YouVersion Logo
Search Icon

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:18-21

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Ефес къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:18-21 KBDNTGP2017

Фэ фи гур къигъэплъэжынуи Тхьэм солъэӀу. Апхуэдэу сыщӀелъэӀур Тхьэм фыкъызыхуриджа гугъэр фщӀэн щхьэкӀэщ. ИтӀани езым и цӀыху лъапӀэхэм драгъусэу щӀыхьышхуэ зиӀэ Ӏыхьэшхуэу Тхьэм къытлъигъэсри фщӀэн щхьэкӀэщ сыщӀелъэӀур. Абы нэмыщӀу сыщӀелъэӀур, дэ, фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм, ди псэм хэлъу, Тхьэм и лъэкӀыныгъэшхуэу гъунэ зимыӀэри фщӀэн щхьэкӀэщ. А лъэкӀыныгъэшхуэр зыхуэдэр Тхьэм Мэссихь лӀахэм къазэрыхигъэтэджыкӀыжу, уафэм дришеижауэ ижьырабгъумкӀэ зэрызыбгъэдигъэтӀысхьа лъэкӀыныгъэшхуэр арщ. Ӏэтащхьэхэми, тепщэныгъэ зиӀэ псоми, лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ псоми, пашэ псоми, мы дунейм и мызакъуэу, къэкӀуэну дунейми зи цӀэ къыщыраӀуэ псоми Тхьэм Мэссихь япщ ищӀащ.