YouVersion Logo
Search Icon

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:26-28

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Рим къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:26-28 KBDNTGP2017

Аращи, ягухэр зыщӀэхъуэпс мыхъун Ӏуэхухэм яхэтыну Тхьэм ахэр къигъэнащ. Я цӀыхубзхэри хабзэм текӀри, зым адрейм мыхъун ирищӀащ. ЦӀыхухъухэри хабзэм текӀри, я фызхэм екӀуэлӀэныр щагъэтри, зы лӀыр адрей лӀым щӀэхъуэпс хъуащ. Апхуэдэу цӀыхухъухэми мыхъун зэращӀэжри, япкъхэмкӀэ Ӏуэху фейм хуэфащэр ягъуэтыжащ. Абы нэмыщӀу, Тхьэр ящӀэну зэрамыдам щхьэкӀэ, емыкӀу Ӏуэхухэр ящӀэну акъыл пхэнж яӀэу Тхьэм ахэр къигъэнащ.