Лука 4:5-8
Лука 4:5-8 KBDNTGP2017
Хьисэ бгы лъагэ гуэрым дишщ, дунейм тет къэралыгъуэ псори зы нэпӀэзыпӀэм къригъэлъагъури, шейтаным къыжриӀащ итӀанэ: – Мы къэралыгъуэхэм я тепщэныгъэ псори щӀыхьышхуэу яӀэри сэ уэ уэстынущ, ахэр си ӀэмыщӀэм илъщ икӀи сэ сызыхуейм естыну сыхуитщи. Аращи, лъэгуажьэмыщхьэу ууву сэ сыбгъэлъапӀэмэ, мы псори ууей хъунущ. Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ, – жриӀэжащ Хьисэ, – «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».