YouVersion Logo
Search Icon

1 Мусэ 18

18
Тхьэр Ибрэхьим деж зэреблэгъар
1Къыщыхуэлъэгъуащ абы Зиусхьэныр жыгеилъэ Мамре деж, махуэм и хуабэгъуэу ар шэтыр щӀыхьэпӀэм Ӏусу. 2Ибрэхьим и напӀэр дрихьейрэ плъэмэ, лӀищ къитщ и пащхьэм. Къыщилъагъум, ар шэтыр щӀыхьэпӀэм ӀукӀри, абыхэм япежэжьащ, щӀыгум нэсуи щхьэщэ яхуищӀащ.
3– Зиусхьэн! – жиӀащ абы. – Уэ нэфӀкӀэ укъызэплъмэ, ублэмыкӀ Уи унэӀутым. 4Къахьынщ псы тӀэкӀуи, фтхьэщӀ фи лъакъуэхэр; зыщывгъэпсэху итӀанэ мы жыг щӀагъым. 5Сэри къэсхьынщ щӀакхъуи, къыщӀевгъэубыдэнщ фигухэр; итӀанэ фыкӀуэ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фызыблэкӀыр фи унэӀутырщ.
– ЩӀэ уэ зэрыжыпӀэм хуэдэу, – жаӀащ абыхэм
6Ибрэхьим Сарэ деж шэтырым пӀащӀэу щӀыхьэри жриӀащ:
– ПсынщӀэу хьэжыгъэ нэхъыфӀ дыдэм щыщу сатищ#18:6 сатищ – килограмм 20-м хуэдиз мэхъу пщыи, гъажьэ щӀакхъуэ мышыу.
7ИтӀанэ жащ Ибрэхьим хъушэмкӀэ, къыхихущ танэ дэгъуи, иритащ унэӀутым, модрейми ар епӀэщӀэкӀыу игъэхьэзыращ. 8Тхъуи, шэи, танэл гъэвари ихьри, иригъэуващ я пащхьэм; езыри уващ жыг щӀагъым деж абыхэм я гъунэгъуу. Модрейхэр шхэрт.
Тхьэм Ибрэхьимрэ Сарэрэ къуэкӀэ къызэригъэгугъар
9– Дэнэ щыӀэ Сарэ, уи фызыр? – къыжраӀащ абыхэм.
– Мыбдежым, шэтырым щӀэсщ, – итащ абы жэуап.
10– Илъэс къакӀуэ Сэ аргуэру мыбдеж мыпхуэдэ зэман дыдэм сыкъэкӀуэнущ, абы щыгъуэ иӀэнущ къуэ Сарэ, уи фызым, – жиӀащ абыхэм ящыщ зым.
Сарэ къэдаӀуэрт, абы и щӀыбагъым къыдэту, шэтыр щӀыхьэпӀэм деж щыту. 11Ауэ Ибрэхьимрэ Сарэрэ жьы хъуат, я ныбжькӀэ хэтӀэсат; фызхэм яӀэн хуейуэ къадекӀуэкӀри Сарэ иӀэжтэкъым. 12Сарэ игукӀэ дыхьэшхащ, мыр жиӀэри: «Сэ, жьы сыхъуауэ, дауэ сиӀэн апхуэдэ гуфӀэгъуэ? Си зиусхьэнри жьы хъуащ».
13ЖриӀащ Зиусхьэным Ибрэхьим:
– Сыт Сарэ щӀэдыхьэшхар, «Пэж дыдэу, сылъхуэну пӀэрэ сэ, мыпхуэдэу жьы сыхъуауэ» жиӀэу? 14ЩыӀэ Зиусхьэным хузэфӀэмыкӀын? Зэман хэхам деж Сэ сыщыӀэнущ уи деж илъэс къакӀуэ, Сари къуэ иӀэнущ.
15Ауэ Сарэ зиумымысыжакъым, жиӀащ:
– Сэ сыдыхьэшхакъым.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар къэшынэжат.
– Хьэуэ, уэ удыхьэшхащ, – жиӀащ адрейм.
Содом щхьэкӀэ Ибрэхьим Тхьэм зэрелъэӀуар
16Къэтэджыжащ а лӀыхэр абдежым, икӀи ежьащ, икӀи Содом и лъэныкъуэкӀэ аузым дэплъащ; Ибрэхьим ядэкӀуэтащ абыхэм, ахэр иригъэжьэжыну. 17ЖиӀащ абы щыгъуэ Зиусхьэным:
– ЩызбзыщӀыну пӀэрэ Сэ Ибрэхьим сщӀэну сызыхуейр? 18Ибрэхьим пэж дыдэу къытехъукӀынущ лъэпкъ ин дыдэ икӀи лъэщ, абы и хьэтыркӀи си нэфӀ ящыхуэнущ щӀылъэм тет цӀыху лъэпкъ псоми. 19Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Сэ къыхэсхащ Ибрэхьим, езым и къуэхэми, езым и ужькӀэ къэнэну и унагъуэми, щыпкъагъэрэ захуагъэрэ ялэжьу сэ Зиусхьэным си гъуэгум ирикӀуэну унафэ яхуищӀын папщӀэ. Сэ, Зиусхьэным, Ибрэхьим зэрызгъэгугъа псори згъэпэжынущ.
20ИтӀани жиӀащ Зиусхьэным:
– Содомрэ Ӏаморэрэ зыгъэкъуаншэ тхьэусыхэ макъыр ин дыдэщ, абыхэм я гуэныхьри икъукӀэ хьэлъэщ. 21Сехыныурэ сеплъынущ абыхэм ялэжьхэр абыхэм ехьэлӀауэ Сэ къысхудэкӀуей тхьэусыхэ макъым хуэдэрэ хуэмыдэрэ; ар къэсщӀэнущ.
22ЛӀыхэр абдежым къыӀукӀыжри, Содом лъэныкъуэмкӀэ кӀуащ; ауэ Ибрэхьим иджыри итт Зиусхьэным и пащхьэм. 23Ибрэхьим Абы бгъэдыхьэри, жиӀащ:
– Щыпкъагъэ зимыӀэм и гъусэу щыпкъагъэ зиӀэри бгъэкӀуэдыну пӀэрэ? 24ДэсынкӀэ хъунукъэ а къалэм щыпкъагъэ зиӀэ цӀыху щэ ныкъуэ? АтӀэ Уэ бгъэкӀуэдыну пӀэрэ ар итӀани, хуэбгъэгъунукъэ а щӀыпӀэм щыпкъагъэ зиӀэу абы дэс цӀыху щэ ныкъуэм я хьэтыркӀэ? 25Дауэ хъун Уэ ар пщӀэну, щыпкъагъэ зиӀэри зимыӀэри зэдэбгъэкӀуэдыну, щыпкъагъэ зимыӀэм къыщыщӀыр щыпкъагъэ зиӀэм къехъулӀэу; дауэ хъун Уэ ар къыббгъэдэкӀыу! ЩӀылъэ псом и хеящӀэм дауэ лей зэрихьэн?
26– Содом къалэм щыпкъагъэ зиӀэ цӀыху щэ ныкъуэ щызгъуэтмэ, Сэ абыхэм я хьэтыркӀэ а щӀыпӀэм зэрыщыту яхуэзгъэгъунщ, – жиӀащ Зиусхьэным.
27Ибрэхьим жиӀащ абы и жэуапу:
– Мис, сэ сытегушхуащ Зиусхьэным сепсэлъэну, сэ, сабэм икӀи сахуэм, – жиӀащ Ибрэхьим абы и жэуапу, 28– хъункӀэ хъунущ цӀыху щыпкъагъэ зиӀэхэм я бжыгъэр щэ ныкъуэм нэсыным тху хущыщӀэу, атӀэ а тхур зэрыримыкъум къыхэкӀыу Уэ бгъэкӀуэдыну пӀэрэ къалэ псор?
– ЗгъэкӀуэдынкъым, абдежым плӀыщӀрэ тхурэ къыщызгъуэтмэ, – жиӀащ Зиусхьэным.
29Ибрэхьим пищэрт адэкӀэ Абы епсэлъэным, икӀи жиӀащ:
– Абдежым плӀыщӀ къыщыбгъуэтынкӀэ хъунукъэ?
– Ар сщӀэнкъым плӀыщӀым я хьэтыркӀэ, – жиӀащ Зиусхьэным.
30– Къремыгубжь Зиусхьэныр сэ жысӀэнум папщӀэ: Абдежым щэщӀ щыбгъуэтынкӀэ хъунукъэ? – жиӀащ адэкӀэ Ибрэхьим.
Зиусхьэным жиӀащ:
– СщӀэнкъым, абдежым щыпкъагъэ зиӀэ цӀыху щэщӀ щызгъуэтмэ.
31– Мис, сэ таучэл сщӀащ Зиусхьэным жесӀэну: абдежым тӀощӀ щыбгъуэтынкӀэ хъунукъэ? – жиӀащ Ибрэхьим.
– ЗгъэкӀуэдынкъым тӀощӀым я хьэтыркӀэ, – жиӀащ Зиусхьэным.
32Ибрэхьим жиӀащ:
– Къремыгубжь Зиусхьэныр иджыри зэ жысӀэжынум папщӀэ: абдежым щыбгъуэтынкӀэ хъунукъэ пщӀы?
– ЗгъэкӀуэдынкъым пщӀым я хьэтыркӀэ, – жиӀащ Зиусхьэным.
33Арати, ӀукӀыжащ Зиусхьэныр, Ибрэхьим къепсэлъэныр щигъэтри; Ибрэхьим къигъэзэжащ езым и щӀыпӀэм.

Currently Selected:

1 Мусэ 18: KbdNTGP2017

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in