YouVersion Logo
Search Icon

Лукас 1

1
ПэщӀэдзэ Ӏыхьэ
1Ди деж къыщыхъуа Ӏуэхугъуэхэм теухуа хъыбар кърагъэжьауэ куэдым ятхыж. 2А Ӏуэхугъуэхэм къызэрыщӀадзэрэ ахэр зи нэгу щӀэкӀауэ Тхьэм и Псалъэр цӀыхум яхэзылъхьэу щытахэм къыджаӀэжаращ а хъыбархэм лъабжьэ хуэхъуар. 3Арати, сэри а Ӏуэхугъуэхэм я щӀэдзапӀэ дыдэм щезгъажьэри, къанэ щымыӀэу псори щызэхэзгъэкӀым, зи пщӀэр лъагэ Теофил#1:3 Теофил – Лукас мы тхылъыр зыхуитхыращ. , хъыбарыр зэкӀэлъыкӀуэу ныпхуэстхыну мурад сщӀащ, 4узыхуаущия Ӏуэхум и пэжыпӀэр пщӀэн щхьэкӀэ.
Яхья бегъымбарыр къызэралъхунур мелыӀычымкъызэрыжиӀар
5 Ехьудейм и пащтыхь Хьирэд и тетыгъуэ зэманым Зэчрей и цӀэу дин гъуазэ гуэр псэуащ. Ар Абий къытехъукӀыжа дин гъуазэ гупым яхэтащ. Абы и щхьэгъусэ Елисавэ Хьэрун къытехъукӀыжахэм ящыщт. 6Зиусхьэну Тхьэм и пащхьэм цӀыху щыпкъэу итт тӀури, Абы и хабзэхэмрэ и унафэхэмрэ ядэбгъуэн щымыӀэу ягъэзащӀэу. 7Ауэ ахэр быныншэт, Елисавэ фызмылъхуэти, абы къищынэмыщӀауэ тӀуми я ныбжьыр фӀыуэ хэкӀуэтат.
8Зэчрей зыхэт дин гъуазэ гупым я чэзур къэсауэ, Тхьэм и Унэм дин Ӏуэху щилэжьырт зэгуэрым. 9Дин гъуазэхэм я хабзэм тету пхъэидзэ щащӀым, Зиусхьэным и Унэм щӀыхьэу, мэ дахэ къызыхих сагъыз Тхьэм папщӀэ игъэсын хуейуэ къылъысащ Зэчрей. 10Тхьэм и Унэр зыдэт пщӀантӀэм цӀыхубэр тхьэ щелъэӀурт Зэчрей сагъызыр щигъэс сыхьэтым. 11Сагъыз гъэсыпӀэм ижьырабгъумкӀэ Зиусхьэным и мелыӀыч Зэчрей къыщыхуэхутащ. 12Ар щилъагъум, къащтэри, Зэчрей хуабжьу шынащ. 13Ауэ мелыӀычым къыжриӀащ:
– Умышынэ, Зэчрей. Уи лъэӀур Тхьэм зэхихащ. Уи щхьэгъусэ Елисавэ къуэ къыпхуилъхунущ, уэ абы фӀэпщынур Яхьящ. 14ГуфӀэгъуэрэ насыпрэ къыпхудэкӀуэнущ абы икӀи ар дунейм къызэрытехьам щхьэкӀэ цӀыху куэд гуфӀэнущ. 15Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и пащхьэм цӀыху щэджащэу итынущ ар, сани нэгъуэщӀ фади ефэнукъым. И анэм и ныбэм щилъыну зэманым щыщӀэдзауэ, Тхьэм и Псэр и гум хыхьауэ щытынущ ар. 16Я Тхьэу Зиусхьэным и гъуэгум израил лъэпкъым щыщу куэд тришэжынущ. 17Тхьэм и Псэр Иляс бегъымбарым и гум илъу зэрыщытам хуэдэу, абыи и гум илъу икӀи Иляс иӀа лъэкӀыныгъэр иӀэу Зиусхьэным ипэ къихуэу цӀыхухэм къахыхьэнущ ар. Адэхэмрэ бынхэмрэ зэфӀ ищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэр цӀыху щыпкъэхэм я гъуэгум тришэнущ, израил лъэпкъыр Зиусхьэным и къэкӀуэгъуэм хуигъэхьэзырынущ.
18– Ар зэрыпэжыр дауэ сэ къызэрысщӀэнур? – жиӀэри еупщӀащ Зэчрей мелыӀычым. – Сэ лӀыжь сыхъуащ, си щхьэгъусэми и ныбжьыр хэкӀуэтащ.
19– Тхьэм и пащхьэ ит ДжэбрэӀилыр сэращ, а хъыбарыфӀыр къыпхузигъэхьащ Тхьэм, – жиӀащ мелыӀычым. 20– Аращи, и чэзум къэхъун хуейуэ бжесӀар уи фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀэ уи бзэр иубыдынурэ умыпсэлъэфу ущытынущ, а Ӏуэхур зэщӀэху.
21Зэчрей Тхьэм и Унэм зэрызыщиӀэжьэр ягъэщӀагъуэу, цӀыхубэр пщӀантӀэм къыщыпэплъэрт. 22Ар Тхьэм и Унэм къыщӀэкӀыжащ, ауэ цӀыхухэм епсэлъэфакъым. ИтӀанэ къагурыӀуащ Тхьэм и Унэм абы телъыджэ гуэр зэрыщилъэгъуар. Зэчрей псэлъэжыфыртэкъым, ӀэпэтэрмэшкӀэ цӀыхухэм зыгуэр яригъэлъагъу фӀэкӀа.
23Тхьэм и Унэм щылэжьэн щыхуей махуэхэр щиухым, Зэчрей и унэ кӀуэжащ. 24Абы и ужькӀэ куэд дэмыкӀыу, Зэчрей и фыз Елисавэ лъэщыджэ хъури, цӀыхухэм мазитхукӀэ защибзыщӀащ. 25Абы мыпхуэдэу жиӀэрт: «Ар къысхуэзыщӀар Зиусхьэнырщ, и нэфӀ къысщыхуэри, си напэр щӀытекӀ емыкӀур сщхьэщихащ иджы».
Мэрям мелыӀычыр къызэрыхуэкӀуар
26-27Елисавэ мазих пӀалъэм иту, Гэлилей хэкум хыхьэ Нэзэрэт къуажэм дэс пщащэм, МэрямкӀэ зэджэм, деж Тхьэм ДжэбрэӀил мелыӀычыр къигъэкӀуащ. Исуф и цӀэу Даут бегъымбарым къытехъукӀыжа лӀы гуэррэ Мэрямрэ зэрышэн хуейуэ зэгурыӀуауэ щытт. 28Абы деж щӀыхьэри, мелыӀычым жиӀащ:
– Сэлам узох, Тхьэм и нэфӀыр зыщыхуа. Зиусхьэным и нэӀэ къыптет зэпытщ.
29МелыӀычым къыжриӀа псалъэм бзылъхугъэр хуабжьу игъэпӀейтеящ икӀи абы и сэламым игъэгупсысащ.
30– Умышынэ, Мэрям, – жиӀащ абы, – Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуащ. 31Уэ лъэщыджэ ухъунурэ къуэ бгъуэтынущ, уэ Абы фӀэпщынур Хьисэщ#1:31 Хьисэ – журтыбзэкӀэ «Зиусхьэным дыкърегъэл» жиӀэу аращ. . 32Ар цӀыху щэджащэ хъунущ, Я Нэхъ Лъагэм и КъуэкӀэ еджэнущ Абы. И адэжь Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм къритынущ Абы. 33Екъуб къытехъукӀа лъэпкъым я тепщэу игъащӀэкӀэ щытынущ, и тепщэныгъэми кӀэ иӀэнукъым.
34– Сыхъыджэбздэсу ар дауэ къызэрыхъунур? – еупщӀащ Мэрям мелыӀычым.
35– Тхьэм и Псэр къыпхуехынурэ Я Нэхъ Лъагэм и къарур къыпщхьэщыувэнущ. Абы къыхэкӀкӀэ, къэплъхуну сабийр Тхьэм ейуэ щытынущ икӀи Тхьэм и КъуэкӀэ еджэнущ Абы. 36Уи благъэ Елисавэ, сабий иӀэнукъым жыхуаӀэу щытари, и жьыщхьэ лъэщыджэ хъуауэ, мазэ еханэм итщ, щӀалэ цӀыкӀу поплъэ; 37Тхьэм лъэмыкӀын зыри щыӀэкъым.
38– Зиусхьэным и ӀэмыщӀэм силъщ, – жиӀащ Мэрям. – Уэ зэрыжыпӀам тету ирехъу псори.
Мэрям къигъанэри, мелыӀычыр щӀэкӀыжащ.
Мэрям Елисавэ деж зэрыкӀуар
39Абы и ужькӀэ куэд дэмыкӀыу, Мэрям зигъэхьэзырри, Ехьудей хэкум и бгылъэ щӀыпӀэм ит къуажэм пӀащӀэу кӀуащ. 40Щынэсым, Зэчрей и унэм щӀыхьэри, абы Елисавэ сэлам ирихащ. 41Елисавэ Мэрям и сэламыр щызэхихым, абы и ныбэм илъ сабийм зигъэхъеящ икӀи Тхьэм и Псэр Елисавэ и гум хыхьащ. 42Макъ лъагэкӀэ къэпсалъэри, Елисавэ жиӀащ:
– ЦӀыхубз псоми я нэхъ лейуэ Тхьэр фӀыгъуэкӀэ къыпхуэупсащ! Къэплъхун хуей сабийм Тхьэм и нэфӀыр къыщыхуащ! 43Си Зиусхьэным и анэр си деж къэкӀуэну схуэфащэ сэ? 44Уи сэламыр щызэхэсхым, си ныбэм илъ сабийм гуфӀэгъуэшхуэр иӀэу зигъэхъеящ. 45Зиусхьэным къыжиӀар зэрызэщӀэнур уи фӀэщ хъуащи, гъуэгу махуэ утеуващ.
46Абы и ужькӀэ Мэрям жиӀащ:
– Си гущӀэм щӀыхьышхуэ къыщыхуоуш Зиусхьэным!
47Си Тхьэу си КъегъэлакӀуэм щогуфӀыкӀыр си псэр,
48пщӀэ зимыӀэ сэ, и унэӀутым, гу къыслъитащи.
Нобэ щыщӀэдзауэ къэхъуну щӀэблэ псоми сынасыпыфӀэу жаӀэнущ,
49Тхьэ Лъэщым телъыджэлажьэ къысхуищӀащи.
ПхуэмыӀуэтэну лъапӀэщ Абы и цӀэр.
50Зы щӀэблэм адрей щӀэблэр кӀэлъыкӀуэу,
Тхьэр псоми яхуэгумащӀэщ Ар зылъытэхэм.
51Ӏуэху телъыджэ куэд и ӀэкӀэ зэфӀигъэкӀащ,
гупсысэ пагэ зигу илъхэм яхурикъуащ.
52Тепщэхэр я тахътэм къридзыхри,
пщӀэ зыхуамыщӀ цӀыхухэм я пщӀэр иӀэтащ.
53ХуэмыщӀауэ псэухэм фӀыгъуэкӀэ яхуэупсащ,
къулейхэр ӀэнэщӀу иутӀыпщыжащ.
54-55Ди адэжьхэр зэригъэгугъам тету,
и ӀуэхутхьэбзащӀэ Израилым дэӀэпыкъуэгъу хуэхъуащ,
Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыжахэмрэ игъащӀэкӀэ яхуэгумэщӀэну псалъэ зэритар ищӀэжырти.
56Елисавэ деж мазищ хуэдизкӀэ щыхьэщӀа нэужь, Мэрям и унэ кӀуэжащ.
Яхья бегъымбарыр къызэралъхуар
57И пӀалъэр къэсри, Елисавэ къуэ къилъхуащ. 58Зиусхьэным абы апхуэдэ фӀыгъуэшхуэ къызэрыхуищӀар щызэхахым, и гуфӀэгъуэр даӀыгъын папщӀэ, и гъунэгъухэмрэ и благъэхэмрэ къызэхуэсащ. 59Махуэ еянэм, сабийр сунэт#1:59 Сунэт – хъулъхугъэ сабийм и лы кӀапэр паупщӀын хуейуэ къэзыгъэув хабзэм зэреджэ фӀэщыгъэцӀэщ. ящӀыну цӀыхухэр щызэхуэсым, и адэм и цӀэр, Зэчрей, и къуэми фӀащыну мурад ящӀат. 60Ауэ сабийм и анэм яхуимыдэу къажриӀащ:
– Зэчрейкъым, атӀэ Яхьящ абы фӀэтщынур.
61– Апхуэдэу зэджэ уи Ӏыхьлыхэм яхэткъым, – къыжраӀащ абыхэм. 62ИтӀанэ ӀэпэтэрмэшкӀэ сабийм и адэм еупщӀащ цӀэуэ фӀищынумкӀэ.
63Зэчрей пхъэбгъу кӀапэ къригъэхьри, псоми яфӀэтелъыджэу, мыпхуэдэу тритхащ: «Абы фӀэтщынур Яхьящ». 64Абдеж дыдэм и бзэр къиутӀыпщыжщ, къэпсалъэри, Тхьэр игъэлъэпӀащ абы. 65Я гъунэгъу псори хуабжьу шынат икӀи Ехьудей хэкум и бгылъэ щӀыпӀэхэм а Ӏуэхум фӀэкӀа нэгъуэщӀ щагъэхъыбарыжтэкъым. 66А псори зэхэзыхахэм, а Ӏуэхум егупсысурэ, ягукӀэ мыпхуэдэу жаӀэрт: «Мы сабийм къыхэкӀынур хэту пӀэрэ?» Зиусхьэным и нэӀэр сабийм зэрытримыгъэкӀыр къагурыӀуати, арат абыхэм апхуэдэу щӀыжаӀэр.
Зэчрей Тхьэм и псалъэ къызэрыжиӀар
67Сабийм и адэм и гум Тхьэм и Псэр хыхьэри, мы псалъэхэр къыжиӀащ:
68– Ди Зиусхьэну Израилым ди Тхьэр дывгъэгъэлъапӀэ,
и лъэпкъым щӀэгъэкъуэн къытхуэхъуащи, щхьэхуитыныгъэ къыдитащи.
69-70Пасэ зэманым Тхьэм къыхихауэ щыта бегъымбархэм я жьэкӀэ дыкъызэригъэгугъам тету,
и ӀуэхутхьэбзащӀэу щыта Даут бегъымбарым къытехъукӀауэ,
КъегъэлакӀуэ лъэщ къытхуигъэкӀуащ.
71Абы ди бийхэмрэ дыкъэзылъагъу мыхъухэмрэ дакъригъэлынущ.
72Ди адэжьхэм яхуэгумэщӀэну икӀи и ЗэухылӀэныгъэ лъапӀэу абыхэм ярищӀылӀар игу иригъэлъыну къигъэгугъащ ахэр.
73-74Тхьэм ди адэжь Ибрэхьим псалъэ быдэ иритащ,
ди бийхэм дакъыӀэщӀихыжыну икӀи шынэ дымыщӀэу и гъуэгу дытригъэтыну,
75дыпсэуху гу къабзэрэ напэ хужькӀэ и пащхьэ дитын щхьэкӀэ.
76Ауэ уэ, си щӀалэ, Я Нэхъ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ,
Зиусхьэным и гъуэгур хуэбгъэхьэзырыну, Абы япэ уиту цӀыхухэм уахыхьэнущи.
77Зиусхьэным и лъэпкъым я гуэныхьхэр къахуигъэгъуу къызэрыригъэлынур уэ абыхэм яхуэпӀуэтэнущ.
78Зигу дапщэщи къытхуэфӀ ди Тхьэм дыгъэ къыкъуэкӀым хуэдэу Нэхушхуэ уафэм къытхуригъэхынущ,
79ажалым и бжьыр зытелъхэмрэ кӀыфӀыгъэм хэту псэухэмрэ къыттепсэн
икӀи мамырыгъэм и гъуэгум дытришэн щхьэкӀэ.
80Сабийр хэхъуэрт, гукӀи псэкӀи зиужьырт. Тхьэм израил лъэпкъым яхуигъэкӀуэху, ар къумым щыпсэуащ.

Currently Selected:

Лукас 1: АдгФЛ

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in