ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Галатие хэкум исхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2
2
2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Адрей апостолхэм Паул къабыл зэращӀар
1ИтӀанэ, илъэс пщыкӀуплӀ дэкӀа нэужь,#2:1 илъэс пщыкӀуплӀ дэкӀа нэужь – Паул Хьисэ и гъуэгу щытехьам къыщыщӀэдзауэ аращ. Ерусалим сыкӀуащ Варнавэ#2:1 Варнавэ – еплъ 1 Кор. 9:6. си гъусэу. Тити#2:1 Тит – еплъ 2 Кор. 2:13. здэсшащ. 2Ерусалим сыкӀуэн хуейуэ Тхьэм къызгуригъэӀуати, сыкӀуащ. Хамэ лъэпкъхэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀыр унафэщӀ къуэшхэм я закъуэу я пащхьэм щысӀуэтащ, сэ злэжь икӀи злэжьа Ӏуэхур пщӀэншэ мыхъун щхьэкӀэ. 3Титу си гъусар алыдж лъэпкъым щыщ пэтми, сунэт заригъэщӀын хуейуэ абыхэм хагъэзыхьакъым. 4Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэш нэпцӀ гуэрхэу ди къуэшхэм захэзыгъэзэрыхьахэр арат зыхуеяр. Мэссихь Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, диӀэ щхьэхуитыныгъэм еплъакӀуэу, Торэт хабзэм и бжьым дыщӀагъэувэжыну и ужь итт ахэр. 5Ауэ хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр мыкӀуэду къыфхуэдгъэнэн щхьэкӀэ, а цӀыхухэм дахуикӀуэтакъым икӀи дахуэӀурыщӀакъым.
6Къуэшхэм пашэу ялъытэу щытахэр, пашэу щытахэми щымытахэми, си зэхуэдэщ; Тхьэр цӀыхухэм я фэм емыплъу, цӀыху псори и зэхуэдэу щытщ – а пашэхэм сэ цӀыхухэм езгъащӀэ хъыбарыфӀым зыри хагъэхъуакъым. 7Ауэ сунэт ящӀахэм#2:7 сунэт ящӀахэр – журтхэр арщ. хъыбарыфӀыр ялъигъэӀэсыну Тхьэм Петр и пщэм къызэрыдилъхьам хуэдэу, сунэт ямыщӀахэм#2:7 сунэт ямыщӀахэр – мыжуртхэр арщ. хъыбарыфӀыр ялъэзгъэӀэсыну Тхьэм си пщэм къызэрыдилъхьар ягурыӀуащ. 8Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Петр сунэт ящӀахэм апостолу Ӏуэху яхуищӀащ, сэри сунэт ямыщӀахэм сыапостолу Ӏуэху яхуэсщӀащ, а зы Тхьэр Петри сэри къыддэлэжьащ. 9Къуэшхэм пашэ пкъоууэ ялъытэу, Екъуб,#2:9 Екъуб – еплъ 1:19. Кифэ, Иуан#2:9 Кифэ, Иуан – КифэкӀэ зэджэр Петрщ. А тӀур Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ лӀы пщыкӀутӀым ящыщт. сымэ Тхьэм и нэфӀ къызэрысщыхуар ящӀати, ахэри, сэри, Варнавэри дызэрызэдэлажьэм и нэщэнэу ди Ӏэхэр къаубыдащ: Дэ хамэ лъэпкъхэм я деж дыкӀуэн хуеящ, ахэр сунэт ящӀахэм я деж кӀуэн хуеящ. 10«Ди тхьэмыщкӀэхэм фадэӀэпыкъуну зыщывмыгъэгъупщэ», жаӀэу, а зы закъуэрщ къызэрыдэлъэӀуар. А Ӏуэхум си фӀэщу сыхэтащ.
КифэкӀэ зэджэ Петрым Паул зэрыпэувар
11Кифэ Антиохие къалэм#2:11 Антиохие къалэр – Сирие хэкум иту щыта Антиохие къалэр аращ. Еплъ Апостол. 11:19-26. къыщыкӀуам, Ӏуэхугъуэ гуэркӀэ къуаншэ хъуати, и пащхьэм сихьэри, сыпэуващ. 12Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Екъуб деж лӀы гуэрхэр къикӀын и пэкӀэ, Петр мыжуртхэм ядэшхэу щытащ. Ауэ а лӀыхэр къыщыкӀуэм, Петр къикӀуэтыжри, и щӀыбагъыр мыжуртхэм яхуигъэзащ, сунэт ящӀахэм ящышынати. 13Адрей журтхэми Петр и фитӀнагъэ Ӏуэхум зыдрагъэшэхащ. Уеблэмэ Варнави абыхэм я фитӀнагъэм зыӀэпишащ.
14ХъыбарыфӀым и щыпкъагъэм зэрытемытыр щыслъагъум, псоми я пащхьэм Петр щыжесӀащ: «Уэ ужурт пэтми, журт хабзэхэм утемыту, хамэ лъэпкъхэм я хабзэхэм утету уопсэу. АтӀэ сыт журт хабзэкӀэ мыжуртхэр бгъэпсэуну ущӀыхэтыр?»
Адрей лъэпкъхэм яхуэдэу, Хьисэ МэссихькӀэ журтхэми фӀэщхъуныгъэ яӀэмэ, мыкӀуэду къелынущ
15Дэ журту дыкъалъхуащ. Гуэныхь зыщӀэ хамэхэм дащыщкъым. 16Ауэ дэ дыжуртми, мыр дощӀэ: ЦӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм абы щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъым, атӀэ Хьисэ МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ зэриӀэм щхьэкӀэщ щыпкъагъэ иӀэу щӀилъытэр. Аращи, дэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ хъуащ, МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуам щхьэкӀэ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дилъытэн папщӀэ. Торэт хабзэм итхэр дгъэзэщӀэным и Ӏуэху абы хэлъкъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ, цӀыху гуэрым Торэт хабзэм итхэр зэригъэзащӀэм щхьэкӀэ Тхьэм а цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытэнукъыми.
17Ауэ Мэссихь ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дызэрилъытэнум дыщыгугъыурэ, гуэныхь зытелъ цӀыхуу дыкъыщӀэкӀамэ, Мэссихь гуэныхь дигъэщӀауэ хъунутэкъэ? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым. 18Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ зэхэскъутар зэхэзгъэувэжмэ,#2:18 зэхэскъутар зэхэзгъэувэжмэ – «Торэт хабзэм итхэр бгъэзащӀэкӀэ Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ уиӀэ хъунукъым», жысӀауэ, къыжысӀэгъа псалъэхэр зэсхъуэкӀыурэ, иджы «Торэт хабзэм итхэр бгъэзащӀэмэ, Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ уиӀэ хъунущ», жысӀэмэ, Тхьэм и унафэхэм сатекӀауэ мэхъу. абы щыгъуэ Тхьэм и унафэхэм сызэрытекӀар хьэкъщ. 19Торэт хабзэм и Ӏуэху къысхэмылъыжу, Торэт хабзэм дежкӀэ цӀыху лӀа сыхъуащ – ар къызыпкърыкӀар Торэт хабзэр арщ – Тхьэм сыхуэпсэун щхьэкӀэ. Мэссихь сригъусэу жорым сраӀулӀащ. 20Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ. 21Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм сыхуэмейуэ щыткъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытатэмэ, абы щыгъуэ Мэссихь пщӀэншэу лӀауэ хъунт.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Currently Selected:
: