Лукас 14
14
Бэг уз зэфыкӀ лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар
1Щэбэт махуэу, фарисейхэм я унафэщӀ лӀы гуэрым Хьисэ иригъэблагъэри, Ӏэнэ къыхуищтащ. ХьэщӀэхэм я нэр Абы трамыгъэкӀыу кӀэлъыплъырт. 2ЦӀыхур зыгъэбэг уз ефыкӀыу лӀы гуэр Хьисэ и пащхьэм къиуващ. 3Хьисэ теурэт егъэджакӀуэхэмрэ фарисейхэмрэ захуигъазэри, мыпхуэдэу еупщӀащ:
– Щэбэт махуэм цӀыхур бгъэхъуж хъуну, хьэмэрэ мыхъуну? – жиӀэри.
4Зыри жаӀэртэкъым. ЩыжамыӀэм, Хьисэ сымаджэм теӀэбэщ, игъэхъужри иутӀыпщыжащ. 5Мыдрейхэм яжриӀащ итӀанэ:
– Зыгуэрым фи къуэр е фи выр псым хэхуэмэ, асыхьэтым къыхэфхыжынукъэ, ар щэбэт махуэу щыт пэтми?
6Зыри къыжраӀэфакъым абыхэм.
Зызыгъэлъагэм и пщӀэр ехуэхынущ, зызыгъэлъахъшэм и пщӀэр Тхьэм иӀэтынущ
7ХьэщӀэхэм тӀысыпӀэ хэплъыхь ящӀу щилъагъум, Хьисэ абыхэм мыпхуэдэу яжриӀащ:
8– ГуфӀэгъуэ зиӀэ гуэрым уригъэблагъэмэ, жьантӀэм умыкӀуэ, уэ нэхърэ зи пщӀэр нэхъ лъагэ гуэр кърагъэблэгъауэ къыщӀэкӀмэ, 9уезыгъэблэгъа бысымым мыпхуэдэу къыбжиӀэнущ: «Мыр а уздэщысым деж гъэтӀысыт». Уи напэр текӀауэ ӀэнэкӀэм укъыпытӀысхьэжын хуей хъунущ абы щыгъуэ. 10Ауэ уэ ущрагъэблагъэкӀэ, кӀуэи, Ӏэнэм и кӀэ дыдэм деж щетӀысэх, уезыгъэблэгъам мыпхуэдэу къыбжиӀэн щхьэкӀэ: «Ныбжьэгъу, мыдэ къыдэкӀуэтейт». Ӏэнэм къыбдыщыс псоми ялъагъуу уи пщӀэр лъагэ хъунущ абы щыгъуэ. 11Аращи, зызыгъэлъагэм и пщӀэр ехуэхынущ, зызыгъэлъахъшэм и пщӀэр Тхьэм иӀэтынущ.
12Хьисэ езыгъэблэгъа бысымым мыпхуэдэу жриӀащ итӀанэ:
– Шэджагъуэм е пщыхьэщхьэм Ӏэнэ къыщыпщтэкӀэ, уи ныбжьэгъуи, уи къуэши, уи Ӏыхьлыи, уи гъунэгъу къулейхэми уемыджэ, сыту жыпӀэмэ абыхэм уэри урагъэблэгъэжынурэ яхуэпщӀар къыпхуащӀэжа хуэдэу хъунущ. 13Ауэ уэ Ӏэнэ къыщыпщтэкӀэ, факъырэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, щӀакъуэхэр, нэфхэр егъэблагъэ. 14Мис абы щыгъуэ гъуэгу махуэ утеуващ, абыхэм яхуэпщӀар къыпхуащӀэжыфынукъыми. Ауэ уэ Тхьэм къыпхуищӀэжынущ цӀыху щыпкъэ лӀахэр къыщытэджыжыну махуэм.
Тхьэр къыщоджэм деж жыӀэщӀэу щыт
15Ӏэнэм къыдыщыс гуэрым ар щызэхихым, Хьисэ къыжриӀащ:
– Тхьэм и Тепщэныгъэр нахуэу къэлъэгъуа нэужь, абы къыщаӀэтыну гуфӀэгъуэм хэтынур гъуэгу махуэ теуващ.
16– ЛӀы гуэрым Ӏэнэшхуэ къигъэуври, цӀыху куэдым еджащ, – жиӀащ Хьисэ. 17– Ӏэнэм пэрытӀысхьэн щыхуей сыхьэтыр къыщысым, и унэӀутыр зэджахэм я деж игъакӀуэри, Ӏэнэр зэрыхьэзырыр яжрыригъэӀащ. 18Ауэ зэгурыӀуа нэхъей псори къелъэӀужащ зэрыхуемыблэгъэфым щхьэкӀэ губгъэн яхуимыщӀыну. Зым мыпхуэдэу къиӀуэхуащ: «Сэ щӀы Ӏыхьэ къэсщэхуащи, сыкӀуэу семыплъу хъунукъым, кхъыӀэ, губгъэн къысхуумыщӀ». 19Адрейми мыпхуэдэу къиӀуэхуащ: «ТанипщӀ къэсщэхуащи, я щытыкӀэм сеплъыну сокӀуэри, кхъыӀэ, емыкӀу къысхуумыщӀ». 20Ещанэми мыпхуэдэу жиӀащ: «Фыз къэсшащи, сынэкӀуэфынукъым». 21Арати, унэӀутым къигъэзэжри, къыжраӀар и тхьэмадэм хуиӀуэтэжащ. Апхуэдэу щыхъум, Ӏэнэ къызэтезыгъэувар къэгубжьри, и унэӀутым жриӀащ: «Къалэм и уэрамышхуэхэми уэрам зэвхэми псынщӀэу ирикӀуи, факъырэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, нэфхэр, щӀакъуэхэр си унэ къишэ». 22УнэӀутым къыщигъэзэжым, и тхьэмадэм жриӀащ: «Зи щӀыхьыр ин, уи унафэр згъэзэщӀащ, ауэ иджыри тӀысыпӀэ нэщӀ Ӏэнэм иӀэщ». 23Тхьэмадэм унэӀутым жреӀэ абы щыгъуэ: «Къалэм дэкӀи, губгъуэ гъуэгухэм техьэ, бжыхь лъабжьэхэр щӀэщыкӀ икӀи къыпхуэзэу хъуар си деж къэкӀуэну къытегъэхьэ, си унэм цӀыхур щӀэз хъун щхьэкӀэ. 24НывжызоӀэ, хъыбар зэзгъащӀэу къэмыкӀуахэм щыщу зыри си Ӏэнэ къэтӀысынукъым».
Хьисэ и Ӏумэтым уитыныр Ӏуэху тыншкъым
25Хьисэ и гъусэу цӀыху куэд кӀуэрт. Абыхэм захуигъазэри яжриӀащ:
26– Си Ӏумэтым итхэм я адэ-анэхэм, я фызхэм, я бынхэм, я къуэшхэм, я шыпхъухэм, уеблэмэ я псэм нэхърэ нэхъыфӀу сыкъамылъагъумэ, си гъэсэн хъунукъым. 27Си ужь къиувэу Сэр щхьэкӀэ гугъу зезымыгъэхьыфыр, уеблэмэ и гъащӀэр итыну мыхьэзырыр си гъэсэн хъунукъым. 28Фэ фщыщ гуэрым чэщанэ иухуэну мурад ищӀмэ, тӀысу текӀуэдэнур къипщытэнукъэ япэщӀыкӀэ, лэжьыгъэр и кӀэм нигъэсыфынрэ нимыгъэсыфынрэ ищӀэн щхьэкӀэ? 29Армырамэ, лъабжьэр игъэувауэ, чэщанэр хунэмыгъэсыжмэ, ар зылъагъухэм ауан къащӀынущ, 30мыпхуэдэу жаӀэурэ: «Мы лӀым чэщанэ иухуэну щӀидзат, ауэ хунэгъэсыфакъым».
31Хьэмэрэ мыпхуэдэ жытӀэнщ: нэгъуэщӀ пащтыхьым езэуэну зызыгъэхьэзыр пащтыхьыр тӀысу япэщӀыкӀэ егупсысынукъэ минипщӀ фӀэкӀа мыхъу и дзэмкӀэ мин тӀощӀ хъууэ къыхуэкӀуэ дзэм езэуэфынрэ емызэуэфынрэ? 32Емызэуэфынумэ, бийр жыжьэ щӀыкӀэ и лӀыкӀуэхэр игъэкӀуэнурэ, зэгурыӀуэныгъэ къарищӀылӀэну иригъэлъэӀунущ.
33Абы ещхьу, фэ фщыщ дэтхэнэ зыми и гур и мылъкум къыбгъэдимыгъэкӀмэ, си гъэсэн хъунукъым.
Шыгъур мышыугъэмэ, сыт и сэбэп?
34– ЗэрыфщӀэщи, шыгъур фӀыщ. Ауэ шыгъум и шыугъэр щӀэкӀмэ, ар зыкӀи шыугъэ пхуэщӀыжынукъым. 35Ар зыкӀи къыпхуэгъэсэбэпынукъым итӀанэ, уеблэмэ щӀым хэбдзэми, щӀыр абыкӀэ пхуэгъэпшэрынукъым. Апхуэдэ шыгъур, зыкӀи щымыгугъыжу, хыфӀадзэж. ТхьэкӀумэ зиӀэм жысӀэр зэхрырех.
Currently Selected:
Лукас 14: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021