YouVersion Logo
Search Icon

Иуан 15

15
15-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Жызумыпкъ пэжыр Хьисэщ
1– Жызумыпкъ пэжыр сэращ, жызумгъэкӀри си Адэращ. 2Си къудамэхэм ящыщу зыри къызыпымыкӀэр пеупщӀ абы; къызыпыкӀэ къудамэ дэтхэнэри еухъуэнщӀ, нэхъыбэ къыпыкӀэн щхьэкӀэ. 3Фэ фигухэр сэ вжесӀа псалъэхэмкӀэ къабзэ хъуакӀэщ. 4Сэ фи псэм сыт щыгъуи сыхэвгъэлъ, фэри си псэм сыт щыгъуи фыщыщынущ. Къудамэр жызумыпкъым пымытмэ, зыри къызэрыпымыкӀэнум хуэдэу, фэри фи псэм сыт щыгъуи сыхэвмыгъэлъмэ, фӀыгъуэ къыфпыкӀынукъым.
5– Жызумыпкъыр сэращ, къудамэхэр фэращ. ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъумэ, езыри сэ си псэм сыт щыгъуи щыщ хъумэ, а цӀыхум фӀыгъуэ куэд къыпыкӀынущ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ фэ сывимыгъусэмэ, зыри фщӀэн флъэкӀынукъым. 6ЦӀыху гуэрым и псэм сыт щыгъуи сыщыщ мыхъумэ, къудамэм хуэдэу ар хыфӀадзэжынурэ, гъужынущ. Апхуэдэ къудамэхэр зэхуахьэсынурэ, мафӀэм пэрадзэнурэ ягъэсынущ. 7Фэ фи псэм сыт щыгъуи сыщыщ хъууэ, си псалъэхэри сыт щыгъуи фи псэм щыщ хъумэ, си Адэм фызыхуеймкӀэ фелъэӀу, фызэрелъэӀури къыфхуищӀынущ. 8ЦӀыхухэм си Адэм щӀыхьышхуэ зэрыхуевгъэщӀынур фэ куэду фӀыгъуэ къызэрыфпыкӀыращ. Апхуэдэу къэвгъэлъэгъуэнущ си гъуэгу фызэрырикӀуэр.
9– Адэ лъапӀэм сэ фӀыуэ сызэрилъагъум хуэдэу, сэри фэ фӀыуэ фыслъэгъуащ. Си фӀылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн. 10Фэ си унафэхэр щывгъэзащӀэкӀэ, сэ фэри сыт щыгъуи фӀыуэ фыслъагъунущ, си Адэм и унафэхэр зэрызгъэзэщӀам щхьэкӀэ, абы сыт щыгъуи фӀыуэ сызэрилъагъум хуэдэу. 11Мы Ӏуэхухэр щӀывжесӀар си гуфӀэгъуэр фигу илъыну, фи гуфӀэгъуэри нэсауэ щытын щхьэкӀэщ. 12Мыращ си унафэр: Сэ фэ фӀыуэ фызэрыслъэгъуам хуэдэу, фэри фӀыуэ фызэрылъагъун хуейщ. 13Езым и ныбжьэгъухэм папщӀэ зи псэр зыт цӀыхум и фӀылъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ фӀылъагъуныгъэшхуэ щыӀэкъым. 14Си унафэхэр вгъэзащӀэмэ, фэри фызиныбжьэгъущ. 15Сэ фэ ӀуэхутхьэбзащӀэкӀэ сынывэджэжыркъым, ӀуэхутхьэбзащӀэм езым и тепщэм игу илъыр ищӀэркъыми. Сэ фэ си ныбжьэгъукӀэ сынывэджащ, си Адэм жиӀэу зэхэсха псори вжесӀэжащи. 16Фэ сэ сыкъыхэфхакъым, атӀэ сэ фэ фыкъыхэсхащ. Фэ дунейм фыкӀуэу, фӀыгъуэ къыфпыкӀыну, а фӀыгъуэри мыкӀудыжыну згъэуващ. Абы щыгъуэ Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ. 17ФӀыуэ фызэрылъагъуну аращ унафэу фхуэсщӀыр.
Дунейм и цӀыхухэм Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр ялъагъу зэрымыхъур
18– Дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу мыхъуу щытмэ, фэ фыкъалъагъу мыхъу хъун и пэкӀэ сэри сыкъалъагъу мыхъуу зэрыщытар зыщывмыгъэгъупщэ. 19Фэ дунейм фыщыщу щытатэмэ, мы дунейм и цӀыхухэм езыхэм яхуэдэу фӀыуэ фыкъалъагъунт. Иджы зэрыщытымкӀэ, мы дунейм фыщыщкъым, ауэ мы дунейм фи Ӏыхьэр хэмылъыну сэ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъыхэсхащ. Аращ мы дунейм и цӀыхухэм фыкъалъагъу щӀэмыхъур. 20Сэ вжесӀа псалъэхэр фигу къэвгъэкӀыж: ӀуэхутхьэбзащӀэр и тепщэм нэхърэ нэхъыщхьэкъым. Сэ гугъуехь сагъэшэчащ, фэри гугъуехь фагъэшэчынущ. Сэ си псалъэхэм едэӀуау щытамэ, фэ фи псалъэхэми едэӀуэнущ. 21Ауэ си цӀэр зэрывгъэлъапӀэм щхьэкӀэ, а бзаджагъэ псори къыващӀэнущ, сэ сыкъэзыгъэкӀуар яцӀыхуркъыми. 22Сэ сыкъакӀуэу, си псалъэхэр яжезмыӀауэ щытатэмэ, гуэныхь яӀэнутэкъым, ауэ иджы гуэныхьу ящӀахэм щхьэкӀэ щхьэусыгъуэ зыри яӀэкъым. 23Сэ сыкъэзылъагъу мыхъум си Адэри илъагъу хъуркъым. 24НэгъуэщӀ зыми имылэжьа Ӏуэхушхуэхэр абыхэм я пащхьэм сэ щызмылэжьатэмэ, абыхэм гуэныхь яӀэнутэкъым. Ауэ а злэжьа Ӏуэхушхуэхэр ялъэгъуа пэтми, сэри си Адэри дыкъалъагъу мыхъу хъуащ. 25Апхуэдэу щӀэхъун хуейр мы псалъэу абыхэм я Торэт хабзэм итхэр#15:25 я Торэт хабзэм итхэр – еплъ Уэрэд ЛъапӀэхэм (Сабур) 69:4 68:5. пэж хъун щхьэкӀэщ: «Сэ лажьэ симыӀэу щытми, сыкъалъагъу мыхъу хъуащ».
26– Адэ лъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр къыфхуезгъэхынущ. Ар Адэ лъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, абы и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэращ. Ар къыщыкӀуэкӀэ, сэ щыхьэт къыстехъуэнущ. 27Фэри щыхьэт фыкъыстехъуэнущ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щӀэдзапӀэм къыщыщӀэдзауэ фэ фызигъусэу щытащи.

Currently Selected:

Иуан 15: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

YouVersion uses cookies to personalize your experience. By using our website, you accept our use of cookies as described in our Privacy Policy