YouVersion Logo
Search Icon

Иуан 2

2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Канэ жылэм щыӀа хьэгъуэлӀыгъуэр
1Галилей хэкум#2:1 Галилей хэкур – еплъ Маттэ 2:22. щыщ Канэ жылэм#2:1 Канэ жылэр – Назарет къалэм километрихкӀэ пэжыжьэу, ищхъэрэ лъэныкъуэмкӀэ щыӀэщ. хьэгъуэлӀыгъуэ щыӀащ ещанэ махуэм. Хьисэ и анэри абы ирихьэлӀащ. 2Хьиси абы и гъуэгу ирикӀуэхэри а хьэгъуэлӀыгъуэм ирагъэблэгъауэ щытащ.
3Фадэр щаухым, анэм Хьисэ жриӀащ:
– Санэ яӀэжкъым.
4– А цӀыхубз, сыт сэ си Ӏуэхуу абы хэлъыр? Си пӀалъэр иджыри къэсакъым, – жриӀащ Хьисэ и анэм.
5– Хьисэ сыт къывжиӀэми, вгъэзащӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и анэм ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.
6Мывэм къыхэщӀыкӀауэ псылъих щытт абдежым, журтхэм я дин хабзэм тету загъэкъэбзэн щхьэкӀэ. Дэтхэнэ псылъэми литр ищӀ-щэрэ тӀощӀрэ хуэдиз ихуэрт.
7– Псылъэхэм псы изу ивгъахъуэ, – яжриӀащ Хьисэ ӀуэхутхьэбзащӀэхэм. Арати, изыбзэу ирагъэхъуащ. 8Хьисэ яжриӀащ итӀанэ:
– Псылъэхэм хуэм-хуэмурэ къифхи, хьэгъуэлӀыгъуэм и тхьэмадэм зэфэн хуэфхь.
Апхуэдэуи ящӀащ. 9Тхьэмадэр фадэ хъуа псым еӀубащ. Санэр къыздикӀар ищӀэртэкъым, а псыр псылъэхэм къизыха ӀуэхутхьэбзащӀэхэрт зыщӀэр. ХьэгъуэлӀыгъуэм и тхьэмадэм щауэр къриджэри, 10жриӀащ:
– СанэфӀыр Ӏэнэм япэ къытрагъэувэ. ХьэщӀэхэр куэд ефа нэужь, санэ нэхъ пудыр Ӏэнэм къытрагъэувэ, ауэ уэ фадэфӀыр иджыри къэс щыбгъэтащ.
11Хьисэ и нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэм ящыщу япэрейр аращ. А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр Галилей хэкум щыщ Канэ жылэм щигъэлъэгъуащ. И щӀыхьышхуэр къигъэнэхуащ апхуэдэу, и гъуэгу ирикӀуэхэми езымкӀэ фӀэщхъуныгъэу яӀэри нэхъ быдэ хъуащ.
12И анэри, и къуэшхэри, и гъуэгу ирикӀуэхэри и гъусэу, Хьисэ Капернаум къалэм#2:12 Капернаум къалэр – еплъ Маттэ 8:5. кӀуащ абы и ужькӀэ. Махуэ зыщыплӀкӀэ щыӀащ а къалэм.
Хьисэ сатуущӀэхэр Тхьэм и унэшхуэм къызэрыщӀихуар
(Маттэ 21:12-13; Марк 11:15-17; Лука 19:45-46)
13Журтхэм я ӀутӀыж махуэшхуэр#2:13 ӀутӀыж махуэшхуэр – еплъ Маттэ 26:2. къэблэгъащ, Хьисэ Ерусалим дэкӀуеящ. 14Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьащ. ЩыщӀыхьэм, выхэр, мэлхэр, тхьэрыкъуэхэр зыщэхэри,#2:14 выхэр, мэлхэр, тхьэрыкъуэ зыщэхэр – къурмэныпхъэ былымхэр Тхьэм и унэшхуэм и пщӀантӀэм щащэрт абыхэм. ахъшэ зыхъуэжхэри#2:14 ахъшэ зыхъуэжхэр – еплъ Маттэ 21:12. Ӏэнэхэм пэрысу абы щӀилъэгъуащ. 15КӀапсэм щӀопщ къыхищӀыкӀри, еуэурэ, Тхьэм и унэшхуэм щӀэт псори, выхэри мэлхэри я гъусэу, къыщӀихуащ. Ахъшэ зыхъуэжхэми я Ӏэнэхэр щхьэпридзащ, я ахъшэхэри ирикъухьащ.
16– Мыхэр Ӏуфх. Си Адэм и унэр сатущӀыпӀэ фымыщӀ, – яжриӀащ Хьисэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм.
17«Уэ уи унэм сызэрыфӀэлӀыкӀым щхьэкӀэ согузавэ» псалъэхэр Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтыр#2:17 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтыр – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 68:10. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ягу къэкӀыжащ абдежым.
18Журтхэм Хьисэ къыжраӀащ абы щыгъуэ:
– Мыр пщӀэну хуитыныгъэ зэрыуиӀэм и щыхьэту сыт хуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ дыбгъэлъагъун?
19– Мы тхьэ унэр зэхэфкъути, сэ махуищкӀэ зэтезгъэувэжынщ, – жэуап яритащ Хьисэ абыхэм.
20– Мы тхьэ унэр илъэс плӀыщӀрэ хыкӀэ ящӀащ, – жаӀащ журтхэм, – уэ ар махуищкӀэ зэтебгъэувэжыфынуи?
21Хьисэ тхьэ унэ жыхуиӀар езым и пкъырат. 22Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, абы и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр ягу къэкӀыжри, Тхьэм и псалъэ тхахэмкӀи Хьисэ жиӀа псалъэхэмкӀи фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ.
ЦӀыху псоми ягу илъыр Хьисэ ещӀэ
23ӀутӀыж махуэшхуэм Ерусалим щыщыӀэм, Хьисэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къигъэлъэгъуахэр я нэгу щӀэкӀати, цӀыху куэдым абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. 24Ауэ Хьисэ цӀыхухэм дзыхь яхуищӀыртэкъым, ахэр псори фӀыуэ ицӀыхурти. 25ЦӀыхум теухуауэ зыгуэр зэригъэщӀэн щхьэкӀэ цӀыху гуэр щыхьэт къытехъуэну Хьисэ хуэныкъуэтэкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм ягу илъыр езым ищӀэрти.

Currently Selected:

Иуан 2: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

YouVersion uses cookies to personalize your experience. By using our website, you accept our use of cookies as described in our Privacy Policy