YouVersion Logo
Search Icon

ДжакӀуэ 10

10
ЕпщӀанэ Ӏыхьэ
1Бадзэ лӀам мэ дахэр игъэкӀуэду мейр къызэришэм ещхьу,
акъылыншагъэ мащӀэми Ӏущыгъэмрэ щӀыхьымрэ егъэлъахъшэ.
2Ӏущым и гур ижьрабгъумкӀэ гъэзамэ,
Ӏулэм и гур сэмэгумкӀэ йобэ.
3Гъуэгум щрикӀуэ къудейми
делэм акъыл хурикъуркъым –
хэти елъагъу зэрыӀулэр.
4Пащтыхьым и губжьыр къыплъэӀэсамэ,
уи пӀэ уимыкӀ,
шыӀагъэ зыхэлъым сыт хуэдэ щыуагъэри зэригъэзэхуэжыфынущ.
5Мы уафэм и щӀагъым нэгъуэщӀ зы тхьэмыщкӀагъи щыслъэгъуащ,
ари Ӏэщхьэтетым щыуагъэу ӀэщӀэщӀэращ:
6акъыл зыбгъэдэмылъым ӀэнатӀэ лъагэхэр яхуигъэфащэрэ,
лъэпкъыфӀ къыхэкӀахэм ӀэнатӀэ цӀыкӀухэр яриту.
7Слъэгъуащ пщылӀыр шым тесу,
лӀакъуэлӀэшхэри, пщылӀ фӀэкӀа умыщӀэну, лъэсу зэхэзекӀуэу.
8Мащэ зытӀыр а мащэм ихуэжынкӀэ зэрыхъунур зыхуэӀуа щыӀэкъым,
мывэ сэрейр зыгъауэми блэр къеуэнкӀи хъунущ.
9Мывэхэхым фэбжь игъуэтынкӀэ хъунущ,
пхъэ зыкъутэми зиуӀэжыныр зыхуэӀуа щыӀэкъым.
10Джыдэр дзагуэмэ,
джыдэдзэр дэмылъамэ,
уи гуащӀэ епхьэлӀэнущ,
ауэ акъыл зиӀэм а псор ипэ къихуэу зэригъэзэхуэнут.
11Блэр имыпх щӀыкӀэ уамэ,
хьэпэщыпхэ зезыхьэм и ӀэщӀагъэм и фӀагъи къекӀыжкъым.
12Ӏущым и жыӀэ узыӀэпешэ,
Ӏулэр и жьэм йокӀуэдылӀэж.
13Иригъэжьакъэ и псалъэ – акъыл зи цӀэ хэлъкъым,
нихусакъэ и псалъэ – делагъэ зэфэзэщщ,
14акъылыншэм къипсэлъым гъуни нэзи иӀэкъым.
Къэхъуну псори цӀыхум ищӀэкъым,
хэти щигъэгъуэзэн ар иужькӀэ екӀуэкӀыну псом?
15Ӏулэр лэжьыгъэм апхуэдизкӀэ егъэулэури,
унэм хуэзышэж гъуэгури къыхуэгъуэтыжкъым#10:15 Е «Ӏулэр лэжьыгъэм апхуэдизкӀэ егъэулэури, къалэм хуэзышэ гъуэгури къыхуэгъуэткъым», е «Къалэм нэса зэрыхъуну щӀыкӀэр ищӀэкъыми, Ӏулэр лэжьыгъэм егъэулэу». Пасэрей Ӏэрытхым къыщыкӀуэ псалъэхэм къарыкӀыр гурыӀуэгъуэ дыдэкъым..
16Уэ хэку, къыппэплъэр тхьэмыщкӀагъэщ: уи пащтыхьыр сабий ныкъуэхъущ,
уи лӀакъуэлӀэшхэри жэщ-махуэ ямыӀэу ефэ-ешхэм хэтщ.
17Уэ хэку, уехъулӀащ: уи пащтыхьыр лъэпкъыфӀ къыхэкӀащ,
уи лӀакъуэлӀэшхэри ныбаблэкъым –
къызэщӀэужьэжхэу аращ, удафэхэркъым.
18ЦӀыхур щхьэхынэмэ, и унэ бгыкъур къызэфӀощӀэ,
и Ӏэхэм щысхьмэ, и унащхьэ псыи къыпхрокӀ.
19ГуфӀэгъуэщ Ӏэнэр зыхуаӀэтыр,
санэми гъащӀэр ӀэфӀ пщещӀ,
дыжьынми сытри хузэфӀокӀ.
20Пащтыхьыр екӀэ аркъудей уигу къыумыгъэкӀ,
уи лэгъунэ кӀуэцӀи екӀэ ущытемыпсэлъыхь цӀыху бейм,
жьуджалэрэ пэт, уи псалъэ ирихьэжьэнущ,
зэхэзелъатэурэ зимыӀуэхум деж нихьэсынущ#10:20 Журт. «бзурэ пэт, уи псалъэр ирихьэжьэнущ, быбатэурэ жыпӀар зэбгрихынущ»..

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in