YouVersion Logo
Search Icon

Маттэ 25

25
25-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ХъыджэбзипщӀым теухуа ущие хъыбарыр
1– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр* а махуэм зыхуэдэу щытынур мыращ. ХъыджэбзипщӀ, я уэздыгъэхэр къыздащтэри, щауэм пежьэну дэкӀащ. 2Абыхэм ящыщу тхур ахьмакът, тхур Ӏущт. 3Ахьмакъхэм я уэздыгъэхэр къыщащтэм, дагъэр къыздащтакъым. 4Ӏущхэм уэздыгъэхэри дагъэ зэрыт дагъалъэхэри къыздащтащ. 5Щауэр къыщыгувэм, псори щхьэукъуэри жеящ.
6– Жэщ ныкъуэм деж макъ гуэр къэӀуащ: «Мес, щауэр къокӀуэ, фыпежьэ!»
7– Ар щызэхахым, хъыджэбз псори къэтэджри, я уэздыгъэхэр ягъэхьэзыращ. 8Ахьмакъхэр Ӏущхэм елъэӀуащ: «Фи дагъэм щыщ къыдэфт, ди уэздыгъэхэр мэункӀыфӀри».
9– Хъыджэбз Ӏущхэм жэуап къратащ: «Фэри дэри ар тхурикъунукъым. Дагъэ зыщэхэм я деж фыкӀуэрэ дагъэ къэфщэхумэ, нэхъыфӀщ».
10– Ахэр дагъэ щэху кӀуауэ, щауэр къэсащ икӀи хьэзыру щыта хъыджэбзитхур зыщӀигъущ, джэгу щащӀ унэм щӀыхьэри, бжэри къагъэбыдэжащ.
11– Адрей хъыджэбзхэри абы и ужькӀэ къэкӀуэжри, мыпхуэдэу жаӀащ: «Зиусхьэн, Зиусхьэн, куэбжэр къытхуӀух!».
12– Ауэ абы жиӀащ: «Пэжыр нывжызоӀэ, фэ хэт фыщыщми, сэ сщӀэркъым».
13– Аращи, фымыжейуэ фысакъ, – къыщӀигъуащ Хьисэ, – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэри сыхьэтри фщӀэркъыми.
Талант зи цӀэ ахъшэхэм ятеухуа ущие хъыбарыр
(Лука 19:11-27)
14– КъинэмыщӀауэ Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыкӀуэнур зыхуэдэр мыращ. ЛӀы гуэр хамэ къэрал кӀуэн щыхъум, и унэӀутхэр къриджэри, и мылъкур яӀэщӀилъхьащ. 15Зым талантитху,#25:15 талант – еплъ 18:24. адрейм талантитӀ, ещанэми зы талант иритащ. Щхьэж лъэкӀыныгъэу иӀэм елъытауэ яритри, гъуэгу техьащ. 16Талантитху зритар занщӀэу кӀуэри, лажьэурэ нэгъуэщӀ талантитху къилэжьащ. 17ТалантитӀ зритами нэгъуэщӀ талантитӀ къилэжьащ. 18Ауэ тепщэм зы талант зритар кӀуэщ, щӀым щӀитӀэри, и тепщэм и ахъшэр игъэпщкӀуащ.
19– Зыкъом дэкӀауэ, а унэӀутхэм я тепщэр къэкӀуэжащ икӀи и унэӀутхэм ахъшэр къызэрагъэсэбэпамкӀэ еупщӀу щӀидзащ. 20Талантитху зритар тепщэм бгъэдыхьэщ, адрей талантитху къилэжьар иритри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, талантитху къысӀэщӀэплъхьащ. Мис, абыхэмкӀэ нэгъуэщӀ талантитху къэзлэжьащ».
21– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ! Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».
22– ТалантитӀ зритар тепщэм бгъэдыхьэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, талантитӀ къысӀэщӀэплъхьащ. Мис, абыхэмкӀэ нэгъуэщӀ талантитӀ къэзлэжьащ».
23– Тепщэм абы жриӀащ: «ФӀыуэ пщӀащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэӀутыфӀщ. Ӏуэху мащӀэкӀэ сызыщыгугъ хъун цӀыхуу узэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху куэд ныпӀэщӀэслъхьэнущ. КъакӀуи, уи тепщэм и гуфӀэгъуэм къыхыхьэ».
24– Зы талант зритами, тепщэм бгъэдыхьэри, жиӀащ: «Зи щӀыхь ин, узэрылӀы пхъашэр сщӀэрт, жылапхъэ зытумысам гъавэ къытыбохыж, зыхомыпхъами къыщызэхуохьэсыж. 25Сышынэрти, сыкӀуэри, уи талантыр щӀым щӀэзгъэпщкӀуащ. Мис, ууейр узотыж».
26– Тепщэм абы жриӀащ: «Уэ уунэӀут бзаджэщ икӀи уунэӀут щхьэхынэщ. Уэ пщӀэрт сэ жылапхъэр зытезмысам гъавэ къызэрытесхыжыр икӀи зытезмыпхъам къызэрыщызэхуэсхьэсыжыр. 27Апхуэдэу щыщыткӀэ, хагъэхъуэн щхьэкӀэ си ахъшэр сатуущӀэхэм ептын хуеякъэ? СыкъэкӀуэжа нэужь, хэхъуауэ си ахъщэр къысӀэрыхьэжынут абы щыгъуэ».
28– «Мы лӀым талантыр къеӀыфхи, талантипщӀ зиӀэм ефт. 29Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм икӀи къелыжу хуигъэбэгъуэнущ. Ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм. 30Мы унэӀут сэбэпыншэр кӀыфӀыгъэм и кууупӀэм хэвдзэ. Абы гъы макърэ дзэ зэрыгъэшх макърэ къыщыӀунущ».
Ар жиӀа нэужь, Хьисэ макъышхуэкӀэ къыщӀигъуащ:
– ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм цӀыху лъэпкъхэм хьэкум зэратрищӀыхьынур
31– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм#25:31 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ 8:20. щӀыхьышхуэ иӀэу, и мелыӀыч псори и гъусэу дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, щӀыхьышхуэ зиӀэ и тахътэм тетӀысхьэнущ. 32Лъэпкъ псори абы и пащхьэм къыщызэхуэсынущ икӀи мэлыхъуэм мэлхэмрэ бжэнхэмрэ зэрызэхидзым хуэдэу, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм цӀыхухэр зэхидзынущ. 33Мэлхэр ижьырабгъумкӀэ, бжэнхэр сэмэгурабгъумкӀэ игъэувынущ.
34– Пащтыхьым и ижьырабгъумкӀэ щытхэм яжриӀэнущ абы щыгъуэ: «Фэ, си Адэм и нэфӀ зыщыхуахэр, фыкъакӀуи, Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ къыфхуигъэхьэзыра тепщэныгъэр фи ӀыхьэфӀу къыфлъосри фубыд. 35Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сыщымэжалӀэм сывгъэшхащ, псы сыщыхуэлӀэм псы севгъэфащ; хамэу сыщыщытым севгъэблэгъащ; 36щыстӀэгъэн щызимыӀэм сыфхуэпащ; сыщысымаджэм фыкъыскӀэлъыплъащ; лъэхъуэщым сыщыщӀэсым си деж фыкъэкӀуащ».
37– Щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэм къыжраӀэнущ абы: «Зиусхьэн, сытым щыгъуэ дэ уэ умэжалӀэу утлъагъуу ущыдгъэшхар, е псы пхуэлӀэу псы ущедгъэфар? 38Сытым щыгъуэ уэ хамэу утлъагъуу укъыщедгъэблэгъар, е зыщыптӀэгъэн уимыӀэу ущытхуэпар? 39Уэ усымаджэу е лъэхъуэщым ущӀэсу сытым щыгъуэ утлъагъуу уи деж дыщынэкӀуар?»
40– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр нывжызоӀэ, си къуэш* я нэхъ цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэфщӀар сэ къысхуэфщӀауэ мэхъу».
41– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ. 42Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сыщымэжалӀэм сывгъэшхакъым; псы сыщыхуэлӀэм севгъэфакъым; 43хамэу сыщыщытым севгъэблэгъакъым, зыщыстӀэгъэн щызимыӀэми сыфхуэпакъым; сыщысымаджэми лъэхъуэщым сыщыщӀэсми фыкъыскӀэлъыплъакъым».
44– Абыхэм пащтыхьым къыжраӀэнущ: «Зиусхьэн, уэ умэжа-лӀэу, е псы пхуэлӀэу, е ухамэу, е зыщыптӀэгъэн уимыӀэу, е усымаджэу, е лъэхъуэщым ущӀэсу утлъагъуу, ди фӀагъ уэдмыгъэкӀыу сыт щыгъуэ укъыщыдгъэнар?»
45– Пащтыхьым абыхэм жэуап яритынущ: «Пэжыр ныв-жызоӀэ, мы цӀыкӀу дыдэхэм ящыщ гуэрым хуэвмыщӀар сэ къысхуэвмыщӀауэ мэхъу».
46– Мыухыжын гугъуехь щашэчыну гъуэгум техьэнущ ахэр, ауэ щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхухэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ къащылъысыну гъуэгум техьэнущ.

Currently Selected:

Маттэ 25: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

YouVersion uses cookies to personalize your experience. By using our website, you accept our use of cookies as described in our Privacy Policy