1 Кор. 4
4
4-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ
Мэссихь и апостолхэр
1Аращи, Мэссихь хуэлажьэу, Тхьэм и щэхухэр зи пщэм къыдилъхьа цӀыхуу далъытэн хуейщ. 2Ӏуэху гуэр зи пщэм дэплъхьэр узыщыгугъ хъуну цӀыхуу щытын хуейщ. 3Фэри, нэгъуэщӀ цӀыхухэми сыкъызэрыфщыхъум сэркӀэ мыхьэнэ иӀэкъым. Сэри хьэкум зытесщӀыхьыжыркъым. 4МыхъумыщӀэ лъэпкъ сигукӀэ зыдэсщӀэжыркъым сэ, ауэ абы къикӀыркъым сэ лажьэ гуэри симыӀэу; си Ӏуэхум хьэкум тезыщӀыхьыр Зиусхьэныращ. 5Аращи, игъуэ нэмысауэ, Зиусхьэнри къэмыкӀуэжауэ, Ӏуэху гуэрым хьэкум тевмыщӀыхь. КӀыфӀыгъэм щӀиуфар Зиусхьаным къигъэнэхуэнущ, цӀыхухэм я гум илъри нахуэ къищӀынущ. Тхьэм хэти хуэфащэ щӀыхьыр къритыжынущ абы щыгъуэ.
6Си къуэшхэ, фэркӀэ фӀагъ къыхэкӀын щхьэкӀэ, вжесӀар Аполлосрэ#4:6 Аполлос – еплъ 1:12. си щхьэмрэ сытепсэлъыхьурэ вжесӀащ, Тхьэм и псалъэ тхахэм фатемыкӀыну фэдгъэщӀэн щхьэкӀэ. Зы цӀыхум нэмыплъ иритурэ, нэгъуэщӀ цӀыхум ирипагэ зыри къыфхэтынукъым абы щыгъуэ. 7Адрей цӀыхухэм нэхърэ унэхъ ину хэт узылъытэр? Тхьэм къыуимытауэ сыт уиӀэр? Уэ уиӀэр къозытар Тхьэращи, сыт узыщӀыщытхъужыр, Тхьэм ар къыуимыта хуэдэ?
8Фэ зывгъэнщӀащ, бей фыхъуащ. Дэ дывимыгъусэу пащтыхь фыхъуащ. Пащтыхь фыхъугъащэрэт ипэжыпӀэкӀэ, дэри дывигъусэу пащтыхь дыхъунт итӀанэ! 9Дэ апостолхэм ди Ӏуэхум сызэреплъыр мыращ: укӀ зытралъхьа цӀыхухэм дахуэдэу, Тхьэм щӀыпӀэ икӀэ дыдэм дэ, апостолхэр, дызэрыригъэувам хуэдэщ. Дуней псори, мелыӀычхэри, цӀыхухэри ӀейкӀэ къыдэплъыну псоми я пащхьэм дызэрырагъэувам хуэдэщ. 10Мэссихь и гъуэгум дызэрырикӀуэм щхьэкӀэ акъыл зимыӀэ цӀыхухэм дахуэдэщ, ауэ фэ Мэссихь зи псэм щыщ цӀыху Ӏущхэу зыволъытэж. Дэ лъэкӀыныгъэ диӀэкъым, ауэ фэ фиӀэщ. ЦӀыхухэм фэ щӀыхь къыфхуащӀ, дэ нэмыплъ къыдат. 11Нобэр къыздэсым дымэжэщӀалӀэщ, псыи дыхуэныкъуэщ. ЗыщыттӀэгъэн щыгъыни диӀэкъым, цӀыхухэм дызэрахуэ, уни диӀэкъым. 12Ди ӀэкӀэ дылажьэурэ, гугъу зыдогъэхь дэ. ЦӀыхухэр къыщытхуэшхыдэкӀэ, «Тхьэм и нэфӀ къыфщрехуэ» яжыдоӀэж. ЦӀыхухэм гугъу дыщрагъэхькӀэ, зыхудогъэщэч. 13ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къыщыттепсэлъыхькӀи, абыхэм дахуэу дахущытщ. Дунейм и пхъэнкӀийуэ, щӀым и фӀейм хуэдэу дыкъэнащ.
14ФызгъэукӀытэн щхьэкӀэкъым мыр ныщӀэстхыр, си бын лъапӀэхэм фахуэдэу къывгурызгъэӀуэн щхьэкӀэщ. 15Мэссихь и гъуэгум теухуа Ӏуэхугъуэхэр фэзыгъэщӀэн цӀыху мин фиӀэми, адэ куэд фиӀэкъым. ХъыбарыфӀыр щыфхуэсӀуатэм, Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зэрыхъуам щхьэкӀэ адэм хуэдэ сыфхуэхъуащ. 16Аращи, сыныволъэӀу, си лъэужьым фрикӀуэ. 17Абы щхьэкӀэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу, узыщыгугъ хъун Тимофейуэ#4:17 Тимофей – Паул дэлажьэу, и гъусэхэм ящыщащ. си щӀалэ лъапӀэм хуэдэр ныфхузогъакӀуэ. Члисэ зэхуэс псоми зэрезгъащӀэм тету, Мэссихь и гъуэгу сытету сызэрызекӀуэр Тимофей фи гум къигъэкӀыжынущ.
18Фи деж сынэмыкӀуэн я гугъэу, фэ фщыщ цӀыху гуэрхэм закъыфӀощӀыж. 19Ауэ, Зиусхьэным жиӀэмэ, куэд мыщӀэу фи деж сынэкӀуэнущ. А зыкъызыфӀэщӀыжхэм я псалъэхэм я мызакъуэу, я лъэкӀыныгъэри згъэунэхунущ абы щыгъуэ, 20сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхур зэпхар псэлъэныр аркъым, атӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэр арщ. 21Сыт нэхъ фызыхуейр? Баш сӀыгъыу фи деж сынэкӀуэну ара, е фӀылъагъуныгъэрэ гущабагъэкӀэ сынэкӀуэн?
Currently Selected:
1 Кор. 4: KbdNTGP2017
Highlight
Share
Copy
Want to have your highlights saved across all your devices? Sign up or sign in
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017