Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 2
2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхухэр
1Ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну Ӏуэхухэм утету цӀыхухэр бгъэӀущын хуейщ. 2ЛӀы нэхъыжьхэр ущий зашыӀэну, щӀыхь яхэлъу псэуну, гулъытэ яӀэну икӀи фӀагъ къызыпыкӀ фӀэщхъуныгъэр, фӀылъагъуныгъэр, теубыдагъэр зыхалъхьэну.
3Фызыжьхэри ущий Тхьэм и бзылъхугъэ лъапӀэхэм яхуэфащэу псэуну, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятемыпсэлъыхьыну, фадэм зыдрамыгъэхьэхыну икӀи фӀыр зыхуэдэр цӀыхухэм ирагъащӀэну. 4-5ИтӀанэ, Тхьэм и псалъэхэм Ӏей лъэпкъ хужамыӀэн щхьэкӀэ, а фызыжьхэм цӀыхубз ныбжьыщӀэхэм гурагъэӀуэн хуейщ ялӀхэмрэ я бынхэмрэ фӀыуэ ялъагъуну, гулъытэ яӀэну, гукъабзагъэкӀэ псэуну, я унагъуэхэм фӀыуэ якӀэлъыплъыну, фӀыуэ щытыну икӀи ялӀхэм яхуэӀурыщӀэну.
6ЩӀалэхэми ягурыгъаӀуэ гулъытэ яӀэн зэрыхуейр. 7ФӀы зэрыпщӀэмкӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм сыт и лъэныкъэукӀи щапхъэ яхуэхъу. ГупцӀанэкӀэ, щыпкъагъэ пхэлъу, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм ягурыгъаӀуэ. 8Зыгуэрым узэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, узыщыгугъ хъуну хъыбархэр цӀыхухэм егъащӀэ, къытхужаӀэн Ӏей ямыгъуэту, уэ къыппэув цӀыхухэр укӀытэжын щхьэкӀэ.
9УнэӀутхэри я тепщэхэм псомкӀи яхуэӀурыщӀэну, ягу зрагъэхьыным хущӀэкъуну икӀи япэмыпсэлъэжыну ущий. 10Абы нэмыщӀу, мыдыгъуэну икӀи я щыпкъагъэр сыт щыгъуи къагъэлъэгъуэну ягурыгъаӀуэ. Апхуэдэу хъумэ, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм теухуауэ ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэм цӀыхухэм щӀыхь хурагъэщӀынущ абыхэм ялэжь ӀуэхухэмкӀэ.
11ЦӀыху псори мыкӀуэду къригъэлын щхьэкӀэ, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэ къигъэлъэгъуащ. 12Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм дигъащӀэ Ӏуэхухэр мыхэращ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зыхэмылъ псэукӀэми, мы дунейм и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщӀэхэми ди щӀыб яхуэдгъэзэныр, гулъытэрэ щыпкъагъэрэ диӀэу, Тхьэм и фӀэлӀыкӀ ди гум илъу, мы зэманым дыпсэуныр. 13Апхуэдэу дыпсэун хуейщ ди Тхьэшхуэу, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и щӀыхьышхуэр къыщылъэгъуэну махуэм дыпэплъэурэ. А гуфӀэгъуэ махуэр къызэрыкӀуэнум дыщыгугъыу дыпоплъэ. 14Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.
15А Ӏуэхухэращ цӀыхухэм ебгъэщӀэн хуейр. Тепщэныгъэу уиӀэ псомкӀи цӀыхухэр гъэгушхуэ икӀи абыхэм яущие. Зыми нэмыплъ зрумыгъэт.
Currently Selected:
Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 2: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

: