Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5
5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Фызабэхэр, нэхъыжьхэр, унэӀутхэр
1ЛӀыжьым ухуэмыгубжь, атӀэ уи адэм еплъытэу гурыгъаӀуэ; щӀалэхэми къуэшхэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу ядэгъуэгурыкӀуэ, 2цӀыхубз нэхъыжьхэми анэхэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу ядэгъуэгурыкӀуэ, цӀыхубз ныбжьыщӀэхэми шыпхъухэм уазэрыдэгъуэгурыкӀуэм хуэдэу гукъабзагъэ псомкӀи ядэгъуэгурыкӀуэ.
3Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэхэм щӀыхь яхуэщӀ. 4Фызабэ гуэрым и бынрэ и бынхэм къащӀэхъуарэ иӀэмэ, езыхэм я унагъуэм щӀыхь хуащӀыну япэщӀыкӀэ зрагъэсэн хуейщ, я адэ анэхэм къыхуащӀари хуащӀэжын хуейщ, ар Тхьэм игъуэу елъытэри. 5Зи закъуэ дыдэу къэна фызабэр Тхьэм щогугъ, Тхьэр къыдэӀэпыкъуну жэщи махуи зэпымыууэ йолъэӀу. 6Ауэ зызэригъэтхъэжыным фӀэкӀа зыми емыгупсыс фызабэр, псэуми, лӀам хуэдэщ. 7ФӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр зыми зэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ, мы Ӏуэху псомкӀи унафэ яхуэщӀ. 8И унэкъуэщхэм, псом хуэмыдэжу и унэ щӀэсхэм, якӀэлъымыплъ цӀыхур и фӀэщхъуныгъэм епцӀыжащ. Ар фӀэщхъуныгъэ зимыӀэм нэхърэ нэхъ Ӏеижщ.
9Фызабэхэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэр иратхэн хуейр зи ныбжь илъэс хыщӀым нэсауэ, зэ фӀэкӀ дэмыкӀуауэ, 10зи фӀыщӀагъэхэмкӀэ цӀыхухэр щыхьэт зыхуэхъу фызабэрщ: псалъэм щхьэкӀэ, бын зыпӀауэ, хьэщӀэхэр зыгъэлъэпӀауэ, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм#5:10 Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэр – ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэр арщ. я лъакъуэхэр яхуэзытхьэщӀауэ,#5:10 я лъакъуэхэр яхуэзытхьэщӀауэ – а зэманым хьэщӀэ гуэр унэм къыщыщӀыхьэкӀэ, унэӀут гуэрым хьэщӀэм и лъакъуэхэр хуитхьэщӀын хуейуэ хабзэу яӀащ. гузэвэгъуэ хэтхэм ядэӀэпыкъуауэ, фӀы щӀэным хэта фызабэрщ.
11Фызабэ ныбжьыщӀэхэм я цӀэхэр а тхылъым иумытхэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ я гум хъуэпсэныгъэ къихьэмэ, я щӀыб Мэссихь къыхуагъазэу, дэкӀуэжыну яхуеинущ. 12Мэссихь ирата псалъэ быдэр#5:12 Мэссихь ирата псалъэ быдэр – Мэссихь хуэлэжьэным фӀэкӀа, нэгъуэщӀ пымылъыну псалъэ быдэу иратар арщ. зэрамыгъэзэщӀэжам щхьэкӀэ ахэр къуаншэ мэхъу. 13Абы нэмыщӀуи, Ӏуэху ямыщӀэу, унэрыхьэ-унэрыкӀыу къакӀухь я хабзэщ. Ӏуэху зэрамыщӀэм и закъуэкъым, атӀэ Ӏуэрвэрхэу, я Ӏуэху зыхэмылъым я Ӏуэху халъхьэу, жамыӀэпхъэр яӀуатэ. 14Аращи, фызабэ ныбжьыщӀэхэр дэкӀуэжыну, быни къащӀэхъуэну, я унагъуэри зэрахьэну, я жагъуэгъу шейтӀаныр абыхэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыну Ӏэмал ирамыгъэгъуэтыну сыхуейщ. 15Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ абыхэм ящыщ гуэрхэр гъуэгу захуэм текӀри, шейтӀаным и гъуэгу техьащ.
16ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхубз гуэрым и унэм фызабэхэр щӀэсмэ, ар абыхэм якӀэлъыплъын хуейщ. Члисэ зэхуэсым ахэр хьэлъэ тремыхъуэ, зи закъуэ дыдэ фызабэхэм члисэ зэхуэсыр якӀэлъыплъыфын щхьэкӀэ.
17Члисэ зэхуэсыр фӀыуэ зезыхьэ нэхъыжьхэм щӀыхь нэхъыбэ яхуэфащэщ, псом хуэмыдэжу Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм хуаӀуатэурэ езыгъащӀэхэм. 18Тхьэм и псалъэ тхахэм хэтщ: «Гуэдз щыпӀуэкӀэ, вым и жьэр зэтумыпхэ», икӀи «ЛэжьакӀуэм и лэжьапщӀэр игъуэтыпхъэщ». 19ЦӀыхуитӀ е цӀыхуищ щыхьэт темыхъумэ, члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящыщ зыгуэрым зэригъэкъуаншэр умыдэ. 20Псоми я пащхьэм гуэныхь зыщӀэхэм щагурыгъаӀуэ, адрейхэри шынэн щхьэкӀэ.
21Тхьэм, Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь, Тхьэм къыхиха мелыӀычхэм я пащхьэм быдэу унафэ щыпхузощӀ, нэкъыфӀэщӀхэм зыкъевмыгъэгъапцӀэу, зыми уримытелъхьэу мы Ӏуэху псори гъэзащӀэ.
22Зиусхьэным хуэлэжьэну цӀыху гуэр бгъэувын папщӀэ, уи Ӏэхэр и щхьэм теплъхьэным ухуемыпӀэщӀэкӀ. НэгъуэщӀхэм я гуэныхьхэм уи Ӏыхьэ яхэлъ умыщӀ. Гукъабзагъэ сыт щыгъуи зигъэӀэ.
23Уи шхалъэ узым, куэдрэ къыпхуэкӀуэ узыгъуэхэм сэбэп хуэхъун щхьэкӀэ, псы къудей уемыфэу санэ тӀэкӀуи ефэ дяпэкӀэ. 24Языныкъуэ цӀыхухэм я гуэныхьхэр нэрылъагъущ, Тхьэм хьэкум#5:24 хьэкум – «суд» жыхуаӀэрщ. ятрищӀыхьыну абы и тахътэм нэмыс щӀыкӀэ а цӀыхухэр къуаншэ мэхъу. Ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я гуэныхьхэр я ужь иту, иужькӀэщ нэрылъагъу щыхъур. 25Апхуэдэу, фӀыщӀагъэхэри нэрылъагъущ. Нэрылъагъуу щымыт фӀыщӀагъэхэри щӀэуфэ хъунукъым.
Currently Selected:
Апостол Паул Тимофей хуитха япэ тхылъ 5: KbdNTGP2017
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017