2 Кор. 12:6-7
2 Кор. 12:6-7 KBDNTGP2017
Сызыщытхъужыну сыхуеятэми, зэхэщӀкӀ зимыӀэм хуэдэу сыщытынтэкъым, пэжыгъэр жысӀэнути. Ауэ зызошыӀэ, цӀыху гуэрым сэ сщӀэ Ӏуэхухэр щилъагъукӀэ, е сэ къыжысӀэ псалъэхэр щызэхихкӀэ, сызэрыщытым нэхърэ нэгъуэщӀ гуэру сыкъащымыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм къысхуигъэнэхуа Ӏуэхушхуэхэм папщӀэ зыхэзмыӀэтыкӀыщэн шъхьэкӀэ, уз гуэр, банэм хуэдэу къысхэуэу, си пкъым хэлъ хъуащ. Ар шейтӀаным и ӀуэхутхьэбзащӀэм хуэдэщ. ЗыхэзмыӀэтыкӀыщэн щхьэкӀэ, а банэм къыстохьэлъэ.





