ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 6
6
6-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Адэ-анэхэмрэ бынхэмрэ зэрызэхущытын хуейр
1Фэ, бынхэ, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, фи адэмрэ фи анэмрэ федаӀуэ. Абы фытетмэ, фӀыщ, фызахуэщ. 2«Уи адэмрэ уи анэмрэ щӀыхь яхуэщӀ», жиӀэри аращ япэ унафэу#6:2-3 унафэр – еплъ 5 Мусэ 5:16. Тхьэм мыбыкӀэ дыкъигъэгугъэурэ: 3«ФӀыгъуэ къохъулӀэн икӀи куэдрэ мы дунейм ущыпсэун щхьэкӀэ», жиӀэурэ.
4Фэ, адэхэ, фи бынхэр фымыгъэгубжь, атӀэ Зиусхьэным зэрыфӀэигъуэм тету фпӀы икӀи вгъасэ.
УнэӀутхэмрэ тепщэхэмрэ зэрызэхущытын хуейр
5Фэ, унэӀутхэ, мы дунейм фытетыху, фи тепщэхэм фащышынэу, фигури къикӀэзызыкӀыу федаӀуэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ фызэредаӀуэм хуэдэу, абыхэми федаӀуэ. 6Абыхэм федаӀуэ жызоӀэ, ауэ «дэ абыхэм гурыхь дащыхъунщ» жыфӀэу, я нэхэмкӀэ къыщывэплъ къудейракъым фащедэӀуэнур, атӀэ Мэссихь фызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, фигурэ фи псэкӀэ сыт щыгъуи федаӀуэурэ, Тхьэр зыхуейр влэжь. 7ЦӀыхухэм фазэрыхуэлажьэм хуэмыдэу, Зиусхьэным фызэрыхуэлажьэм хуэдэу, фи тепщэхэм фи гуапэу фахуэлажьэ, 8сыт хуэдэ цӀыхуми, ар унэӀутми щхьэхуитми, фӀыгъуэ илэжьмэ, и ӀыхьэфӀыр Зиусхьэным абы къызэрылъигъэсынур фэ фощӀэ.
9Фэ, тепщэхэ, фэри фи унэӀутхэм апхуэдэу фадэгъуэгурыкӀуэ, пхъашагъэкӀэ фадэмыгъуэгурыкӀуэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъэныкъуитӀми а зы Зиусхьэныр уафэм зэрыщывиӀэр фощӀэ. Ар цӀыхухэм я фэм еплъыркъым, атӀэ цӀыху псори абыкӀэ зэхуэдэщ.
Тхьэм и Ӏэщэ-фащэхэр
10ИкӀэм-икӀэжым, Зиусхьэным и лъэкӀыныгъэшхуэкӀэ къару зивгъэӀэ. 11Тхьэм и Ӏэщэ-фащэ псомкӀи зыфгъэпс, шейтӀаным и гъэпцӀагъэ мурадхэм фапэувыжын щхьэкӀэ. 12Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дызэбэныр лымрэ лъымрэ къахэхъукӀа цӀыхухэр аркъым, атӀэ жин бзаджэ Ӏэтащхьэхэрщ, тепщэныгъэ зиӀэхэрщ, мы дуней кӀыфым и пашэшхуэ жин бзаджэхэрщ, уафэми щыӀэ жин бзаджэхэрщ. 13Аращи, Тхьэм и Ӏэщэ-фащэхэр къафщтэ, махуаер къыщыскӀэ, гъуэгум фыкъыщимыкӀуэтыжын икӀи псоми фатекӀуэу фи лъэ быдэкӀэ абы фытетын щхьэкӀэ. 14Аращи, быдэу фыщыт; щыпкъагъэр фи бгырыпхым хуэдэ зивгъэӀэ; Тхьэм дежкӀэ диӀэ щыпкъагъэри афэ джанэм хуэдэ зыщыфтӀагъэ. 15Тхьэм езым дызэрызригъэкӀужам и хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэфӀуэтэным хуэхьэзырыныр вакъэхэм хуэдэ зылъыфтӀагъэ. 16Абыхэм нэмыщӀу, фӀэщхъуныгъэр мэӀуху хуэдэ къафщтэ. ШейтӀаным и шабзэ плъахэр абыкӀэ вгъэункӀыфӀын флъэкӀынущ. 17ФымыкӀуэду Тхьэм фыкъызэрыригъэлыр тажым хуэдэ къафщтэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къывит джатэр къафщтэ. А джатэр Тхьэм и псалъэхэр арщ. 18Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэр къывдэӀэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэӀу, фызыхуэныкъуэхэмкӀи Тхьэм фелъэӀу. Фысакъыу икӀи фемышу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэ псоми зэпымыууэ фахуелъэӀу.
19Си жьэр щызэтесхкӀэ, хъыбарыфӀым и щэхур гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн псалъэхэр си гум кърилъхьэн щхьэкӀэ Тхьэм фысхуелъэӀу. 20Ӏэпхлъэпх сащӀауэ, мы хъыбарыфӀым срилӀыкӀуэщ. ХъыбарыфӀыр гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн хуейм хуэдэу къыжысӀэну, Тхьэм фысхуелъэӀу.
Иужьрей фӀэхъус псалъэхэр
21Фэ си хъыбархэри злэжь Ӏуэхухэри фщӀэн щхьэкӀэ, фӀыуэ тлъагъу къуэш Тихик#6:21 Тихик – еплъ Кол. 4:7. псори гурыӀуэгъуэ къыфщищӀынущ. Ар Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ дэӀэпыкъуэгъу пэжщ. 22Ди Ӏуэхухэр зытетыр фигъэщӀэн, фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ ар фи деж ныщӀэзгъакӀуэр.
23Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу, къуэшхэм гузэгъэгъуэрэ фӀэщхъуныгъэр зыхэлъ фӀылъагъуныгъэмрэ къалърес. 24МыкӀуэдыжын фӀылъагъуныгъэ зиӀэу, ди Зиусхьэн Хьисэ фӀыуэ зылъагъу цӀыхухэм Тхьэм и нэфӀ къащрехуэ. Ӏэмин.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Currently Selected:
: