YouVersion Logo
Search Icon

Иуан 12

12
12-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мэрием Хьисэ и лъакъуэхэм дагъэ лъапӀэ къазэрыщыщихуар
(Маттэ 26:6-13; Марк 14:3-9)
1ӀутӀыж махуэшхуэр#12:1 ӀутӀыж махуэшхуэр – еплъ Маттэ 26:2. къэсыным махуих иӀэжу, Хьисэ Вифание жылэм къэкӀуащ. Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжа Лазар абы щыпсэурт. 2Хьисэ пщыхьэщхьэшхэ къыхуагъэхьэзыращ, Марфэ бысымгуащэу къащхьэщытт. Хьисэ и гъусэу Ӏэнэм пэрысхэм Лазар яхэст. 3Нард зи цӀэ къэкӀыгъэм и дагъэ къабзэу икӀи лъапӀэу, мэ гуакӀуэ къызыпихым щыщ зы барщыбэ къищтэщ, Хьисэ и лъакъуэхэм щихуэри, и щхьэцымкӀэ илъэщӀыжащ Марфэ. Дагъэм и мэ гуакӀуэр унэм щӀэз хъуащ.
4Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ Иудэ Симон Искариот, Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынум, жиӀащ:
5Мы дагъэ лъапӀэр динар#12:5 динар – еплъ 6:7. щищкӀэ тщэуэ, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм щӀедмытар сыт?
6Иудэ ар щӀыжиӀар тхьэмыщкӀэхэм гущӀэгъу яхуищӀу артэкъым, атӀэ езыр дыгъуакӀуэти, арт. Абы ахъщащхьэр иӀыгъти, абы иралъхьа ахъшэм хэдыгъухьырт.
7А цӀыхубзым и ужь икӀ, – жиӀащ Хьисэ. – Сэ сыщыщӀалъхьэжыну махуэм щхьэкӀэ мы дагъэр схуихъумащ абы. 8ТхьэмыщкӀэхэр дапщэщи къыфхэтынущ, ауэ сэ игъащӀэкӀэ сыфхэтынукъым.
9Хьисэ абы зэрыщыӀэр журтхэм ящыщ цӀыху куэдым зэхахати, къэкӀуащ, ауэ къыщӀэкӀуар Хьисэ и закъуэ къудейтэкъым, Хьисэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжа Лазари зрагъэлъагъуну хуейт. 10Арати, дин пашэшхуэхэм Лазари яукӀыну мурад ящӀащ, 11сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ пашэхэм журт Ӏэджэ ябгъэдэкӀри, ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуат Лазар и фӀыгъэкӀэ.
ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Хьисэ Ерусалим зэрыдыхьар
(Маттэ 21:1-11; Марк 11:1-11; Лука 19:28-40)
12Махуэшхуэм щхьэкӀэ къекӀуэлӀа цӀыху куэдым Хьисэ Ерусалим къызэрыкӀуэр зэхахащ етӀуанэ махуэм. 13Щызэхахым, пальмэ жыгым и къудамэхэр къащтэри, Хьисэ пежьэну дэкӀащ, макъ лъагэкӀэ мыр жаӀэурэ:
«Хьусаннэ#12:13 Хьусаннэ – щӀыхь псалъэщ.! Зиусхьэным и цӀэкӀэ
къакӀуэ Израил пащтыхьым
щӀыхьышхуэр ейщ!»
14Хьисэ зы шыд шыщӀэ къигъуэтри, шэсащ итӀанэ, Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу:#12:14-15 Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 40:9; Зэчрей бегъымбарым и тхылъым 9:9.
15«Умышынэ, Сион къалэ.
Мис, уи пащтыхьыр шыд шыщӀэм
тесу къокӀуэ».
16Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а къэхъуа-къэщӀам къикӀыр къагурыӀуакъым, ауэ щӀыхьышхуэ иӀэ хъуауэ, Хьисэ уафэм дэкӀуеижа нэужь, Тхьэм и псалъэ тхахэм а псалъэхэр Хьисэ теухуауэ зэрыхэтри, а псалъэхэм тету цӀыхухэм Хьисэ зэрыдекӀуэкӀари ягу къэкӀыжащ.
17Хьисэ и гъуса цӀыху куэдым адрейхэм зэпымыууэ хуаӀуэтэу щытащ Хьисэ Лазар еджэу, кхъэлэгъунэм къыщӀигъэкӀыжу, лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжар. 18А нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэр къызэригъэлъэгъуар цӀыху куэдым зэхахати, Хьисэ пежьэну дэкӀащ. 19Ар щалъагъум, фарисейхэм жаӀащ:
– Абы зыри ефщӀэну зэрыфлъэмыкӀыр фолъагъу. Дунейм и цӀыху псори абы и ужь йоувэ.
Хьисэ езыр зэраукӀынур къызэрыжиӀар
20Махуэшхуэм щыгъуэ Тхьэм елъэӀуну къэкӀуахэм алыдж гуэрхэр яхэтт. 21Ахэр Галилей хэкум ит Вифсайдэ къалэм#12:21 Вифсайдэ къалэр – еплъ Лука 9:10. щыщ Филипп и деж кӀуэри, елъэӀуащ:
– Зи щӀыхь ин, Хьисэ тлъагъуну дыхуейщ.
22Филипп кӀуэри, Индрисым жриӀащ. ИтӀанэ Филиппрэ Индрисрэ кӀуэри, Хьисэ жраӀащ.
23– ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм щалъагъуну сыхьэтыр къэсащ, – яжриӀащ Хьисэ. 24– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, гуэдз хьэдзэр щӀым хэхуэурэ мылӀэмэ, зэрыхьэдзэу къонэж, ауэ щӀым хэхуэурэ лӀэмэ, щӀым къыхэбэгъукӀынущ. 25Зи псэр фӀыуэ зылъагъум и псэр фӀэкӀуэдынущ, ауэ зи псэр мы дунейм щызылъагъу мыхъум ар игъащӀэкӀэ щыӀэну къригъэлынущ. 26Сэ къысхуэлажьэр си ужь кърыреувэ. Къысхуэлажьэр сэ сыздэщыӀэми щыӀэнущ. Къысхуэлажьэм Адэ лъапӀэм щӀыхь хуищӀынущ.
27– Иджы согузавэ. Сыт къыжысӀэнур? Си Адэ, мы гугъуехьым сыхэхыж жысӀэн? Хьэуэ, мы гугъуехьыр сшэчын щхьэкӀэщ дунейм сыкъыщӀэкӀуар. 28Си Адэ, уи цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу.
Хьисэ ар щыжиӀэм, уафэм макъ къиӀукӀащ:
– Си цӀэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм езгъэлъэгъуащ, дяпэкӀи езгъэлъагъунущ.
29Ар щызэхахым, абдеж цӀыху куэдым жаӀащ:
– Уафэр къэгъуэгъуащ.
– МелыӀыч гуэр абы къепсэлъащ, – жаӀащ нэгъуэщӀхэми.
30– А макъыр сэракъым, фэращ къыщӀэхуэӀуар, – жиӀащ Хьисэ. 31– Иджы мы дунейм и цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынущ Тхьэм. Мы дунейм и тепщэр#12:31 мы дунейм и тепщэр – шейтӀаныр аращ. тридзынущ абы иджы. 32Ауэ цӀыхухэм сэ сыкъыщаӀэткӀэ,#12:32 сыкъыщаӀэткӀэ – еплъ 3:14. цӀыху псори си деж къесшэлӀэнущ.
33Езыр зэрылӀэну щӀыкӀэр абыхэм ягуригъэӀуэн щхьэкӀэщ Хьисэ а псалъэхэр щӀыжиӀар.
34– Мэссихь игъащӀэкӀэ зэрыщыӀэнур Торэт хабзэм дигъэщӀащ, – къыжраӀащ цӀыхухэм. – ЦӀыхухэм ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр#12:34 ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр – еплъ Маттэ 8:20. къызэраӀэтынур жыбоӀэ, ар дауэ зэрыхъунур? ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэу жыхуэпӀэр хэт?
35– Нэхур зы тэлайкӀэ къыфхэтынущ иджыри, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – КӀыфӀыгъэм фыхимыубыдэу нэхур фыхэтыху, фызекӀуэ. КӀыфӀыгъэм хэту зекӀуэм здэкӀуэр ищӀэркъым. 36Нэхум и бын фыхъун щхьэкӀэ, нэхум фщӀыгъуху, нэхумкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ.
А псалъэхэр жиӀа нэужь, абыхэм яхэкӀыжри, Хьисэ ямылъагъуж хъуащ.
Журтхэм я фӀэщмыхъуныгъэр
37Абыхэм я пащхьэм апхуэдиз нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр Хьисэ къыщигъэлъэгъуа пэтми, итӀани абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуакъым. 38ЩӀэмыхъуар Ешайа бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр#12:38 Ешайа бегъымбарым жиӀа … мы псалъэхэр – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 53:1., пэж хъун щхьэкӀэщ:
«Зиусхьэн, цӀыхухэм хъыбару едгъэщӀар
хэт зи фӀэщ хъуар?
Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэр
хэт нахуэ зыхуэхъуар?»
39– А псалъэхэр пэжщ. А цӀыхухэм фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъун ялъэкӀакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ешайа бегъымбарым и тхылъым иту нэгъуэщӀ щӀыпӀэм деж къызэрыщыжиӀам хуэдэу:#12:39-40 Ешайа бегъымбарым … къызэрыщыжиӀам хуэдэу – еплъ Ешайа бегъымбарым и тхылъым 6:10.
40«Тхьэм абыхэм анэхэр нэф ищӀащ,
ягухэри ерыщ иригъэкӀуащ.
Аращи, я нэхэмкӀэ ялъагъуркъым,
ягухэмкӀи зэхащӀыкӀыркъым,
Тхьэм игъэхъужын щхьэкӀи
абы деж къагъэзэжыркъым».
41Хьисэ иӀэ хъуну щӀыхьышхуэр зэрилъэгъуам щхьэкӀэ, Ешайа бегъымбарым а псалъэхэр жиӀащ. Зи гугъу ищӀар Хьисэщ.
42Апхуэдэу щыт пэтми, журт пашэхэми ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ, ауэ цӀыхухэм я пащхьэм ар щыжаӀэртэкъым, «Синэгуэгум дыкъыщӀахунущ», жаӀэри, фарисейхэм ящышынэрти. 43Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и щытхъум нэхърэ цӀыхухэм я щытхъур нэхъ я гуапэти.
44Хьисэ макъ лъагэкӀэ жиӀащ итӀанэ:
– СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъум фӀэщхъуныгъэ зыхуиӀэр си закъуэкъым, атӀэ сэ сыкъэзыгъэкӀуамкӀи фӀэщхъуныгъэ иӀэ мэхъу. 45Сэ сызылъагъум сэ сыкъэзыгъэкӀуари елъагъу. 46СэркӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр кӀыфӀыгъэм къыхэмынэн щхьэкӀэ, дунейм нэхуу сыкъэкӀуащ.
47– Си псалъэхэр зэхэзыхыу емыдаӀуэр сэ згъэкъуэншэнукъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дунейм и цӀыхухэр згъэкъуэншэн щхьэкӀэкъым сыкъыщӀэкӀуар, атӀэ ахэр мыкӀуэду къезгъэлын папщӀэщ. 48Сэ нэмыплъ къызэзыту, си псалъэхэри зымыдэм езыр зыгъэкъуэншэн гуэр бгъэдэлъщ. Псалъэу къыжысӀаращ къемэтмахуэм а цӀыхур зыгъэкъуэншэнур. 49Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэр-сэру си псалъэхэр къыжысӀакъым, атӀэ Адэ лъапӀэу сыкъэзыгъэкӀуам жысӀэнумкӀэ унафэ къысхуищӀащ. 50Абы и унафэм цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ яӀэ зэригъэхъур сощӀэ. Аращи, сэ къыжысӀэ псори Адэ лъапӀэм къызэрыжиӀам тету къыжызоӀэж.

Currently Selected:

Иуан 12: KbdNTGP2017

Highlight

Share

Copy

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in

YouVersion uses cookies to personalize your experience. By using our website, you accept our use of cookies as described in our Privacy Policy