ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Фессалоникэ къалэм дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъ 1
1
1-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
ФӀэхъус
1Сэ сы-Паулщ. Силуанрэ#1:1 Силуан – Паул дэлажьэу и гъусэхэм ящыщу щытащ. Еплъ Апостол. 15:22–18:5. Тимофейрэ#1:1 Тимофей – еплъ Кол. 1:1. си гъусэу, фэ, Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ зейуэ, Фессалоникэ къалэм#1:1 Фессалоникэ къалэр – Македоние хэкуу Рим къэралыгъуэшхуэм щыщам и къалэшхуэу щытащ. Япэ дыдэу Паул а къалэм зэрыкӀуам и хъыбар Апостол. 17:1-9 итщ. щыӀэ члисэ зэхуэсым щыщхэм, мы тхылъыр ныфхузотх.
Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Зиусхьэн Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыфлърес.
Паул Тхьэм фӀыщӀэ зэрыхуищӀыр
2Фэ псоми щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ фӀыщӀэ худощӀ, Тхьэм дыщелъэӀукӀи, фи гугъу дощӀ. 3Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапӀэм и пащхьэм фи фӀэщхъуныгъэм ӀуэхуфӀхэр зэрывигъэщӀам и гугъу зэпымычу щыдощӀ. Фэ фи фӀылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкӀэ теубыдагъэ фиӀэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощӀ.
4Фэ, Тхьэм фӀыуэ илъагъу ди къуэшхэ, абы и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъызэрыхихар дощӀэ, 5сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хъыбарыфӀыр къызэрыфлъэдгъэӀэсар псалъэ къудейкъым, атӀэ къарукӀи Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хъыбарыфӀыр къыфлъэдгъэӀэсащ, нэгъэсауэ ар фи фӀэщ дгъэхъуащ. Дыщыфхэтым, ди фӀагъ фэдгъэкӀыу дызэрыфхущытар фощӀэ. 6Ди лъэужьми Зиусхьэным и лъэужьми фрикӀуэу щытащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гузэвэгъуэшхуэм фыхэту щыта пэтми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм фи гум кърилъхьа гуфӀэгъуэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр фщтащ. 7Македоние,#1:7 Македоние хэкур – Рим къэралыгъуэшхуэм щыщ хэкуу щытащ. А хэкур иджырей Грецием и ищхъэрэ лъэныкъуэм итащ. Ахаие#1:7 Ахаие хэкур – Рим къэралыгъуэшхуэм щыщ хэкуу щытащ. Ар иджырей Грецием и ипщэ лъэныкъуэм итащ. хэкухэм исхэу фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми щапхъэ фахуэхъуащ. 8Зиусхьэным теухуа хъыбарыфӀыр фи деж икӀыурэ здынэсар Македоние, Ахаие хэкухэм я закъуэкъым, атӀэ ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ зэрыхъуам и хъыбарыр цӀыхухэм дэнэкӀи щащӀэ хъуащ. Аращи, а Ӏуэхум теухуауэ абы нэхърэ нэхъыбэ цӀыхухэм щӀажетӀэн щыӀэкъым, 9екӀуу дызэревгъэблэгъари, гъащӀэ зиӀэ Тхьэ щыпкъэм фыхуэлэжьэн щхьэкӀэ, тхьэ нэпцӀхэм фи щӀыбагъыр зэрыхуэвгъэзари абыхэми яӀуэтэж. 10Тхьэм и Къуэуэ лӀахэм къахигъэтэджыкӀыжар уафэм къызэрехыжынум фыпоплъэ – Тхьэм и губжь къэкӀуэнум дыкъыӀэщӀэзышыжынур Хьисэщ.
Highlight
Copy
Compare
Share
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017

Currently Selected:
: