ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10:11-13
ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 10:11-13 KBDNTGP2017
Тхьэм и псалъэ тхахэм Мэссихь теухуауэ зэрыхэтым хуэдэу: «Хэти езымкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр щӀегъуэжынукъым». Журтымрэ алыджымра яку зэхэгъэж дэлъкъым. А зы Зиусхьэныр псоми я Зиусхьэнщ икӀи абы елъэӀу псоми фӀы къахуещӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «Хэт къыдэӀэпыкъуну елъэӀуми, мыкӀуэду Зиусхьэным къригъэлынущ».





