Ӏиблисым Хьисэ бгы лъагэ гуэрым дришейщ, дунейм тет пащтыхьыгъуэхэр напӀэзыпӀэм къригъэлъагъури, мыпхуэдэу къыжриӀащ:
– Мы пащтыхьыгъуэхэм я тепщэныгъэри я щӀыхьри Уэ уэстынщ, сыту жыпӀэмэ ахэр псори сэ си ӀэмыщӀэм илъщ икӀи сызыхуейм изот. Аращи, лъэгуажьэмыщхьэу ууврэ щхьэщэ къысхуэпщӀмэ, а псори Уэ ууей хъунущ.
– Тхыгъэ ЛъапӀэм итщ, – жиӀащ Хьисэ, – «Уи Тхьэу Зиусхьэным и закъуэщ щхьэщэ зыхуэпщӀын икӀи бгъэлъэпӀэн хуейр».