YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 36

36
Эсау къытехъукӀахэр
1Мис Эсау, Эдоми ар дыдэрщ, къытехъукӀахэр.
2Эсау къишащ фызу Ханаан ипхъухэм ящыщу: Адэ, хет цӀыхухэм ящыщу Елонэ ипхъу, хъыу цӀыхухэм ящыщу Цыбеон и къуэ Анэ ипхъу Охьоливамэ. 3Апхуэдэу Исмэхьил ипхъу Басемати, Нэбаиот и шыпхъур.
4Адэ Эсау къыхуилъхуащ Елифаз; Басемат къилъхуащ Рэуел. 5Охьолибамэ къилъхуащ Еущ, Ялам, Къорахь сымэ.
Ахэр Эсау и къуэхэщ, Ханаан щӀыналъэм къыщыхуалъхуауэ.
6Къищтащ Эсау езым и фызхэри и къуэхэри, ипхъухэри, и унэм ис цӀыху псори, и хъушэхэри, и Ӏэщ псори, Ханаан щӀыналъэм къыщилэжьа и мылъкуу хъуари, икӀи кӀуащ нэгъуэщӀ щӀыналъэ, езым и къуэш Екъуб и пащхьэ икӀри. 7Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм я мылъкухэр апхуэдизкӀэ куэд хъурти, зэгъусэу псэужыфыртэкъым ахэр, здызекӀуэ щӀыналъэми ихуэжыртэкъым, я Ӏэхъушэхэм я куэдагъым къыхэкӀыу.
8Апхуэдэу щытӀысащ Эсау Сеир бгыщхьэм деж. Эсау, Эдомри арщ.
9Мыхэращ къытехъукӀар бгыщхьэ Сеир щыпсэу Эдом цӀыхухэм я адэ Эсау:
10Мис Эсау и къуэхэм я цӀэхэр:
Елифазэ, Эсау и фыз Адэ и къуэр, Рэуел, Эсау и фыз Басемат и къуэр.
11Елифаз иӀэт къуэхэр: Тэман, Омар, Цэфэу, Гъатам,
Къэназ сымэ.
12ТымнаӀ Эсау и къуэ Елифаз и унэӀут бзылъхугъэт; абы Елифаз къыхуилъхуащ Амалек. Ахэрщ Эсау и фыз Адэ и къуэхэм къатехъукӀахэрщ.
13Мис Рэуел и къуэхэри: Нахьат, Зэрахь, Шам, Миззэ. Ахэр Эсау и фыз Басемат и къуэхэм къатехъукӀарщ.
14Цыбеон и къуэ Анэ ипхъу Охьолибамэ, Эсау и фызым, и къуэхэщ мыхэр: абы Эсау къыхуилъхуащ Еуш, Ялам, Корахь сымэ.
15Мис Эсау и къуэхэм къатехъукӀахэм я нэхъыжьхэр. Эсау и щыпэлъху Елифаз и къуэхэр: нэхъыжь Тэман, нэхъыжь Омар, нэхъыжь Цэфэу, нэхъыжь Кэназ, 16нэхъыжь Корахь, нэхъыжь Гъатам, нэхъыжь Амалек. Ахэрщ Елифаз и нэхъыжьхэу Эдом и щӀыналъэм щыӀахэр; ахэр Адэ и къуэхэм къатехъукӀащ.
17Мыхэр Эсау и къуэ Рэуел и къуэхэм къатехъукӀащ: нэхъыжь Нахьат, нэхъыжь Зэрахь, нэхъыжь Шам, нэхъыжь Миззэ. Ахэр Рэуел и нэхъыжьхэу Эдом и щӀыналъэм щыӀахэрщ; ахэр Эсау и фыз Басемат и къуэхэм къатехъукӀащ.
18Мыхэр Эсау и фыз Охьолибамэ и къуэхэщ: нэхъыжь Еуш, нэхъыжь Ялам, нэхъыжь Корахь. Ахэр Анэ ипхъу Охьолибамэ, Эсау и фызым, къилъхуа нэхъыжьхэщ.
19Мис ахэрщ Эсау, Эдом аращ, и къуэхэм къатехъукӀар, икӀи ахэрщ я нэхъыжьхэр.
Сеир къытехъукӀахэр
20Мыхэр Хор лъэпкъым щыщ Сеир и къуэхэу а щӀыналъэм щыпсэуахэрщ: Лотан, Шэуал, Цыбеон, Анэ, 21Дищэн, Ецэр, Дищэн сымэ. Ахэр Сеир и къуэхэу Хор цӀыхухэм я нэхъыжьхэщ, Эдом и щӀыналъэм щыпсэуахэрщ.
22Лотан и къуэхэщ: Хьорыйрэ Хьэмамрэ; Лотан и шыпхъур Тимнэщ.
23Мыхэр Шэуалэ и къуэхэщ: Алуан, Манахьат, Эбал, Шэфэу, Онам сымэ.
24Мыхэр Цыбеон и къуэхэщ: Айэрэ Анэрэ. Анэр езым и адэ Цыбеон и шыдхэр щигъэхъум щыгъуэ губгъуэ нэщӀым псы хуабэ къыщызыгъуэтарщ.
25Мыхэр Анэ и бынхэщ: Дишонрэ Анэ ипхъу Охьолибамэрэ.
26Мыхэр Дишон и къуэхэщ: Хьэмдан, Ещбан, Итран, Къэран сымэ.
27Мыхэр Эцер и къуэхэщ: Билхьан, ЗаӀауан, Акъан сымэ.
28Мыхэр Дишан и къуэхэщ: Уц, Аран.
29Мыхэр хор цӀыхухэм я нэхъыжьхэщ: нэхъыжь Лотан, нэхъыжь Шэуал, нэхъыжь Цыбеон, нэхъыжь Анэ, 30нэхъыжь Дишон, нэхъыжь Эцер, нэхъыжь Дишан. Мис хор цӀыхухэм я нэхъыжьхэр, Сеир щӀыналъэм нэхъыжьыгъуэр зэрыщаӀыгъам хуэдэу зэкӀэлъыкӀуэу.
Эдом цӀыхухэм я пащтыхьхэмрэ я лӀакъуэхэмрэ
31Мис израил цӀыхухэм пащтыхь яӀэн и пэкӀэ Эдом щӀыналъэм деж пащтыхьу щыщытахэр.
32Эдом пащтыхьу щыщытащ Бэла, Бэор и къуэр, абы и къалэм и цӀэуи щытащ Динхьабэ. 33Бэла лӀэри, пащтыхьыгъуэр иубыдащ абы и ужькӀэ Иобаб, Зэрахьым и къуэм, Боцрэ щыщым. 34ЛӀащ Иобаб, абы и ужькӀи пащтыхьыгъуэр иубыдащ Хушам, тэманхэм я щӀыналъэм щыщым. 35Хушам лӀэри, абы и ужькӀэ пащтыхь хъуащ мидиан цӀыхухэр Моаб хэкум деж щыхэзыгъэщӀа Хадад, Бэдад и къуэр; абы и къалэм и цӀэт Ауит. 36Хадад лӀа нэужь, пащтыхь хъуащ Самлэ, Масрэкъэ щыщыр. 37Самлэ лӀэри, бы и ужькӀэ пащтыхь хъуащ Шаул, псы Ӏуфэм Ӏут Рехьовот щыщыр. 38Шаул лӀа нэужь, пащтыхь хъуащ БаӀал-Хъанан, Эхбэр и къуэр. 39БаӀал-Хъанан, Эхбэр и къуэр, лӀэри абы и ужькӀэ пащтыхь хъуащ Хадар: абы и къалэм и цӀэщ Пау; абы и фызым и цӀэщ Мэхьэтабэл, Мезахьаб и къуэ Матрэд ипхъущ.
40Мыхэр Эсау и нэхъыжьхэм я цӀэхэрщ, я лъэпкъхэмкӀэ, я щӀыпӀэхэмкӀэ, я цӀэхэмкӀэ: нэхъыжь Тымнэ, нэхъыжь Алуа, нэхъыжь Етэт, 41нэхъыжь Охьолибамэ, нэхъыжь Елэ, нэхъыжь Пинон, 42нэхъыжь Къэназ, нэхъыжь Тэман, нэхъыжь Мыбцар, 43нэхъыжь Магдиел, нэхъыжь Ирам. Ахэрщ Эдом нэхъыжьхэр, я псэупӀэхэмкӀэ, езыхэм я щӀыналъэм деж. Аращ Эсау Эдом цӀыхухэм я адэр.

Currently Selected:

1 Мусэ 36: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in