YouVersion Logo
Search Icon

ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3

3
3-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
1АфӀэкӀа тхуэмыхьыжу, Афинэ къалэм#3:1 Афинэ къалэр – Ахаие хэкум и къалэшхуэу щытащ. Еплъ Апостол. 17:15–18:1. ди закъуэ дыкъыдэнэну тедубыдащ. 2-3Тимофей#3:2 Тимофей – еплъ Кол. 1:1. фи деж нэдгъэкӀуащ. Ар ди къуэшщ, Тхьэм хуолажьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэтӀуэтэн ӀуэхумкӀэ къыддоӀэпыкъу. Ар фи деж ныщӀэдгъэкӀуар мы гузэвэгъуэхэм фэ фщыщ зыри гъуэгу захуэм трамыгъэкӀын щхьэкӀэ фигухэр игъэбыдэн икӀи фи фӀэщхъуныгъэм фытетыну фигъэгушхуэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэ гузэвэгъуэхэм даӀууэн хуейуэ зэрыщытыр фэ фощӀэ. 4Фи деж дыщыщыӀам, гузэвэгъуэ дызэрыхэхуэнур нывжетӀэгъащ. Фэ зэрыфщӀэщи, апхуэдэуи хъуащ. 5Аращи, нэхъыбэ схуэмыхьыжу, фи фӀэщхъуныгъэр зыхуэдэр зэзгъэщӀэн щхьэкӀэ Тимофейр фи деж нэзгъэкӀуащ. ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэщӀэну и ужь ит шейтӀаным зыгуэркӀэ фыдихьэхыу, ди Ӏуэхур пщӀэншэ хъуакӀэ сышынат.
6Тимофейр фи деж къикӀыжри, ди деж къэкӀуэжащ#3:6 Тимофей ди деж къэкӀуэжащ – еплъ Апостол. 18:5. иджы, абы фи фӀэщхъуныгъэмрэ фи фӀылъагъуныгъэмрэ я хъыбар дахэхэр къытхуихьащ. Фи гум дэ фӀыкӀэ зэпымыууэ дыкъызэрыкӀыжри, дэ фытлъагъуну дызэрыхуейм хуэдэу, дэ дыкъэфлъагъуну фэри фызэрыхуейри абы къытхуиӀуэтэжащ. 7Ди къуэшхэ, гугъуехь псоми гузэвэгъуэ псоми дахэт пэтми, фи фӀэщхъуныгъэм и хъыбаркӀэ ди гур вгъэзэгъащ. 8Зиусхьэным и гъуэгум быдэу фызэрытетым щхьэкӀэ пэжыгъэкӀэ допсэу иджы. 9Фэр щхьэкӀэ Тхьэм и пащхьэм щыдиӀэ гуфӀэгъуэ псоми хуэфащэу, фэр щхьэкӀэ сыт хуэдэ фӀыщӀэ Тхьэм хуэтщӀын ирикъуну? 10Фытлъагъужынуи фи фӀэщхъуныгъэм и щыщӀагъэхэр иридгъэкъужынуи жэщи махуи дигурэ ди псэкӀэ Тхьэм долъэӀу.
11Езы ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэну Хьисэ Мэссихьрэ фи деж дынэкӀуэжыну гъуэгу къытхузэӀурах. 12Дэ фэ фӀыуэ фызэрытлъагъум хуэдэу, Зиусхьэным нэхъыфӀыжу зэпымыууэ фызэригъэлъагъужын, цӀыху псори зэпымыууэ фӀыуэ фигъэлъагъун ирехъу. 13Ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀыху лъапӀэ псори и гъусэу мы дунейм къыщыкӀуэжкӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, гукъабзагъэкӀэ Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фиувэн щхьэкӀэ, фи гур ирегъэбыдэ.

Video for ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 3