ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 5
5
5-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1Ди къуэшхэ, а Ӏуэхухэр къыщыхъун зэманми сыхьэтхэми ятеухуауэ ныфхуэттхыну лейщ, 2сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дыгъуакӀуэр цӀыхухэр пэмыплъэххауэ жэщым къызэрыкӀуэм хуэдэу, Зиусхьэныр дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм деж фымыщӀэххэу къызэрыкӀуэжынум фыщыгъуазэщ. 3«Иджы гузэгъэгъуэ диӀэщ, шынагъуэ зыри щыӀэкъым», цӀыхухэм щыжаӀэкӀэ, гугъуехьышхуэ ямыщӀэххэу къатехъуэнущ, фыз лъэщыджэм лъхугъэр къызэрытелъадэм хуэдэу. Абы фӀэкӀыпӀэ иӀэнукъым.
4Ауэ фэ, ди къуэшхэ, кӀыфӀыгъэм фыхэткъым. Аращи, а махуэр дыгъуакӀуэм хуэдэу фымыщӀэххэу къыфхуэкӀуэнукъым. 5Фэ псори нэхум фрибынщ, махуэми фрибынщ. Дэ жэщым икӀи кӀыфӀыгъэм я бынхэм дащыщкъым. 6Аращи, нэгъуэщӀ цӀыхухэм яхуэдэу дыжей хъунукъым, атӀэ дымыжейуэ дысакъын, зышыӀэныгъи тхэлъын хуейщ. 7Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ жэщырщ цӀыхур щыжейр, икӀи жэщырщ ефэхэр щефэр. 8Ауэ дэ махуэм и быну дыщытщи, зышыӀэныгъэ зидвгъэгъэӀэ. ФӀэщхъуныгъэмрэ фӀылъагъуныгъэмрэ афэ джанэм хуэдэу зыщыфтӀагъэ, икӀи Тхьэм дымыкӀуэду дыкъызэрыригъэлыным дыщыгугъыурэ дызэрыпэплъэр тажым хуэдэу дывгъэӀэт. 9Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и губжь къыттригъэхуэн щхьэкӀэкъым абы и бын дыхъуну дыщӀигъэувар, атӀэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь дымыкӀуэду дыкъригъэгъэлын щхьэкӀэщ. 10Хьисэ, и фӀагъ къыдигъэкӀын щхьэкӀэ, лӀащ, къыщыкӀуэжкӀэ, дыпсэуми дылӀами, абы дригъусэу дыпсэун папщӀэ. 11Аращи, зым адрейр ирырегъэгушхуэ икӀи зым адрейм гурэ псэкӀэ нэхъ лъэкӀыныгъэ ирырегъэгъуэт, иджы зэрыфщӀым хуэдэу.
Иужьрей Ӏуэхуу Паул ягуригъаӀуэхэр
12Ди къуэшхэ, фэ къыфхуэлажьэу, Зиусхьэным и ӀуэхухэмкӀэ тепщэныгъэ къыфхузиӀэ цӀыхуу къывгурызыгъаӀуэхэм щӀыхь яхуэфщӀыну дыныволъэӀу. 13Абыхэм ялэжь Ӏуэхум щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ яхуэфщӀ икӀи фӀыуэ флъагъу. ФызэгурыӀуэ. 14Ди къуэшхэ, дыныволъэӀу, лэжьэну зымыдэхэм зэрыщыуэр ягурывгъаӀуэ, зи гур кӀуэдахэр вгъэгушхуэ, дэӀэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэӀэпыкъу, цӀыху псоми шыӀэныгъэкӀэ фадэгъуэгурыкӀуэ. 15Зыгуэрым и бзаджагъэм бзаджагъэкӀэ премыувыж хэти. Ауэ фэ фӀы зэрызэхуэфщӀэным фыхущӀэкъу, цӀыху псоми фӀы зэрахуэфщӀэнми сыт щыгъуи и ужь фит. 16Сыт щыгъуи фыгуфӀэ. 17Тхьэм зэпымыууэ фелъэӀу. 18Сыт ищӀыс къыфщыщӀми, Тхьэм фӀыщӀэ хуэфщӀ, фэ, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, апхуэдэу фщӀэну аращ Тхьэр зыхуейри. 19Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и мафӀэр фымыгъэункӀыфӀ. 20Тхьэм цӀыхухэм ягу кърилъхьэ псалъэхэр зэрыжаӀэм нэмыплъ евмыт. 21Ӏуэху псоми я щыпкъагъэр вгъэунэху, фӀым фытет. 22Сыт хуэдэ бзаджагъэми пэӀэщӀэ зыфщӀ.
23Гузэгъэгъуэ къыдэзыт Тхьэм фи гур нэсауэ ирегъэкъэбзэж, зэрани къывэмыкӀыу фигури, фи псэри, фипкъри кърехъумэ, Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэн щхьэкӀэ. 24И бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхуезыджа Тхьэр щыпкъэщ, абы а Ӏуэхур игъэзэщӀэнущ.
25Ди къуэшхэ, Тхьэм фытхуелъэӀу. 26ГукъабзагъэкӀэ къуэш псоми ӀэплӀэ ефшэкӀыурэ, фӀэхъус схуефхыж. 27Къуэш псоми мы тхылъым факъыхуеджэну Зиусхьэным и цӀэкӀэ унафэ ныфхузощӀ.
28Ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Currently Selected:
: