Инус 4
4
Тхьэм и гущӀэгъум Инус къызэригъэгубжьар
1Инус хуабжьу и жагъуэ хъуащ ар икӀи къэгубжьащ. 2Зиусхьэным зыхуигъазэри жриӀащ:
– Зиусхьэн, Ӏуэхур апхуэдэу зэрыхъунур си унэ сыщӀэсу жысӀатэкъэ? СыщӀэпхъуэу Таршиш сыщӀежьари аращ. Уи гум цӀыхухэм фӀы зэрахуилъыр, гущӀэгъу зэрахууиӀэр, узэрытэмакъкӀыхьыр, уи гур цӀыхум яхуэхуабэ зэпыту зэрыщытыр, уи тезырым ухущӀегъуэжыну узэрыхьэзырыр сщӀэрт. 3Иджы, Зиусхьэн, си гъащӀэр сӀыхыж, сыпсэу нэхърэ сылӀэмэ нэхъыфӀщ.
4– Абы щхьэкӀэ укъэгубжь хъурэ-тӀэ? – жиӀэри, Зиусхьэныр Инус къеупщӀащ.
5Инус къалэм дэкӀри, абы и къуэкӀыпӀэ лъэныкъуэмкӀэ къэтӀысащ. ПщыӀэ игъэуври, жьауапӀэм щӀэтӀысхьащ, къалэм къыщыщӀынур илъагъун щхьэкӀэ.
6Зиусхьэну Тхьэм къэкӀыгъэ къигъэкӀри Инус нэхърэ нэхъ лъагэу зригъэӀэтащ, абы и щӀагъ жьауэм щӀигъэсын, и гур дахэ хуищӀыжын щхьэкӀэ. Инус хуабжьу щыгуфӀыкӀащ къэкӀыгъэм.
7Тхьэм и ӀэмыркӀэ, етӀуанэ махуэм, нэхулъэ къищӀа къудейуэ, хьэпӀацӀэм къэкӀыгъэм и лъабжьэр щӀишхыкӀри, къэкӀыгъэр гъужащ. 8Дыгъэм зиӀэта нэужь, къуэкӀыпӀэмкӀэ къикӀыу жьы хуабей къригъэпщащ Тхьэм. Инус дыгъэ бзий гуащӀэм апхуэдизкӀэ къыхигъэзыхьат, и къарур щӀихати, ажал къыхуигъэкӀуэну елъэӀуащ.
– Сыпсэу нэхърэ сылӀэмэ нэхъыфӀщ, – жиӀэри.
9Тхьэр Инус еупщӀащ:
– КъэкӀыгъэр зэрыгъужам щхьэкӀэ угубжь хъурэ-тӀэ?
– Хъунущ, – жиӀащ Инус. – Сызэгуэудыным хуэдэущ сызэрыгубжьар!
10Зиусхьэным къыпищащ итӀанэ:
– Гугъу узыдемыхьа, къыумыгъэкӀа, жэщым къэкӀыу етӀуанэ махуэм гъужа къэкӀыгъэм уигу щӀэгъуащ уэ. 11АтӀэ Сэ дауэ сигу щӀэмыгъунрэ Ӏэ ижьымрэ сэмэгумрэ зэхэзмыгъэкӀыфу цӀыху минищэрэ тӀощӀым щӀигъу зыдэс Нинуй къалэшхуэм, абы я Ӏэщ хъушэхэм дауэ сащымысхьынрэ?
Currently Selected:
Инус 4: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

: