Йушэ 1
1
ЯПЭ ӀЫХЬЭ
Тхьэм Нун и къуэ Йушэ Хьэнэней щӀыналъэр иубыдыну унафэ зэрыхуищӀар
1Мусэ дунейм ехыжа нэужь, ТХЬЭМ Нун и къуэ Йушэ, Мусэ и дэӀэпыкъуэгъум, жриӀащ: 2«Си жыӀэщӀэ Мусэ дунейм ехыжащ. Иджы уэ исрэӀилхэр пщӀыгъуу Ӏурдыныпсым узэрикӀынум зыхуэгъэхьэзыр. ИсрэӀил лъэпкъым ест щӀым фихьэну къыфпэщылъщ. 3Мусэ къызэрызгъэгугъам сытету, фи лъэр зытеувэ щӀыр фэстынущ. 4ПшахъуэщӀ нэщӀым щыщӀэдзауэ ливан бгылъэхэм нэс заубгъунущ фи щӀыгухэм, Фэрат псышхуэм щегъэжьауэ (хьетхэм ящӀу хъуари хиубыдэу) къухьэпӀэмкӀэ ЩӀыкурытыхым#1:4 Журт. «Хышхуэ». нэсынущ. 5УпсэухукӀэ зы цӀыхуи къыппэщӀэувэфынукъым. Мусэ сызэригъусам хуэдэу, уэри суригъусэнущ. Сэ уэ зэи укъэзгъэнэнукъым икӀи узбгынэнукъым.
6Быдагъэ зыхэгъэлъ, къигъэкӀ уи лӀыгъэр, фи адэжьхэр быдэу щӀэзгъэгугъа щӀыгум ипшэу ар лъэпкъым къалъыбгъэсын щхьэкӀэ. 7Быдагъэ зыхэгъэлъ, къигъэкӀ уи лӀыгъэр. Си жыӀэщӀэ Мусэ къыпхуигъэна Хабзэми утемыкӀ. ЗыхуумыщӀ абы ижьи сэмэгуи, мис итӀанэ дэнэкӀэ умыгъазэми, уехъулӀэнущ. 8Мусэ итхыжа Хабзэм хэт псалъэхэр сытым дежи уи бзэгупэм тырырелъ; абыхэм жэщи-махуи егупсыс, зэрит дыдэм хуэдэуи гъэзащӀэ. ИтӀанэ уэ уи Ӏуэху дэкӀынущ, ехъулӀэныгъи уиӀэнущ. 9Быдагъэ зыхэбгъэлъыну, уи лӀыгъэри къибгъэкӀыну унафэ пхузощӀ. Сэращ ТХЬЭР, уи Тхьэр, гъусэ сыпхуэхъунущ дэнэ умыкӀуами, умышынэ икӀи умыдзыхэ».
10-11Арати, Йушэ исрэӀилхэм я пашэхэм унафэ яхуищӀащ цӀыхухэм хъыбар ирагъэщӀэну: «Махуищ дэкӀым, Ӏурдын фызэпрыкӀынущ ТХЬЭМ, фи Тхьэм, къывит щӀым фихьэу фубыдын щхьэкӀэ. Аращи, гъуэмылэ зэвгъэпэщ».
12ИтӀанэ рэбилхэр, джадхэр, Минащ и лӀакъуэм и ныкъуэр Йушэ зэхуишэсри, яжриӀащ: 13«Фигу къэвгъэкӀыж ТХЬЭМ и жыӀэщӀэ Мусэ унафэу къыфхуигъэнар: „ТХЬЭМ, фи Тхьэм, псэхугъуэ къывитащ икӀи мы щӀыгур тыгъэ къыфхуищӀащ“. 14Фи щхьэгъусэхэр, сабийхэр, Ӏэщыр Мусэ къывитауэ Ӏурдын къуэкӀыпӀэмкӀэ къыщылъ мы щӀыр увыӀэпӀэ хуэфӀщ хъунущ, ауэ фи зауэлӀхэр ӀэщэкӀэ зыщӀэузэдауэ фи къуэшхэм япэ иту псым икӀын хуейщ. Фи лъэпкъэгъухэм фадэӀэпыкъуну фи пщэрылъщ, 15фэ ТХЬЭМ псэхугъуэ къызэрывитам хуэдэу абыхэми яритыху, ТХЬЭМ, фи Тхьэм, ахэр къызэригъэгугъа щӀыр къаӀэрыхьэху. ИужькӀэ къэвгъэзэжи ТХЬЭМ и жыӀэщӀэ Мусэ къывитауэ Ӏурдын и къуэкӀыпӀэмкӀэ къыщылъ мы щӀыгум фыщыпсэу».
16«Уэ сыт хуэдэ унафэ къытхуумыщӀми, дгъэзэщӀэнущ, – къратащ абыхэм жэуап Йушэ, – дэнэ думыгъакӀуэми, абыкӀэ дунэтӀынущ. 17Мусэ и псалъэм дызэрытетам хуэдэу, уэри уи псалъэм дытетынущ. Ауэ, ТХЬЭР, уи Тхьэр, Мусэ гъусэ зэрыхуэхъуам хуэдэу, уэри пхурехъу. 18Уи унафэм текӀыу, уи псалъэ (ар сыт хуэдэу щымытми) емыдаӀуэ дэтхэнэ зыми ажалыр къыхуэдгъэкӀуэнущ. Уэ быдагъэ зыхэгъэлъ, уи лӀыгъэ къигъэкӀ къудей!».
Currently Selected:
Йушэ 1: АдгФЛ
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Институт перевода Библии, 2009-2025