YouVersion Logo
Search Icon

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6

6
6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Зым и хьэлъэ адрейм дреӀэт
1Ди къуэшхэ, цӀыху гуэрым гуэныхь ищӀэмэ, фэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр зи гум илъхэм, гущабагъэкӀэ ар гъуэгу захуэм тевгъэхьэж. Гуэныхь щӀэным зэрызыдевмыгъэхьэхыным фыхуэсакъ. 2Зым и хьэлъэр адрейм дреӀэт. Апхуэдэу хъумэ, Мэссихь и унафэр вгъэзэщӀауэ арщ. 3Зыгуэрым, цӀыкӀу пэтрэ, ину зилъытэжмэ, езым и щхьэрщ къигъэпцӀэжыр. 4Езым и Ӏуэхур зыхуэдэр хэти ирегъэунэхуж. А Ӏуэхур фӀымэ, нэгъуэщӀ цӀыхум и Ӏуэхум емыплъу, езым и Ӏуэхур зытетым ирипэгэн лъэкӀынущ, 5хэти и хьэлъэр езым и пщэм дэлъщи.
6Тхьэм и псалъэхэр зэзыгъащӀэр фӀыуэ иӀэ псоми щыщкӀэ езыгъащӀэм дрегуашэ.
7ЗыкъэвмыгъэпцӀэж. Тхьэм фэ зыкъывигъэгъэпцӀэнукъым. ЦӀыхум хьэсэм трисэр къытрихыжынущ. 8И гуэныхьыщӀэ щэныжьым и хьэсэм тезысэ цӀыхум кӀуэдыныгъэр игъуэтыжынущ. Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и хьэсэм тезысэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ игъуэтынущ. 9ФӀы щӀэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демыщу. ФӀы щӀэным демыщэу дыхущӀэкъумэ, и чэзу къыщысым деж, фӀыгъуэ дгъуэтынущ. 10Аращи, Ӏэмал дгъуэтыху къэс цӀыху псоми фӀы яхуэдвгъащӀэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм я унагъуэм щыщхэр арщ псом япэу фӀы зыхуэтщӀэн хуейр.
Галатие цӀыхухэм иужьрей Ӏуэхуу Паул ягуригъаӀуэхэмрэ Тхьэм щӀыхь зэрыхуищӀымрэ
11Флъагъурэ сэ си ӀэкӀэ ныфхуэстха къомыр!
12Дунейм и цӀыхухэм я щытхъум хуейхэращ сунэт зевгъэщӀын хуейуэ фыхэзыгъэзыхьхэр. Апхуэдэу щӀащӀ закъуэр Мэссихь и жорым щхьэкӀэ езыхэм гугъуехь зрамыгъэшэчыну арщ. 13Сунэт ящӀа дыдэхэми Торэт хабзэм итхэр ягъэзащӀэркъым, ауэ сунэт фащӀыну и ужь итщ, сунэт фызэращӀамкӀэ зыщытхъужын щхьэкӀэ. 14Сэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и жорым фӀэкӀа нэгъуэщӀым сыщытхъуну сыхуейкъым. Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, мы дунейм и Ӏуэхухэм пщӀэ зыри ямыӀэжу, сэ си дежкӀэ ахэр жорым ираӀулӀам хуэдэщ, сэри мы дунейм и Ӏуэхухэм я дежкӀэ цӀыхухэм жорым ираӀулӀам сыхуэдэщ. 15Сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр щӀэрыщӀэу къалъхужауэ дыхъуныр арщ. 16Мы унафэм тет цӀыху псоми Тхьэм и израил цӀыхухэми Тхьэм гузэгъэгъуэ къарырет, гущӀэгъуи къахурещӀ.
17ИкӀэм-икӀэжым, зыми сремыгъэгузавэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ уӀэгъэ дыркъуэхэр сэ си пкъым щӀытелъыр Мэссихь сызэрыхуэлажьэр арщ.
18Ди къуэшхэ, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ фигухэм къащрехуэ. Ӏэмин.

Highlight

Copy

Compare

Share

None

Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in