Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 3:4-7
Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 3:4-7 KBDNTGP2017
Ауэ дикъегъэлакӀуэ Тхьэм и фӀыгъуэмрэ абы цӀыхухэм яхуиӀэ фӀылъагъуныгъэмрэ къыщытхуигъэнахуэм, дымыкӀуэду дыкъригъэлащ. Щыпкъагъэ зыхэлъ Ӏуэхуу дэ длэжьахэм я Ӏуэху абы хэлъакъым, атӀэ Тхьэм дымыкӀуэду дыкъыщӀригъэлар гущӀэгъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ди гур къызэригъэкъэбзэжамкӀэ щӀэрыщӀэу дыкъалъхужауэ дищӀащ, ди гурылъхэри зэблихъуащ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь Тхьэм и унафэкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр уэру къытхуригъэхащ. Тхьэм дымыкӀуэду дыкъыщӀригъэлар и нэфӀ щыхуэныгъэкӀэ щыпкъагъэ диӀэу дилъытауэ, мыкӀуэдыжын гъащӀэу дызыщыгугъыурэ дызыпэплъэр ӀыхьэфӀу къытлъигъэсын щхьэкӀэщ.






