ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10
10
10-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Си къуэшхэ, си гур зыщӀэхъуэпсри Тхьэм сызэрелъэӀу зэпытри си лъэпкъ израил мыкӀуэду къригъэлыну арщ. 2Ягу етауэ Тхьэм зэрыхуэлажьэмкӀэ сращыхьэтщ, ауэ зэхэщӀыкӀ яӀэу хуэлажьэркъым. 3Тхьэм цӀыхухэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур къагурымыӀэу, езыхэм я гъуэгукӀэ Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэнум и ужь иту зэрыщытам щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ яӀэу зэрилъытэ гъуэгур ядакъым. 4Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Торэт хабзэм и гугъапӀэр Мэссихьщ икӀи Тхьэм МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэми щыпкъагъэ иӀэу елъытэ.
Тхьэм хэти мыкӀуэду къригъэлын лъэкӀынущ
5ЦӀыхум Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэм теухуауэ Мусэ бегъымбарым мыпхуэдэу итхащ:#10:5 Мусэ бегъымбарым итхащ – еплъ 3 Мусэ 18:5. «Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэм Торэт хабзэмкӀэ гъащӀэ иӀэнущ». 6Ауэ цӀыхум фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэ, Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу зэрилъытэм теухуауэ Тхьэм и псалъэ тхахэм мыпхуэдэу хэтщ:#10:6-8 Тхьэм и псалъэ тхахэм … хэтщ – еплъ 5 Мусэ 30:12-14. «Хэт уафэм дэкӀуеинур жыпӀэу уигукӀэ жумыӀэ». (Уафэм дэкӀуеину хэтщ жыхуиӀэщ, Мэссихьу цӀыхухэр мыкӀуэду къезыгъэлынур къришэхын щхьэкӀэ). 7Е «Хэт щӀыкъатиблкӀэ#10:7 щӀыкъатибл – хьэдрыхэщ. ехынур?» жумыӀэ, (Мэссихь лӀахэм къахишу, дунейм къыдришеижыну хэтщ жыхуиӀэщ). 8Тхьэм и псалъэ тхахэм сыт яхэтыр?
«Тхьэм и псалъэхэр уи благъэщ,
уэ уи жьэми жьэдэлъщ, уигуми илъщ».
А псалъэу фӀэщхъуныгъэм теухуаращ фэдгъащӀэр. 9Уи жьэкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм Хьисэ Зиусхьэну зэрыщытыр щыжыпӀэмэ, Тхьэм ар лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжамкӀэ фӀэщхъуныгъэ гурэ псэкӀэ уиӀэмэ, умыкӀуэду Тхьэм укъригъэлынущ. 10Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зигурэ зи псэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхум Тхьэм щыпкъагъэ иӀэу илъытэнущ икӀи цӀыхухэм я пащхьэм Хьисэ Зиусхьэну зэрыщытыр щыжызыӀэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлынущ. 11Тхьэм и псалъэ тхахэм Мэссихь теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу:#10:11 Тхьэм и псалъэ тхахэм … зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 28:16. «Хэти езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым». 12Журтымрэ алыджымра#10:12 алыджхэр – грекхэр арщ. яку зэхэгъэж дэлъкъым. А зы Зиусхьэныр псоми я Зиусхьэнщ икӀи абы елъэӀу псоми фӀы къахуещӀэ. 13Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Хэт къыдэӀэпыкъуну елъэӀуми, мыкӀуэду Зиусхьэным къригъэлынущ».#10:13 къригъэлынущ – еплъ Иоил бегъымбарым и тхылъым 2:32. 14Ауэ ЗиусхьэнымкӀэ фӀэщхъуныгъэ ямыӀэмэ, дауэ зэрелъэӀунур? Абы и хъыбари зэхамыхамэ, дауэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ зэрыхъунур? Абы и хъыбари зыми яхуимыӀуатэмэ, дауэ зэрызэхахынур? 15Тхьэм цӀыхухэм къалэн ящимыщӀмэ, абыхэм Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дауэ зэрыхуаӀуэтэнур? Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#10:15 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 52:7. «ХъыбарыфӀыр зыӀуатэ цӀыхухэм я лъакъуэхэр сыту дахащэ!»
16Апхуэдэу щыт пэтми, хъыбарыфӀым едэӀуэн цӀыху куэдым ядакъым. Ешайа бегъымбарым мыпхуэдэу жиӀащ:#10:16 Ешайа бегъымбарым … къыжиӀащ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 53:1. «Зиусхьэн, хъыбарыфӀу цӀыхухэм яхуэтӀуатэр хэт зи фӀэщ хъуар?» 17Аращи, хъыбарыфӀыр щызэхахкӀэ цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ мэхъу, Тхьэм и псалъэхэр зыгуэрым щахуиӀуатэкӀи а хъыбарыфӀыр зэхах. 18Ауэ сэ сыщӀоупщӀэ: ХъыбарыфӀыр зэхамыхауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ зэхахащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу,#10:18 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 18:5.
«ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм
я макъыр щӀылъэм дэнэкӀи щызэхахащ,
я псалъэхэри щӀылъэм и гъунэхэм нэсащ».
19Сэ сыщӀоупщӀэ аргуэру: израил цӀыхухэм хъыбарыфӀыр къагурымыӀуауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ къагурыӀуащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и цӀэкӀэ Мусэ бегъымбарым псом япэ мыпхуэдэу жиӀащ:#10:19 Мусэ бегъымбарым … къыжиӀащ – еплъ 5 Мусэ 32:21.
«Зы лъэпкъ гуэрым щымыщхэм фезгъэфыгъуэнущ,
зэхэщӀыкӀ зимыӀэ лъэпкъми
фыхуэзгъэгубжьынущ».
20Ешайа бегъымбарми Тхьэм и цӀэкӀэ, гушхуауэ, къыжиӀащ#10:20 Ешайа бегъымбарми … къыжиӀащ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 65:1. итӀанэ:
«Сыкъэзымылъыхъуа цӀыхухэм сыкъагъуэтащ,
къысщӀэмыупщӀахэми зезгъэлъэгъуащ».
21Ауэ израил лъэпкъым теухуауэ мыпхуэдэу жеӀэ:#10:21 къыжеӀэ – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 65:2. «КъызэмыдаӀуэ лъэпкъ ерыщыр къызэкӀужын щхьэкӀэ, си Ӏэхэр яхуэсший зэпытащ махуэ къэс».
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Currently Selected:
: