ДжакӀуэ 6
6
Еханэ Ӏыхьэ
1ЦӀыху цӀыкӀум хуабжьу къытехьэлъэу мы уафэм и щӀагъым нэгъуэщӀ зы тхьэмыщкӀагъи щыслъэгъуащ. 2Тхьэм беигъэри, мылъкури, щытхъури цӀыхум къретыр, къанэ щӀагъуи щымыӀэу зыщӀэхъуэпс псори къыбгъэделъхьэ. АрщхьэкӀэ а псом ар щыгуфӀыкӀыну Тхьэм Ӏэмал къритыжкъым – нэгъуэщӀым къыхуегъанэ. Мыр пщӀэ зимыӀэ Ӏуэхущ, къызэрымыкӀуэуи тхьэмыщкӀагъэшхуэщ.
3ЦӀыхум сабиищэ къыщӀэхъуэнкӀи, гъащӀэ кӀыхь къигъэщӀынкӀи хъунущ, ауэ сыт хуэдиз къимыпсэуами, мылъкум хъер химылъэгъуамэ, екӀуу щӀамылъхьэжамэ, жысӀэпэнщи, щанэжар куэдкӀэ нэхъ насыпыфӀэщ абы нэхърэ – 4и къэунэхуи и кӀуэдыжи зыми щыщкъым, кӀыфӀым хобзэхэж, и цӀэри яӀэщӀохуж. 5Дыгъэр и щхьэщыгу къимыплъами, дунейри зищӀысыр къимыщӀами, щанэжар нэхъ гупсэхущ мобы нэхърэ. 6Модрей цӀыхум илъэс минитӀ игъэщӀами, мылъкум насып зи цӀэ къыхуихьынтэкъым. ИкӀэм-икӀэжым, тӀури зы щӀыпӀэ щызэрихьэлӀэжынущ.
7И ныбэр из зэрищӀынуращ цӀыхур зэлӀалӀэр,
ауэ мэжэщӀалӀагъэм къигъазэ зэпытщ.
8Сыт-тӀэ Ӏущыр Ӏулэм нэхърэ зэрынэхъыфӀыр,
цӀыху хэтыкӀэ зыщӀэ тхьэмыщкӀэми сыт абы къыхуихьыр?
9УимыӀэм ущӀэхъуэпсу ущыс нэхърэ,
уиӀэм ущыгуфӀыкӀмэ нэхъыфӀщ.
АрщхьэкӀэ а псори пщӀэншэщ,
зи щхьэпи щыӀэкъым.
10КъэгъэщӀыгъэ псоми цӀэ яӀэщ,
цӀыхур зыхуэдэри куэд щӀауэ нахуэщ.
Езым нэхърэ нэхъ Лъэщым#6:10 Е «нэхъ лъэщым».
зрипщытыфынукъым цӀыхум.
11Псалъэр нэхъыбэ хъуху
купщӀэр нэхъ мащӀэ мэхъу,
сыт абы цӀыхум и щхьэпэу хэлъыр?
12Гу зэрылъытти щымыӀэу, пщӀэ зи цӀи имыӀэу блэкӀ цӀыху гъащӀэ мащӀэм фӀыуэ хэлъыр зыхуэдэр хэт зыщӀэр? Езым и ужькӀэ мы уафэм и щӀагъым къыщыхъуну псори хэти цӀыхум жриӀэжын лъэкӀын?
Currently Selected:
ДжакӀуэ 6: АдгФЛ
Highlight
Share
Copy

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021