YouVersion Logo
Search Icon

1 Кор. 12:8-10

1 Кор. 12:8-10 KBDNTGP2017

Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, акъылыфӀагъэ зыхэлъ псалъэхэр жиӀэну зы цӀыхум лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм тету, щӀэныгъэ зиӀэ псалъэхэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми, а зы Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀыу, фӀэщхъуныгъэ иӀэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми, а зы Псэ ЛъапӀэ дыдэм къыбгъэдэкӀыу, сымаджэхэр игъэхъужыну лъэкӀыныгъэхэр кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми Ӏуэху телъыджэхэр илэжьыну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхум и гум Тхьэм езым и псалъэхэр кърилъхьэурэ, ахэр жиӀэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Ӏуэху гуэр къыбгъэдэкӀрэ къыбгъэдэмыкӀрэ зэхищӀыкӀыну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми имыщӀэ бзэхэмкӀэ псэлъэну лъэкӀыныгъэ кърет; нэгъуэщӀ цӀыхуми а бзэхэр зэридзэкӀыну лъэкӀыныгъэ кърет.

Free Reading Plans and Devotionals related to 1 Кор. 12:8-10