YouVersion Logo
Search Icon

Иуан 14

14
14-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Адэ лъапӀэм деж кӀуэ гъуэгур Хьисэщ
1– Фымыгузавэ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ, сэркӀи фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. 2Си Адэм и унэшхуэм унэ куэд хэтщ; апхуэдэу щымытамэ, нывжесӀэнт: «ПсэупӀэ къыфхуэзгъэхьэзырыну сыкӀуэнущ». 3СыкӀуэу, псэупӀэ къыщыфхуэзгъэхьэзыркӀэ, сыкъэкӀуэжынурэ, сэ сыздэщыӀэм фэри фыщыӀэну фыздэсшэнущ. 4СыздэкӀуэм и гъуэгур фэ фощӀэ.
5Зиусхьэн, – жриӀащ Фомэ Хьисэ, – уздэкӀуэр тщӀэркъым. УздэкӀуэм и гъуэгур дауэ къэтщӀэн зэрытлъэкӀынур?
6Гъуэгури, щыпкъагъэри, гъащӀэри сэращ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си гъуэгу иримыкӀуэмэ, Адэ лъапӀэм деж зы цӀыхуи кӀуэн лъэкӀынукъым. 7Сэ сыфцӀыхумэ, си Адэри фоцӀыху. Си Адэр джы щыщӀэдзауэ фоцӀыху икӀи флъэгъуащ.
8Зиусхьэн, – жриӀащ Филипп Хьисэ. – Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъуи, ар тхурикъунущ.
9– Мыпхуэдизрэ сывигъусауэ иджыри къэс сыкъыумыцӀыхуауэ ара, Филипп? – жриӀащ абы Хьисэ. – Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапӀэри илъэгъуащ. «Адэ лъапӀэр дыгъэлъагъу» дауэ къызжепӀэфрэ итӀани? 10Адэ лъапӀэр си псэм зэрыщыщри, сэ Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри уи фӀэщ хъуркъэ? Сэ нывжесӀэ псалъэхэр сэр-сэру къыжысӀэркъым. Адэ лъапӀэу си псэм щыщым и Ӏуэхухэр елэжь. 11Адэ лъапӀэр сэ си псэм зэрыщыщри, сэ Адэ лъапӀэм и псэм сызэрыщыщри щыжысӀэкӀэ, фи фӀэщ фщӀы. Ар мыхъуми, сэ злэжь Ӏуэхухэм щхьэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ. 12Пэж дыдэр вжызоӀэ, сэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэм сэ злэжь Ӏуэхухэр илэжьынущ, абыхэм нэхърэ нэхъ Ӏуэхушхуэжхэри илэжьынущ, сэ Адэ лъапӀэм деж сыкӀуэжынущи. 13Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ сыткӀэ фелъэӀуми, ар сэ фхуэсщӀэнущ, Адэ лъапӀэм и щӀыхьышхуэр абы и Къуэм цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ. 14Сэ си цӀэкӀэ сыткӀэ фыкъызэлъэӀуми, ар сэ фхуэсщӀэнущ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къахуригъэхыну Хьисэ езым и гъуэгу ирикӀуэхэр зэригъэгугъар
15– Фэ сэ фӀыуэ сыфлъагъумэ, си унафэхэр вгъэзэщӀэнущ. 16Сэ Адэ лъапӀэм селъэӀунурэ, фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжын НэгъуэщӀ Гуэр къыфхуригъэхынущ абы. Ар игъащӀэкӀэ фи гъусэнущ. 17Тхьэм и Псэ ЛъапӀэу цӀыхухэм щыпкъагъэр езыгъащӀэр аращ. Дунейм и цӀыхухэм ар зэрамылъагъум икӀи зэрамыцӀыхум щхьэкӀэ, ягу ирагъэлъын яхузэфӀэкӀыркъым, ауэ фэ ар фоцӀыху, ар фи гъусэщи икӀи фи гум сыт щыгъуи илъщи. 18Пэжщ, ибэу фыкъэзгъэнэнукъым; фи деж сыкъэкӀуэжынущ. 19ТӀэкӀу дэкӀмэ, дунейм и цӀыхухэм салъагъужынукъым, ауэ фэ сыфлъагъунущ, сэ сопсэу, фэри фыпсэунущи. 20Адэр си псэм зэрыщыщри, фэри си псэм фызэрыщыщри, сэри фи псэм сызэрыщыщри а махуэм къэфщӀэнущ. 21Си унафэхэм едаӀуэу, ахэр зыгъэзащӀэхэращ сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъур. Сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъур си Адэми фӀыуэ къилъагъунущ. Сэри ар фӀыуэ слъагъунущ икӀи сызыхуэдэр езгъэлъагъунущ.
22Иудэ (Иудэ Искариот зи цӀэр аркъым) Хьисэ къеупщӀащ:
– Зиусхьэн, дунейм и цӀыхухэм уэ зыумыгъэлъагъуу, дэ зыкъэдбгъэлъагъуну жыбоӀэ, ар дауэ зэрыхъунур?
23– Сэ фӀыуэ сыкъэзылъагъум си псалъэхэр игъэзэщӀэнущ, – жриӀащ абы Хьисэ. – Си Адэми ар фӀыуэ къилъагъунущ, а цӀыхум деж дыкъэкӀуэнурэ, абы и псэм щыщ дыхъунущ. 24ФӀыуэ сыкъэзымылъагъум си псалъэхэр игъэзащӀэркъым. Сэ жысӀэу зэхэфх псалъэхэр си псалъэкъым. Адэ лъапӀэу сыкъэзыгъэкӀуам и псалъэщ.
25– Сэ сывигъусэху, мы псалъэхэр нывжесӀэ зэпытащ. 26Ауэ фэ фи гукъеяуэр Фщхьэщызыхыжыр – ар Тхьэм и Псэ ЛъапӀэрщ, – Адэ лъапӀэм си цӀэкӀэ къыфхуригъэхынущ. Абы псори фигъэщӀэнущ икӀи сэ нывжесӀа псори фигу къигъэкӀыжынущ. 27Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот: Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкӀынукъым. Фымыгузавэ икӀи фымышынэ.
28– «СыфхэкӀыжми, фи деж сыкъэкӀуэжынущ» жысӀэу зэрывжесӀар зэхэфхащ. Сэ фӀыуэ сыкъэфлъагъуу щытатэмэ, «Адэ лъапӀэм деж сыкӀуэжынущ» зэрыжысӀам щхьэкӀэ фыгуфӀэнт, Адэ лъапӀэр сэр нэхърэ нэхъыщхьэщи. 29Мы Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ вжесӀащ, къыщыхъукӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун щхьэкӀэ. 30Куэдрэ сынывэпсэлъэжынукъым, мы дунейм и тепщэр#14:30 мы дунейм и тепщэр – шейтӀаныращ. къокӀуэри. Абы и Ӏуэху сэ къысхэлъкъым. 31Ауэ Адэ лъапӀэр фӀыуэ зэрыслъагъури, унафэу къысхуищӀахэр зэрызгъэзэщӀари дунейм и цӀыхухэм ящӀэн хуейщ. Фыкъэтэджи, мыбдежым дыӀувгъэкӀыж.

Currently Selected:

Иуан 14: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

YouVersion uses cookies to personalize your experience. By using our website, you accept our use of cookies as described in our Privacy Policy