YouVersion Logo
Search Icon

Апостол Паул Тит хуитха тхылъ 1

1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэхъус
1Сэ сы-Паулщ. Тхьэм сыхуолажьэ, Хьисэ Мэссихь и апостолуи сыщытщ. Апостол сыщӀэхъуар Тхьэм къыхиха цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ сщӀын, Тхьэм и гъуэгум теухуа щыпкъагъэр езгъэщӀэн щхьэкӀэщ. 2МыкӀуэдыжын гъащӀэ зэрагъуэтыным щыгугъыурэ пэплъэнущ ахэр. А мыкӀуэдыжын гъащӀэр цӀыхухэм яритыну щыпкъагъэ зиӀэ Тхьэм лъэхъэнэ псоми япэ игъэгугъащ. 3Сэ цӀыхухэм ялъэзгъэӀэс хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм и хъыбарыр игъуэ дыдэм нахуэ ищӀащ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм а хъыбарыфӀыр си пщэм къыдилъхьэри, цӀыхухэм ар яхуэсӀуэтэну унафэ къысхуищӀащ.
4Уэ, Тит,#1:4 Тит – еплъ 2 Кор. 2:13. мы тхылъыр ныпхузотх. Зы фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ си къуэ пэжым хуэдэ ухъуащ.
Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыплърес.
Члисэ зэхуэсым хуэлажьэ унафэщӀ къуэшхэр зэрыщытын хуейр
5Крит хытӀыгум укъыщӀытезнар Ӏуэху ныкъуэщӀэхэр нэбгъэсын икӀи, сэ унафэ зэрыпхуэсщӀам тету, дэтхэнэ къалэми нэхъыжьхэр#1:5 нэхъыжьхэр – еплъ 1 Тим. 4:14. члисэ зэхуэсхэм яхуэбгъэувын щхьэкӀэщ. 6Нэхъыжьыр зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъу, зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ лӀыуэ#1:6 зы фыз фӀэкӀ зимыӀэ – е зэ фӀэкӀ къэзымышауэ. щытын хуейщ. И бынхэми фӀэщхъуныгъэ яӀэн хуейщ. Ахэр мыхъумыщӀэ псэукӀэкӀи мыдэӀуэныгъэкӀи къуаншэ хъу хъунукъым. 7Тхьэм и Ӏуэхур члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэм#1:7 члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэ – еплъ 1 Тим. 3:1. и пщэм зэрыдэлъым щхьэкӀэ, ар зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ зыбгъэдэмылъ лӀыуэ щытын хуейщ: ерыщу икӀи губжьыгъуафӀэу, ефакӀуэуи, цӀыху Ӏэлуи, мылъкум щӀэхъуэпсуи щыт хъунукъым. 8ХьэщӀэхэр зыгъэлъапӀэ, фӀыр фӀыуэ зылъагъу, гулъытэ зиӀэ, захуагъэ, гу къабзагъэ, шыӀэ зыхэлъ лӀыуэ щытын хуейщ. 9Ӏуэху пэжу фэдгъэщӀахэм быдэу тетын хуейщ. Апхуэдэмэ, ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, дызыщыгугъ хъуну ӀуэхухэмкӀэ цӀыхухэр игъэгушхуэн лъэкӀынущ абы, а Ӏуэхухэм пэув цӀыхухэми зэрымызахуэр ягуригъэӀуэн лъэкӀынущ.
10ЦӀыху мыдаӀуэ куэд щыӀэщ, псом хуэмыдэу сунэт ящӀахэм ящыщу. Псалъэ пщӀэншэхэр зэпымыууэ къыжаӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэри дахьэх. 11Абыхэм я жьэр ебгъэубыдын хуейщ. ЦӀыхухэм ирамыгъэджапхъэ Ӏуэхухэм ирагъаджэурэ, напэншагъэкӀэ ахъшэкӀэ нэпсейуэ, унагъуэхэр зэрыунагъуэу ягъэунэхъу. 12Абыхэм ящыщ тхакӀуэ гуэрым#1:12 тхакӀуэ гуэр – Епименидщ. жиӀащ: «Крит хытӀыгум щыщхэм зэпымыууэ пцӀы яупс, хьэкӀэкхъуэкӀэ бзаджэхэм хуэдэщ, хуэмыхущ икӀи ныбаблэщ». 13А тхакӀуэм жиӀэр пэжщ. Аращи, ткӀийуэ ягурыгъаӀуэ фӀагъ къызыпыкӀ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун 14икӀи журтхэм я шыпсэхэми, щыпкъагъэм зи щӀыбагъыр хуэзыгъэзахэм я унафэхэми емыдэӀуэн зэрыхуейр. 15Зигу къабзэ цӀыхухэм я дежкӀэ псори къабзэ мэхъу, ауэ зигу мыкъабзэ цӀыхухэм я дежкӀи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я дежкӀи къабзэ зыри щыӀэкъым. Я акъылри ныкъуэщ. Ягухэми ери фӀыри зэхагъэкӀыфыркъым. 16Тхьэр ящӀэу жаӀэ, арщхьэкӀэ ялэжь ӀуэхухэмкӀэ Тхьэр зэрамыщӀэр ӀупщӀу къагъэлъагъуэ. Ахэр цӀыху гущыкӀыгъуэщ, жыӀэмыдаӀуэщ, сыт и лъэныкъуэкӀи фӀагъ лъэпкъ къапыкӀыркъым.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in