цӀыхум хуэдэщ. Псыр щытегуплӀэм, а унэр асыхьэтым къызэтеуэжащ, къутахуэ фӀэкӀа къэмынэу.
Currently Selected:
Лукас 6: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

: